Къэралыр зэрыт щытыкIэр зэхэтщIыкIыу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы нэхъыбэу щытепсэлъыхьащ Донецк, ­Луганск цIыхубэ республикэхэм я цIыхухэу зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ IэщIыб зы­щIахэм ядэIэпыкъун зэры­хуейм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.

- Ди къэралым и Президент Путин Владимир мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэхэр къищтащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм шынагъуэншагъэр щыхъумэным теухуауэ, атIэми, ахэр хуэунэтIащ Урысей Фе­дерацэми шынагъуэншагъэ къы­щызэгъэпэщыным, - зэ­хуэсыр къыщызэIуихым ж­и- Iащ КIуэкIуэ Казбек. - Фашизмэр зищIысыр зыми лейуэ ­къыгурыгъэIуэн хуейкъым. Псо­­ри фыщыгъуазэщ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и тхыдэм. Ди къэралым и Президентым къищта унафэхэу дызытепсэлъыхьхэр хуэгъэпсащ ди хэкум, нэгъуэщI щIыналъэхэм къихъуэну щIэб­лэхэм я шынагъуэншагъэм, зэ­Iузэпэщыныгъэм. Си фIэщ ­мэхъу иджыпсту хамэ щIы­пIэхэм щекIуэкI Iуэху мыщ­хьэпэхэм ­дуней псор гузэвэ­гъуэм зэрыхадзэр. Фашизмэм и купщIэри аращ - цIыхубэр зэрыщыту гъэ­кIуэдыным епха шынагъуэщ. Абы къыхэкIыу къызолъытэ ­къащта унафэ псори тэмэму, захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я телъ­хьэу. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIыхубэм да­Iыгъ Урысей Федерацэм и Президентым и унафэхэр.
АдэкIэ КIуэкIуэр къытеувыIащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм ящыщу зи лъахэр Iэмалыншэу зыбгынахэм да­­дэIэпыкъун зэрыхуейм. Абы фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящыщу къэхъуа гузэвэгъуэм лъэ­ныкъуэегъэз зыхуэзымыщIахэм, зи псэупIэр хыфIэзыдзэу зи псэр гъунэгъу къэралым къэ­зыхьахэм ядэIэпыкъун хуейуэ жэрдэм зыщIахэм. Псом хуэ­мыдэу гуапэ щыхъуащ нэ­гъуэщI щIыпIэхэм апхуэдэ гу­зэвэгъуэкIэ къикIахэр зэзы­шэ­лIэну, я унэхэм щагъэпсэуну хьэ­зыр куэд ди республикэм зэрисыр.
Волонтёрхэм я гугъу ищIу, КIуэкIуэм къыхигъэщащ абы­хэм гууз-лыуз зэраIэр. А зэщIэхъееныгъэм хэт щIалэгъуалэм ящыщ куэд хьэзырщ ди деж         я псэр къэзыхьа цIыхухэм ядэ­Iэпыкъуну, ахэр пIалъэкIэ щыпсэу екIуэлIапIэхэм щылэ­жьэну.
- Мис аращ хэкум и цIыху нэ­сым иIапхъэ Iуэху еплъыкIэр, - къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэр а Iуэхум ап­хуэдэу зэреплъым мыхьэ­нэш­хуэ иIэщ ди республикэми ­Урысей Федерацэми я дежкIэ. Я псэупIэхэр гузэвэгъуэкIэ зыбгынэхэм папщIэ дгъэхьэ­зы­ракIэщ цIыху 800 зыщIэхуэн псэу­пIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэуи оперативнэ штаб къызэдгъэпэщащ, абыхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ еты­ным теухуа Iуэхухэр зэфIагъэ­хьэныр я пщэрылъу. А цIыхухэр Iэмалыншэу зыхуеину хьэп­шып­хэр зэрылъ апхуэдэ зы машинэ дутIыпщакIэщ. ЕтIуанэм ишэнущ сабийхэм папщIэ хьэпшып цIыкIухэр. Псапэ ин зыпылъ а лэжьыгъэм пытщэнущ. Ди республикэм щып­сэухэр дапщэщи гурэ псэкIэ пэджэжу щытащ къуэшым, гъу­нэгъум я гузэвэгъуэм. Иджыри аращ: псэзэпылъхьэпIэм ихуа цIыхухэр гулъытэншэу къэдгъэ­нэн тхузэфIэкIынукъым.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ нэгъуэщI Iуэхухэми. ЩIыналъэм и унафэщIым жиIащ ­республикэм щыщыIэ эпидемиологие щытыкIэм иджыри къызэрыгуэкIкIэ узэремыджэнур, атIэми, зэпIэзэрытыныгъэм и мардэ гуэрхэри абы зэрыхэплъагъуэри къыхигъэщащ.
- Сымаджэ куэд щыIащ ма­заем и 6 - 8-хэм, ауэ иужьрей тхьэмахуэм абыхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ процент ­38-кIэ, узыр къызэуэлIа сабийхэри хэту, - жиIащ а Iуэхум ­теухуауэ зэхуэсым къы­щып­сэлъа, КъБР-м узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. - Нэхъ мащIэ ­хъуащ «ДэIэпыкъуэгъу псын­щIэр» къы­зыхураджэхэри, сы­маджэ­щым дгъэгъуэлъхэм я бжыгъэри.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий зэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ ди республикэм зэ­рыщагъэзащIэм. Абы зэрыжиIамкIэ, ипэкIэ зи гугъу ящIа школыщIэу 10-м (абыхэм ящыщу 3-р яухуэ, адрей 7-м ехьэлIа лэжьыгъэхэри мы гъэм яублэнущ) къыщIагъуащ иджыри курыт еджапIэу 8 яухуэн хуейуэ. Абыхэм епха Iуэхугъуэхэм щы­тепсэлъыхьакIэщ къэралым и щыхьэрым. А ухуэныгъэхэм иджыри хухахынущ сом ме­ларди 4-м нэс. Дэтхэнэми еджакIуэ 800 щIэхуэну школхэр щаухуэнущ Налшык, Тэрч къалэхэм, Шэджэм ЕтIуанэ къуа­жэм. Прималкинскэ жылэм ­дащIыхьынущ сабий 500 зэ­кIуэлIэну школыр. Апхуэдэу ку­рыт школыщIэхэр щызэфIа­гъэу­вэнущ Нарткъалэ (еджа­кIуэ 400), Шордакъ къуажэмрэ Александровскэ станицэмрэ (еджакIуэ 200), Терскол жылэм (еджакIуи 150-рэ). А школыщIэхэм епха ухуэныгъэ лэ­жьы­гъэхэр 2023 - 2024 гъэхэм зэфIагъэкIынущ.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: