Хьэрычэт Iуэхум зрагъэужь

Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и ­министр Илюшниковэ Татьянэ видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхы­хьэр триухуат «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэ­рычэтым жэрдэм къыщызыгъэлъагъуэхэм ядэIэпыкъун» лъэпкъ проектыр щIыналъэ­хэм зэрыщагъэзащIэм.

ЗэIущIэм и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым эко­номикэ зыужьыныгъэмкIэ          и министр Рахаев Борисрэ абы и къуэдзэ Белецкая Ольгэрэ.
2021 гъэм КъБР-м и Прави­тельствэм «Хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ, хьэры­чэ­тым жэр­дэм къы­щы­зы­гъэ­лъа­гъуэ­хэм ядэ­Iэпыкъун» лъэпкъ проек­тыр республикэм щыгъэ­зэ­щIэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ­хэр яри­щIы­лIауэ щытащ лэжьыгъэр зэ­хьэлIа министерствэ­хэмрэ Iуэ­ху­щIапIэхэмрэ. А лъэ­ныкъуэмкIэ гъэ блэкIам сом мелуани 144-м щIигъу ди республикэм къыщагъэсэбэпащ.
Зэхыхьэм щытепсэлъыхьащ дызэрыт илъэсым гъатхэпэм и 9 - 12-хэм Москва щрагъэ­кIуэ­кIын хуейуэ зытраухуа, хьэ­ры­чэтым зрагъэужьынымкIэ «Си бизнес» зыфIаща ЕтIуанэ Урысейпсо форумым и къызэгъэпэщыкIэ хъунуми. Ди республикэм къыбгъэдэкIыу а зэхуэсым хэтынущ «КъБР-м хьэрычэтым зегъэужьынымкIэ и центр» щIыналъэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: