«ТекIуэныгъэм и мафIэгур» Налшык къэсащ

Дыгъуасэ «Налшык» гъущI гъуэгу станцым «ТекIуэныгъэм и мафIэгур» къэсащ.

МахуищкIэ КъБР-м щыIэну а музейм хуэдэ дунейм темыту зэрыжаIэр куэдым зэхахащ, ауэ абы и телъыджагъэр умылъэ­гъуауэ уи фIэщ пхуэщIынукъым.
Зауэм ипэ лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ илъэс бжыгъэкIэ цIыхухэм  я фэм дэкIа бэлыхьымрэ гузэвэгъуэмрэ уIэбэмэ улъэ­Iэ­сыну, къэIэбэмэ къыплъэIэсыну къыпщыхъуу щIащ ар.
Экспозицэ телъыджэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Поштаренкэ Дмитрий зи унафэщI «Невский баталист» тхыдэ-художественнэ гупым. ЦIыху 70 елэжьащ проектым. Зауэ лъэхъэнэм трахауэ сурэт миным щIигъу къыхахри, зэфIагъэувэжащ. Абыхэм тращIыкIа скульптурэхэр зэрахуэпар 1930 - 1940 гъэхэм псэуахэм ­ящыгъауэ музейхэм щахъумахэрщ.
Iуэхум и жэрдэмщIакIуэр УФ-м ЩIэныгъэмрэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэмрэ «Урысейм и ­гъущI гъуэгухэр» IуэхущIапIэмрэщ.
Налшык мафIэгур къезыгъэблэгъахэм ящыщщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Илъэс  бжыгъэхэр псынщIэу  блокI,  куэдым  захъуэж  ауэ  ­зауэм теухуа Iуэхугъуэхэм сыт зэмани ди гур ягъэпIейтей, - жеIэ Къумахуэм. - Ди къэралым щыщу цIыху мелуан 27-м мамы­рыгъэм я псэр щIатащ. ЦIыхухэм я фэм дэкIар къэIуэтэгъуейщ. ­Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм хэтахэр кIуэ пэтми нэхъ ­мащIэ мэхъу. БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дерс къы­хэтхын папщIэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр зэпыу имыIэу къызэгъэпэщын хуейуэ къызолъытэ.
Сэ къызэрымыкIуэу сигу ирихьащ гъэлъэ­гъуэныгъэр. Скульпторхэм я Iэзагъэм и за­къуэкъым згъэщIэгъуар, атIэ Iуэхугъуэхэр зэры­зэхэгъэува щIыкIэрщ: видеопроектхэр, видеоблынхэр, вагон къэс къыщыIу макъамэ ­къы­хэхахэр, уеблэмэ, мафIэгур кIуэуэ къып­­щызыгъэхъу Iэмалхэр.
Япэ мафIэгум мамыр гъащIэм хэпсэукI цIыху­хэм дащыIуощIэ. Къэхъунум зыри хэ­зымыщIыкI сабийхэмрэ балигъхэмрэ зэ­хэзэрыхьауэ, я нэгум гуфIэ кърихыу, зытет ­гъуэгуанэм фIыкIэ щыгугъыу долъагъу. Абыхэм дэнэ щащIэнт къапэплъэр?..
ЕтIуанэм зауэм даша щIалэ цIынэхэр исщ, вагон бжэщхьэIум гъыуэ тет бзылъхугъэр, зи бын зауэм яша анэ псоми я фэеплъ хуэдэщ.ЩIалэхэм я нэгум зэрыгузавэр, зэрыпIейтейр иболъагъуэ. Дауэ мыгузэвэнрэт?!
КъыкIэлъыкIуэ вагоныр окопэ щIыкIэу щIащи, сэлэтхэр ныбафэкIэ щылъщ, уи щхьэщыгум ит кхъухьлъатэхэм кърадзых бомбэхэм щхьэхуимыту уагъэгузавэ, апхуэдизкIэ пэжу щIащи. АдэкIэ тлъагъу нэмыцэIуэм дигу къегъэкIыж ещанэ рейхым цIыхухэм я фэм дихар.
Штаб, санитар, щIэныгъэ, зыгъэпскIыпIэ - бронепоезд вагонхэр зэкIэлъокIуэ.
Иужьрей вагоным щагъэлъапIэ текIуэны­гъэр,­ уэрэд ину къыщоIу, цIыхухэм зэхуэгуфIэу сурэтхэр зытрагъэх. Абдеж цIыкIухэми ин­хэми, цIыхухъухэми цIыхубзхэми я нэгум лIы­хъу­жьыгъэ къызэрищыр фэзгъэлъэгъуа­щэрэт!
Ди республикэм щыпсэу дэтхэнэри езгъэп­лъыну, сэ зыхэсщIахэр зыхезгъэщIэну сы­хуейт. Музейм зы махуэм къриубыдэу цIыху мин еплъыфынущ.
Налшык и гъущI гъуэгу станцым къыщызэрагъэпэща концертым зауэ лъэхъэнэм теухуа уэрэд цIэрыIуэхэр ди республикэм и артист пажэхэм щагъэзэщIащ.
ТекIуэныгъэм и мафIэгур музей къудейкъым, ар нэпсыр щыпхуэмыIыгъ, блэкIа лъэхъэнэм дакъикъэ бжыгъэкIэ ухэзышэ, узыгъэгужьей, узыгъэгумэщI, узыгъэгупсысэ Iуэхугъуэщ.
Музейм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс упхыкIыу дунейм къыщыхъу зэрызехьэхэм ухэплъэжа иужькIэ куэд дыдэрэ зэхэтха «ЩремыIэ зауэ!» псалъэхэм я мыхьэнэр   нэсу зыхыбощIэ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: