ЛIыгъэр и Iэщэу

Хэку зауэшхуэм и лIыхъужь, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы и цIэр зэхэзымыха щыIэу къыщIэкIынкъым. 

Ар къыщалъхуа лъэхъэнэр зэман тынштэкъым. ЩIалэм и адэ ФIыцIэ пасэу дунейм ехыжри, анэмрэ лъэпкъым и нэхъыжьхэмрэ я нэIэ щIэту къэхъуащ щIалэр. И къэшэгъуэ щыхъум, Гъурыжьхэ япхъу ФатIимэ щхьэгъусэ хуэхъуащ.  1930 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м дунейм къытехьащ я щIалэ цIыкIу МэчрэIил зыфIащар.  

Менлырэ ФатIимэрэ зэгуэкIуауэ унагъуэ хъуами, гъащIэр къахуэткIиящ - МэчрэIил ныбэ илъу ФатIимэ и дыщым яшэжащ щхьэусыгъуэ нэпцI къагупсысри. ЩIалэр и анэм къыкIэрачри, Мусэхэ къратыжащ. Апхуэдэу Менлы - щхьэгъусэншэ, МэчрэIил анэншэ хъуащ.   

И унагъуэр зэракъутар гугъуехьхэм я щIэдзапIэу къыщIэкIащ. Колхозым жыджэру хэт Мусэ Менлы Къалмыкъ БетIал и лъэныкъуэу щытауэ, и шууищэм хэтауэ пцIы къытралъхьэри, КъуэкIыпIэ Жыжьэм ягъакIуэ. Пэжыр мыгувэу наIуэ къэхъуащ - Менлы зэрыхейм къулыкъущIэхэр щыхьэт техъуэри, къаутIыпщыжащ. Ауэ Мусэхэ я къуэм и Хэку къимыгъэзэжу занщIэу дзэм хыхьащ. «ЕхъулIэныгъэ гуэрхэр сиIэмэ, си щхьэр Iэтауэ,  сыныфхыхьэжынщ», - арат Менлы и Iыхьлыхэм къахуиIуэхуар. Зэман куэд дэмыкIыу Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Менлы зауэм щызэрихьа лIыгъэм теухуауэ зы тхылъ птхыж хъунущ. Ар пасэм къалъхуауэ щытамэ, джэгуакIуэжьхэр хуэусэну къыщIэкIынт. Хэку зауэшхуэм лIыхъужьыр зэригъэунэхуар зы тхыгъэ кIэщIым къыпхуигъэзэгъэнукъым, ауэ езы Менлы и гукъэкIыж зыбжанэ - тхылъхэм, кIэзетхэм ихуахэм ящыщу - къыхэзгъэщыну сыхуейт:

«Зэхэуэр кIащхъэ хъуртэкъым. Фашистхэм я ебгъэрыкIуэныр нэхъ зэпыуащ щыжаIэм, щIытIхэм драшалIэ зауэ зымылъэгъуа щIалэ гупыр.

Куэд дэмыкIыу зэхэуэм щIидзэжащ: топышэхэмрэ лагъымхэмрэ тщхьэпролъэт, пулеметышэхэр уэм хуэдэу къыттрагъэлъалъэ. Нэмыцэ кхъухьлъатэхэри къытщхьэщыхьащи, ди щхьэр къыдигъэIэтыркъым. ДэнэкIи Iугъуэщ, гъуэзщ, мафIэщ… ЗэщIэфие, зэщIэгъуагэ макъхэр зыуэ зэхыхьэжащи, тхьэкIумэ Iупсыр Iуач».

Менлы и тхьэкIумэхэр щиубыдыкIащ, и Iур гъущIащ, гын Iугъуэр и нэм щIэбжьэу хуежьащи и нэпсхэри къыщIож. «Жыхьэнмэ мафIи мы сыкъызыхэхуар», - апхуэдэу егупсысыну хунэса къудейт Iэуэлъауэ псори зэуэ увыIэжу и хъуреягъыр щым  щыхъужам.

- ЗэфIэкIа? - йоупщI Менлы и ныбжьэгъум.

- Иджыщ щыщIадзэнур, умыбэлэрыгъ, - жеIэ Лисицэ. - Ауэ абы ящIэнури дощIэри дэ тщIэнури дощIэж. - Танк къызэрагъауэ лагъымыр къэгъэхьэзыр.

Лисицэ къыпыгуфIыкIыу къызэрепсалъэм и гур фIы ищIыжауэ Мусэм зызэпелъэщIыхьыж. ИтIанэ маплъэри, зы абрагъуэ гуэрхэр уэсым къыхэунэхукIхэу елъагъу. Ахэр кIуэ пэтми нэхъ гъунэгъу къохъу. Нэмыцэ танкхэр къахуокIуэ, абыхэм я къуагъым къуэту лъэсыдзэри къокIуатэ.

- Фызэрыуэнум зыхуэвгъэхьэзыр, - унафэ ещI Лисицэ.

Менлы лагъымыр къещтэри екъуз. Совет зауэлIхэм къахуэкIуэ танкхэр шынагъуэми, зыри ипIэ икIакъым. Мис иджысту къосыпэ гъущIыпэ абрагъуэхэр щыжаIэм, Мусэм лагъымыр   танк  щIагъым кIэщIедзэ. Лисицэ идзари гъунэгъуу къыщоуэ. А жэщым   ди лIыхъужьхэм къагъэувыIэну яхузэфIэкIащ бийр къызэребгъэрыкIуэр. Нэху щыщам Менлы и гъусэу бийм пэщIэтахэм я нэгу езэшахэм иплъэри, цIыху абрагъуэу къыщыхъуахэр езым хуэдэу сэлэт къызэрыгуэкIт. Апхуэдэу Мусэр зауэм и гъуэгуанэ хьэлъэм теувауэ щытащ.

Лисицэ Петр жыхуаIэр Менлы и ныбжьэгъу дыдэ хъуат. Фочауэ дивизэм хэта Мусэр иужькIэ тIасхъэщIэх гупым хагъыхьэри, бийм и щIыб кIуэ хъуащ. Зэман куэд дэмыкIыу Лисицэр къаукIащ. Ар къыщыхъуар Польшэм и щIыналъэрат. Менлы зимыIэжьэу я нэхъыщхьэм и деж кIуащ яукIа и ныбжьэгъум и снайпер Iэщэр кърату, лъы ищIэжыну хуит къищIыну  лъаIуэу. Гуауэр зыгъэв Менлым зыри пэрыуакъым.

Мусэ, адыгэхэр шу закъуэкIэ зэджэу щытам хуэдэу, ежьащ лъы ищIэжын мурад иIэу. Махуэ ещанэращ Лисицэр къыхэзыгъэщIа снайперым ар щыIууар. ТIури игъуэлъыкIри, ежьэу щIадзащ хэт япэу зигъэхъейуэ щыуагъэ ищIэнуми. Менлы и зы лъынтхуэ хэмылъэту и Iэпэр кIэкхъум телъу сыхьэтищым нэблагъэкIэ щылъа иужь, нэмыцэм хуэмышэчу тIэкIу зигъэхъеящ. Ар Мусэм и дежкIэ куэдыщэт - Лисицэ и снайпер фочыр уэри, зи псэр хэкI бийр мывэм къыкъуэукIуриикIащ.

Лисицэ Петр и Iэщэр иIыгъыу Менлы адэкIэ Хэку зауэшхуэм хэтащ. Зауэр иухыху ар къыпэрыкIакъым снайпер IэнатIэм. Архивым хэлъ дэфтэрхэм зэритымкIэ, снайперу щытыху адыгэ лIыхъужьым нэмыцэ офицеррэ сэлэту 50 иукIащ, тIу уIэгъэ ищIащ, I2 гъэру иубыдащ. А псор къалъытэри, Мусэ Менлы «ЩIыхь» орденым и нагъыщищыр къыхуагъэфэщащ.

- Езы тхьэмыщкIэм и тхьэмбылым къутахуэ хэлъу къэкIуэжат. КъыщаутIыпщым зиIэжьэн идэжакъым,  ныкъуэдыкъуэ зэрыхъуамкIэ тхылъ къратынути.   «Си анэ тхьэмыщкIэр къыспоплъэ, си къуэр къызожьэ», - жиIэри къафIэкIуэжащ.   КъэкIуэжа щхьэкIэ, Тхьэм ущихъумэ ар къызрихьэлIэжам,  - къыджиIащ Менлы и нысэ Нурэ. - И анэ тхьэмыщкIэр къэрэшеипхъути, Азием яшахэм яхэхуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, къыздекIуэлIэжар лъапсэ нэщIт. И унэр зэтекъутат. Менлы гъуэгыу лъэсу щIэпхъуауэ,  Сэрмакъ нэсауэ пIэрэ жыпIэу, къаубыдыжри, «уэ узыкIэлъыкIуэм дэри дынэкIуэнт зыгуэр хэпщIыхьыж хъуну щытамэ, ауэ зыри хэпщIыхьыжыфынукъым, щыIэжкъым уи анэр» къыжраIащ. Арати етIысэхри Iэджэрэ гъащ.   ШыплIэм къыдалъхьэри, къахьыжащ Къармэхьэблэ.

Апхуэдиз гуауэр зыгъэва Менлы къэдзыхакъым. Сонэхэ япхъу къишэри, зы хъыджэбзи зэдагъуэтауэ щытащ ФатIимэ и цIэу. Къуажэ колхозым и унафэщI Гугъуэт Лалу ириджэри, Iэщ IуэхухэмкIэ и къуэдзэу игъэуващ ар. Колхозым къыхуэнэжауэ щыта мэл миныр  япэ илъэсым минрэ ныкъуэрэ хъуащ, ещанэ илъэсым минищым нэс ягъэбэгъуащ. Ауэрэ илъэсипщI иримыкъум колхоз мэлыр мин щэщIым нэблэгъэжат. ЗэфIэувэжат Iэщышхуэмрэ  шыхэмрэ я бжыгъэри. КъызэIуахыжырт гъэш фермэхэр, мэл пщыIэхэр. Ауэрэ Мусэр КъБАССР-м и  Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахауэ щытащ.

УIэгъиплI зауэм щызыгъуэта Менлы I96I гъэм гъатхэпэм и 2I-м ажалыр къылъэщIыхьэжащ.

Менлы тхьэмыщкIэм и цIэр дыщэпскIэ тетхауэ тетщ Москва щыIэ «Поклонная» бгым. Илъэс къэс абы и цIэкIэ зэхьэзэхуэхэр шахматымкIэ, мотокросымкIэ йокIуэкI. КъищынэмыщIауэ, Шэджэм, Къармэхьэблэ, Дзэлыкъуэкъуажэ, Налшык, Бахъсэн щыIэщ   абы и цIэр зезыхьэ уэрамхэр.

 «ЛIыгъэ зиIэм Iэщэ иIэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Менлыи лIыгъэр и Iэщэу псэуащ.  Сыт мыбдеж лIыгъэ псалъэм къызэщIиубыдэр? Дауи, илъэс зыбжанэкIэ зауэ IэнатIэм уIутын щхьэкIэ гу пкIуэцIылъын хуейщ. Ауэ апхуэдизу зыкъыпхуэзыгъэткIия гъащIэм залым уимыщIу, цIыхугъэр псом зэрынэхъапэр пщымыгъупщэу упсэуфын папщIэ   лIыгъэ нэс къыпкъуэкIын  хуейщ. Мусэ Менлы ФIыцIэ и къуэм ар хузэфIэкIауэ жыпIэу щытмэ, ущымыуэну къысщохъу.

ШЫБЗЫХЪУЭ Астемыр.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу