Куржым къыщалъхуа адыгэ малъхъэ

И ныбжьыр илъэс 82-м иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ Налшык и «Спартак»-м и гъуащхьэхъумэ цIэрыIуэ Гогибедашвили Заур. Ар куэдым гущIыхьэ ящыхъуащ.
Заур щIэх-щIэхыурэ дыщыхуэзэт «Спартак-Налшыкым» и зэIущIэхэм. Абы фIэфIт журналистхэм я гъусэу джэгум кIэлъыплъын икIи и гукъэкIыж куэдхэм дыщIигъэдэIурт. И фэеплъ нэхур игъащIэкIи ди нэгум щIэтынущ.
Тхыдэ къулей зиIэ Налшык и «Спартакым» и япэ ехъулIэныгъэхэм, шэч хэмылъу, хьэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIауэ зыхагъэхьахэм. Абыхэм яхэтщ я гъащIэ псор иужькIэ ди щIыналъэм езыпхахэри. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Гогибедашвили Заур. Батуми и «Динамом» щыджэгуу I964 гъэм Тбилиси и «Динамом» хэт Iэпщэ Александр ар зригъэцIыхуащ. Ахэр зэныбжьэгъу хъуащ икIи илъэс дэкIри, тIуми зэгъусэу Налшык и «Спартак»-м и щIыхьыр яхъумэу хуежьащ.
Куржы куэд ди щIыпIэм зэрыщыпсэур, адыгэхэмрэ абыхэмрэ фIы дыдэу зэрызэхущытыр, дауи, тегъэщIапIэ хъуащ Заур Къэбэрдей-Балъкъэрым и унагъуэр и гъусэу къызэрыщынар. Ар футболист Iэзэм и закъуэтэкъым, атIэ «гупым я псэу щыт» цIыху телъыджэт. Налшык и «Спартак»-м зэрыхэтар илъэсищ къудейми, нобэми и джэгукIар куэдым ягу къагъэкIыж.
Топджэгум къыхэкIыжа иужькIэ Гогибедашвили Заур IэнатIэ хуэхъуащ Налшык щыIэ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр». Зэман зыбжанэкIэ абы и автомашинэхэр зригъакIуэу лэжьащ икIи дунейм ехыжыным куэд къмынэжыху IэкIуэлъакIуэу и къалэнхэр игъэзэщIащ.  И щхьэгъусэ, Налшык дэт Музыкэ школ №I-м и директор, Хьэмгъуокъу Светланэрэ абырэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэуащ. Я бынхэу Ингэ Канадэм щыIэщ икIи щолажьэ, Григорий Тбилиси и хэщIапIэщ.
Мис апхуэдэу Налшык и «Спартак»-м я гъащIэ гъуэгуанэр иубзыхуащ  Гогибедашвили Заур. Топджэгум и фIыгъэкIэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрыр къицIыхуащ икIи псэупIэ дахэ хуэхъуащ, лъэпкъхэмрэ лъахэхэмрэ я зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ игъэбыдэу.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться: