ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр

Ди республикэм зэи щызэпыуркъым ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ драгъэкIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэр. Мы ­махуэхэм абы ехьэлIа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щекIуэкIащ ­щIыналъэм хыхьэ къалэхэм, щIыпIэхэм. Абыхэм я щапхъэщ Налшык къыщызэрагъэпэща зэIущIэхэр.

Зауэм (лэжьыгъэм), IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хаб­зэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык  къалэ зэгу­хьэ­ныгъэм и лIыкIуэхэмрэ 115-нэ шу дивизэм и цIэр зезы­хьэ КъэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэмрэ къалащхьэм дэт курыт школ зыбжанэм зэгъусэу щрагъэкIуэкIащ «ЛIыхъужьыгъэм и дерс­хэр». Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирырагъэхьэлIа а лэжьыгъэхэм жыджэру хэтащ балигъыпIэ имыувахэм ядэла­жьэ IэщIагъэлIхэри.
ЕджапIэхэм щекIуэкIа дерс купщIафIэхэм къакIэлъыкIуэу, КъэлъыхъуакIуэ гупым и пашэ Заруцкий Олег и жэрдэмкIэ нэхъыжьхэм ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ Хэку зауэшхуэм хэта зауэлIхэм зэрахьауэ щыта щыгъынхэр, хьэпшып зэмылIэу­жьыгъуэхэр щахъумэ музейм. НыбжьыщIэхэм хуабжьу яфIэ­хьэлэмэтащ къэлъыхъуакIуэхэм илъэс зэхуэмыдэхэм къриу­быдэу зэхуахьэсыжа хьэпшыпхэм ящыщ куэд.
КъэлъыхъуакIуэ гупым хэтхэм зэрыжаIамкIэ, абыхэм а лэ­жьыгъэм куэд дэмыкIыу пащэжынущ. Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и управленэм хъыбар ­къызэрырагъэщIамкIэ, ар техуэнущ мазаем и 26-м. А махуэм ди республикэм и школакIуэхэри хэтынущ «Фэеплъым и къэрэ­гъул-2022» акцэм.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: