Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и псэу зэрыщытыр ныбжьыщIэхэм зыхезыгъащIэ

Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Нот Зое илъэс куэд хъуауэ мэлажьэ зэгуэр къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу. И IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр зэрыщиIэм и щыхьэтщ «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащар.

- Си IэщIагъэр къыхэсхынымкIэ чэнджэщэгъу къысхуэхъуащ егъэджакIуэ сыхъуныр хъуэпсапIэ щэхуу зиIа си адэр. Старэ Урыху (иджы Хьэтуей) дэт курыт еджапIэр къэзухри, педагогикэ училищэм I985 гъэм сыщIэтIысхьащ. Ди IэщIагъэр фIыуэ дигъэлъэгъуащ училищэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дыщезыгъэджа Мыз Мухьэмэд. Абы и дерсхэр гъэщIэгъуэну икIи купщIафIэу къызэригъэпэщырти, удимыхьэхын пхузэфIэкIынутэкъым. Мызым къыддригъэкIуэкIа сыхьэтхэр куэдрэ гуапэу сигу къокIыж. ИужькIэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзухыжащ.

- Зое, дерсым ущыщIыхьэкIэ къалэн нэхъыщхьэу сыт зыхуэбгъэувыжыр?

- Дэтхэнэ егъэджакIуэри сабийхэм я пащхьэ къыщихьэкIэ, дауи, къалэн зыщещIыж и предметымкIэ зы щIэ гуэр а сыхьэтым къриубыдэу ябгъэдилъхьэну. Ауэ адыгэбзэмкIэ езыгъаджэм и пщэ къыдэхуэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Дэтхэнэ зы дерсри хуэунэтIауэ щытын хуейщ сабийр къэзылъхуа адэ-анэм, лъэпкъым яхуэпэжу, и бзэр фIыуэ илъагъуу, хэкупсэу къэгъэхъуным. Си предметымкIэ щIэныгъэ естым къыдэкIуэу, сэ сытым дежи сыхущIокъу анэдэлъхубзэр лъэпкъыпсэу зэрыщытыр ныбжьыщIэхэм зэрызыхезгъэщIэным. АдыгэбзэмкIэ щезгъаджэкIэ ар си къалэн нэхъыщхьэу къызолъытэ.

- Куэдым жаIэ адыгэбзэр гъащIэм зыкIи къащыхуэмысэбэпыну. Апхуэдэхэм сыт яжепIэнт?

- «Зи бзэр зымыщIэр - бзагуэщ, зи тхыдэр зымыджыр - нэфщ», - жаIэ. Анэдэлъхубзэр гъащIэм къыщымысэбэпыну къэзылъытэ цIыхур жыжьаплъэкъым. Ар ещхьщ езыр зытес къудамэр пызыупщIыжым. Апхуэдэ еплъыкIэ зиIэ цIыхухэм акъылышхуэ яIэу схужыIэнукъым. Абыхэм къагурыIуэркъым я бзэм мыхьэнэншафэ ираплъыжыху, езыхэм тхьэмыщкIафэ къазэрытеуэр. СыткIэ итIанэ апхуэдэ цIыхум узэрыщыгугъынур?

- Уэ узэреплъымкIэ, сабийм и анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхищIэу, абы пщIэ хуищIу къэгъэхъунымкIэ сыт щIэн хуейр?

- Сыт и лъэныкъуэкIи сабийм и зэфIэувэныгъэр, зыужьыныгъэр къыщежьэр унагъуэращ. И анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр абыхэм зыхезыгъэщIэн хуейр и адэ-анэрщ, адэшхуэ-анэшхуэрщ. Сабийм бзэм хуиIэ лъагъуныгъэм унагъуэм лъабжьэ щигъуэтмэ, егъэджакIуэм зригъэубгъуфынущ. Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, абы егугъур мащIэ дыдэщ. Сабийм псэлъэн зэрыщIидзэу, телевизорыр хущIэбгъанэрэ, хамэ таурыхъхэм ебгъэплъкIэ, ебгъэдаIуэкIэ сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэтынур, сыт зыхуигъэсэнур? Пэжщ, тынш къыщIэкIынщ - сабийр тоу, анэм и Iуэху ещIэж. Апхуэдэ куэд нобэ гъащIэм щыболъагъу. Языныкъуэхэми къащохъу абыкIэ урысыбзэр нэхъыфIу ящIэну. Сабийр урысыбзэкIэ уэршэрыф къудеймэ, я быныр губзыгъэ хъуауэ я гугъэжщ. Пэжщ, урысыбзэри тщIэн хуейщ, сыту жыпIэмэ абыкIэ хэша дохъу дунейпсо щIэныгъэм. Ауэ абыкIэ зэфIэкIыркъым. «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым», - жиIакъэ КIыщокъуэ Алим. Дэтхэнэми и бзэр, и къежьапIэр ищIэн хуейщ, зыужьыныгъэ иIэн, псэкIэ къулей хъун щхьэкIэ. Ар адэ-анэм фIыуэ къагурыIуапхъэщ. СыткIэ зэран къыхуэхъуну сабийм адыгэ таурыхъ укъыхуеджэмэ е адыгэ къебжэкIхэм щIэбгъэдэIумэ, ахэр ебгъащIэмэ?

- Адыгэбзэр сабийхэм фIыуэ евгъэщIэнымкIэ, я анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу къэхъунымкIэ фи еджапIэм сыт хуэдэ лэжьыгъэ щевгъэкIуэкIрэ?

- АдыгэбзэмкIэ экзаменыр зэрыIуахам и зэран къыдокI. СощIэ мыбыкIэ куэд арэзы къызэрыздэмыхъунур, ауэ, итIани, жысIэну сыхуейщ – экзаменыр къапэщылъу щытамэ, нэхъ егугъунут. Дерсу еттыр яфIэмащIэу, пщIэ щIатурэ, егъэджакIуэ къыхуалъыхъуэурэ ирагъэджэнут я быныр. НэгъуэщIу хъунукъым, лъэпкъыу дыщыIэну, зытхъумэжыну дыхуеймэ.

Адыгэбзэм къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI предметхэр джынымкIэ, абыхэм дегъэхьэхынымкIэ къэралыр дэIэпыкъуэгъу мэхъу, псалъэм папщIэ, компьютеркIэ, интерактивнэ доскахэмкIэ къызэрегъэпэщ. Абыхэм Iэмал къарет дерсхэр нэхъ щIэщыгъуэ, удэзыхьэх хъунымкIэ, егъэджэныгъэр къадегъэпсынщIэ. Анэдэлъхубзэми ахэр къыщысэбэпынут, ауэ къэралым дэ абыкIэ зыри къызэрытхуимыщIэнур гурыIуэгъуэщ. Ягъэ кIынтэкъым республикэм, районым дэIэпыкъуныгъэ щыдгъуэтамэ. Доскарэ мелрэ фIэкIа зимыIэ егъэджакIуэм дежкIэ тыншкъым нобэрей егъэджэкIэ мардэхэм къыкIэрымыхуу дерсхэр къызэригъэпэщыну, сабийр бзэм дригъэхьэхыну.

ЕгъэджакIуэхэми яхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ: «зыри диIэкъым, зыри къыддэIэпыкъуркъым, адыгэбзэр кърадзэркъым», жытIэу дытхьэусыхэу дытIысыж хъунукъым. КъыдгурыIуэн хуейщ я анэдэлъхубзэр яIурылъу щIэблэр къэхъунымкIэ къалэнышхуэ ди пщэ къызэрыдэхуэр. Бзэ зимыIэж лъэпкъыр щыIэжкъым. Ар зыщыдывмыгъэгъупщэ.

ЗэрытщIэщи, адыгэбзэмрэ литературэмрэ хухах сыхьэт бжыгъэм Iэмал къыдитыркъым а предметхэр нэгъэсауэ джынымкIэ. Ныкъусаныгъэу абы къишэр нэхъ мащIэ тщIын мурадкIэ мыхьэнэшхуэ идот классщIыб лэжьыгъэм.

ЕджапIэм къыщызэдгъэпэщащ драмэ гупжьей. Абы къекIуалIэ сабийхэм дадолажьэ я псэлъэкIэр, зыIыгъыкIэр нэхъ зэпэщ зэрыхъунымкIэ, литературэм, лъэпкъ тхыдэм пэгъунэгъу зэрытщIыным дыхущIокъу.

Епсэлъар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу