Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

♦Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ

♦ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ

♦Исландием щагъэлъапIэ пирожнэ IэфIыкIэм и махуэр

1732 гъэм Петербург Урысейм щыяпэ Кадет корпусыр - дзэм къулыкъу щызыщIэну зи мурад щIалэгъуалэр абы щыхуагъэхьэзыр IуэхущIапIэр - къыщызэIуахащ.

1854 гъэм США-м и Республикэ партыр къызэрагъэпэщащ.

1913 гъэм Данием щыщ физик Бор Нильс атомым и планетарнэ зэхэлъыкIэм теухуа и лэжьыгъэр хэIущIыIу ищIащ. А къэхутэныгъэм папщIэ Бор къыхуагъэфэщауэ щытащ Нобель и саугъэтыр.

1921 гъэм Москва Iэ щытрадзащ РСФСР-мрэ Афганистанымрэ зэныбжьэгъуным теухуа зэгурыIуэныгъэм.

1922 гъэм Мысырыр Инджылызым къызэрыхэкIым теухуа унафэ къащтащ.

1935 гъэм США-м щыщ химик Каротерс Уоллес Хьюм нейлоныр зэхилъхьащ.

1955 гъэм къызэIуахащ Ханой - Пекин - Москва - Берлин къалэхэр зэпызыщIэ гъущI гъуэгущIэр.

1956 гъэм США-м къыщыгъэсэбэпу хуежьащ зэпэщхьэхуэу лажьэ компьютерхэр зэрызэпащIэ кIапсэр.

1990 гъэм Урысей Федерацэм и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.

1993 гъэм генерал Аушев Руслан Ингушым и президенту хахащ.

1991 гъэм Перс псыдэжыпIэм щекIуэкIа зауэр иухащ.

1996 гъэм Урысей Федерацэр Европэм и Советым хыхьащ. Абы хыхьэн щхьэкIэ къыхуагъэув къалэн нэхъыщхьэм – цIыхум и судыр укIкIэ мыщIэным теухуам – арэзы техъуэн хуей хъуауэ щытащ УФ-р.

2010 гъэм Канадэм щыщ Ванкувер къалэм и Би-Си Плэйс стадионым щызэхуащIыжащ ХХI щIымахуэ Олимп Джэгухэр. КъыкIэлъыкIуэ апхуэдэ зэпеуэхэр щекIуэкIыну Сочэ къалэм и лIыкIуэхэм абдежым къыщратыжащ Олимп Джэгухэм я ныпыр.

1690 гъэм къалъхуащ пащтыхь Пётр Езанэм и къуэ нэхъыжь Романов Алексей.

1920 гъэм къалъхуащ актёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Смирнов Алексей.

1926 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, Сталин Иосиф ипхъу Аллилуевэ Светланэ.

1937 гъэм къалъхуащ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.

1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.

1947 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Васильевэ Татьянэ.

1950 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист Тихонов Владимир (актёрхэу Тихонов Вячеславрэ Мордюковэ Ноннэрэ я къуэ)

1955 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, политик УФ-м и Къэрал Думэм и унафэщIым и къуэдзэ, «Урысей зэкъуэт» партым и и Совет нэхъыщхьэм хэт Гордеев Алексей.

1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат, гу узыфэхэм щеIэзэ республикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Щэрдан Нодар.

1957 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Уэтэр МуIэед.

1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъМУ-м и ректору щыта, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жэрыкъуэ Борис.

1959 гъэм къалъхуащ урысей хореограф цIэрыIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Сигаловэ Аллэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 6 - 7, жэщым градуси 3 - 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ГъавэщIэ къыпIэщIэмыхьэу гъавэжьым уемылъэстауэ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ