Дыщэ кIанэ

ГушыIэ

Махуэ гуэрым бейгуэлхэр и гъусэу къуажэпщыр щакIуэ къикIыжырт. КъащэкIуа щIагъуи щымыIэу ешаелIауэ къэкIуэж гупым дыхьэшх макъышхуэ зэхахащ. ЦIыкIури инри зэкIуэцIылъэлъу щыдыхьэшх унэм пщым и гупыр пэгъунэгъу щыхъум, ар Дизыкъуажэ и хэщIапIэрауэ къыщIэкIащ. Пщым фIэгъэщIэгъуэн хъури:

- Мы факъырэ унэр мыпхуэдизу щIэтхъэр сыту пIэрэ? КъэщIамэ хъунт ахэр апхуэдизу зыгъэдыхьэшхыр, - жиIащ.

Бейгуэлхэм ящыщ зы джэри, Дизыкъуажэ къыщIэкIащ.

- Мыпхуэдизу фызыгъэдыхьэшхыр сыт? ДыблэкIыжрэ пэт фи дыхьэшх макъым дыкъигъэувыIащ. Пщым ищIэну хуейщи, къыджеIэ!

- Уэлэхьи, къытхэхъуауэ дызыгъэдыхьэшхи щымыIэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу диIэщи, зэхуэддзурэ дридыхьэшхыу арщ, - жиIащ Дизыкъуажэ.

Бейгуэлым Дизыкъуажэ и псалъэр пщым щыIэригъэхьэжым, зыри жимыIэу ежьэжащ. Унэм зэрынэсыжу:

- Дизыкъуажэ и бынхэр дыщэ кIанэ цIыкIукIэ апхуэдизу щигъэдыхьэшхыфакIэ, сэ си бынхэр кIанэшхуэкIэ нэхъыфIыжу згъэтхъэнщ, - жиIэри зы дыщэ кIанэжь иIэти къищтащ.

И бынхэр хъурейуэ къригъэувэкIри, гъуэрыгъуэурэ дыщэ кIанэр яхуидзу иригъэжьащ. Хэти, къыхуэмыубыду Iэпыхуурэ и лъапэм техуэу, хэти и бгъэгум хуищIэу къихуэу, игъэдыхьэшхын дэнэ къэна, дыщэ кIанэм быныр гъынанэу зэбгригъэкIыжащ. Ар щилъагъум:

- Мыр дауэ? Мыхэр дыхьэшхыным и пIэкIэ магъхэри-тIэ, дыкъигъэпцIауэ аращ. Сыт а бацэхэплъыр абыкIэ зыхуейр? Апхуэдэхэрат иджы сэ сыкъэзымыгъэпцIэжар? ФыкIуи фыкъеджэ, - жиIэри Дизыкъуажэ къригъэшащ пщым.

- Уэ сыкъыщIэбгъапцIэр сыт? ГъэпцIагъэрэ делагъэкIэ си бынхэр сыбгъэукIыжырти! Абыхэм ящыщ гуэрым къыщыщIаIамэ, уэсщIэнур пщIэрэт?! – къыхуилъырт, и къамэ Iэпщэр икъузу, пщыр Дизыкъуажэ.

- Сыт къэхъуар, зиусхьэн, сыту Iейуэ укъэгубжьа? СыткIэ сыкъуаншэ?

- Укъуаншэщ. Си бынхэр дыщэ кIанэкIэ согъэдыхьэшх жызыIар уэракъэ?!

- Сэращ.

- НтIэ, сэ си бынхэр сыту мыдыхьэшхарэ? Дыхьэшхыным и пIэкIэ гъыурэ IукIыжахэщ. СыткIэ мыгъынрэт, зиунагъуэрэ! Сеплъащи, хэт и лъакъуэр, хэт и шхужьыр уфIыцIащ.

- Уэ яхуэбдзар дыщэ дыдэт?

- Щымыщ хэмылъу дыщэ къабзэщ. Куэдрэ зумылъэфыхьу, мы Iуэхум хьилагъэ гуэр хэлъщи, дахэкIэ къызжеIэ!

- Уэлэхьи, зиусхьэн, хьилагъэ лъэпкъ пкIэлъызезмыхьэ, ар си мыхьэл икIи фыкъэзмыгъэпцIа, дызыгъэдыхьэшхым фыщIэупщIати, вжесIащ, ауэ сэ зи гугъу сщIар къыбгурыIуакъым уэ...

Дизыкъуажэ унэм кIуэжри, агъэбыгъэ хъуа я сабий цIыкIур иIыгъыу псынщIэу къигъэзэжащ.

- Мис, зиусхьэн, сэ дыщэ жыхуэсIар! Мыращ дыщэ кIанэр, ахъумэ, ауэ уи дыщэр, уэ дыщэ жыхуэпIэр сытым щыщ! – жиIэурэ пщым сабийр иригъэлъэгъуащ.

ЖЫЛАУ Нурбий.
Поделиться: