СыткIи щапхъэ

Урысей псом щыцIэрыIуэ, хамэ къэралхэм къыщацIыху адыгэлI щыпкъэ, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, щIэныгъэлI, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутату, Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Президенту, иужькIэ и вице-президенту щыта Акъбащ Борис I932 гъэм мазаем и 14-м Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. Акъбащхэ Хьэжмырзэрэ Чэбэхъанрэ я бынунагъуэшхуэм къихъуа щIалэр быным я етхуанэт. Абы и сабиигъуэр зауэ, зауэ нэужь зэман хьэлъэхэм хиубыдащ. Арами, Хьэжмырзэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхути, и къуэр Черкесск къалэм дэт лъэпкъ интернат-еджапIэм щIигъэтIысхьащ. ИкIи ар япэ дыдэ дыщэ медалкIэ къэзыухар Борисщ.
Iузэв-тенджыз ФIыцIэ институтыр къиуха нэужь, Борис лэжьапIэ зэхуэмыдэхэр зэрихъуэкIащ. 1954 – 1974 гъэхэм Хьэбэз районым инженер нэхъыщхьэу, техникэм щыкIэлъыплъ станцым, совхозым я унафэщIу, Хьэбэз райисполкомым и тхьэмадэу, Адыгэ-Хьэблэ райкомым и япэ секретару, Къэрэшей-Шэрджэс облисполкомым и тхьэмадэм и къуэдзэу лэжьащ.
Акъбащым и нэIэ щIэту ящIащ КъШР-м и къалащхьэм дэт сымаджэщхэр, еджапIэхэр, къалэм дэт унэ зэтетхэр. Абыхэм ящыщщ Черкесск къалэ мотодромри, «Россия» кинотеатрри, тхылъ тедзапIэри, ЩэнхабзэмкIэ унэхэри, «Черкесск» хьэщIэщри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым иIэ теплъэ дахэри, нэгъуэщIхэри.
I974 гъэм, Ставрополь политехникэ институтым и къудамэу Черкесск дэтым илъэситIкIэ унафэщIу щыIауэ, Москва япэу къыщызэрагъэпэща, СССР-м МэкъумэшымкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ еджапIэ нэхъыщхьэм и ректору ягъэув Акъбащыр. А зэманым абы дунейм къытригъэхьащ экономикэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ ятеухуа щIэныгъэ лэжьыгъэу 50-м щIигъу. ИужькIэ, ар Промышленнэ Академие ящIыжри, пенсэм кIуэху Борис а еджапIэм и ректору мэлажьэ. А илъэсхэм IупщI дыдэ хъуащ абы зэфIэкIышхуэ зэриIэр – щIэныгъэ IэнатIэм зиужьын папщIэ ар и къаруи и гуащIи зы махуэ щысхьакъым. Ар сыт щыгъуи щапхъэ хъурт и жыджэрагъкIэ, зыбгъэдэт IэнатIэм хуиIэ щытыкIэмкIэ, и цIыхугъэмрэ гуп хэтыкIэмкIэ.
Акъбащыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президенту щыщытам ДАХ-м и тхьэмадэр еджагъэшхуэ, зи цIэр фIыкIэ жыжьэ Iуа Къалмыкъ Юрэт. Мыпхуэдэ цIыху лъэщхэр, гумызагъэхэр зи пашэ зэгухьэныгъэм зыхуигъэувыж сыт хуэдэ мурадри зригъэхъулIэфыну лъэкIыныгъэ иIэт. Я гугъапIэр инт – адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм зегъэужьыныр, хъумэныр, лъэпкъым и тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжыныр.
ИужькIэ Къалмыкъ Юрэ и къулыкъур дзыхь зыхуищIар Акъбащырщ. А лъэхъэнэм ДАХ-м нэхъри зеужь, щIэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр нэхъ щIегъэхуабжьэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэр мылъкукIэ нэхъ хуэщIа мэхъу. БзищкIэ – урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, тыркубзэкIэ – дунейм къытохьэ «Черкесский мир» журналыр, ДАХ-м и IV Конгрессым къыщоIу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гимныр, уэрэдус цIэрыIуэ Даур Аслъэн Акъбащым и жэрдэмкIэ зэхилъхьар. Борис и фIыгъэкIэ дунейм къытохьэ «Адыгэ хабзэ», «Пэжым и гъуэгу гугъухэр» тхылъ гъуэзэджэхэр. Абы и фIыгъэ хэлъщ Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий бен Хъусен зи пашэ шууей гупыр адыгэ щIыналъэхэм къызэрыкIуам…
«Уадыгэу упсэуныр гугъущ», - жиIащ усакIуэ Бемырзэ Мухьэдин. Абы къикIыр нэрылъагъу тщещI зи гугъу тщIы, адыгэу дунейм тетыр зэрыгушхуэ лIы губзыгъэм и гъащIэм. Борис гу къабзэ, хьэл-щэн зэтеубыда, лIыгъэ зыхэлъ цIыхут. ПцIыIуэпцIышагъэр илъагъу хъуртэкъым, сыт щыгъуи пэжым и телъхьэт. Абы сыт хуэдэ утыкуми и псалъэ пэжхэр щыжиIэфырт. Арат и цIыхугъэхэми и жагъуэгъухэми пщIэ лей къыщIыхуащIыр.
Акъбащ Борис и лъэпкъ закъуэракъым зыхуэлэжьар. Абы Къэрэшей-Шэрджэсым зегъэужьынми хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ. Ар депутату щыщытам Хабзэ купщIафIэхэр къэщтэным хуабжьу хэлэжьыхьащ. Езым и округым щыпсэухэм яIущIэрт, цIыхухэм я гукъеуэм щIэдэIурт, цIыхубэм пщIэ зэрахуищIыр нэрылъагъуу. Абы щыгъуэ КъШР-м и Адыгэ Хасэри, ДАХ-ри, депутатынри зэдихьырти, адыгэ лъэпкъ закъуэ мыхъуу, куэдым защIигъэкъуащ. Хасэм и бжэр пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху хэти хузэIухат. Хасэм къекIуэлIауэ зы цIыхуи щIигъэкIыжыртэкъым абы IумыщIауэ, и гукъеуэ жримыгъэIауэ. ЩIэдэIу къудейтэкъым, атIэ зыкъызэрыхуагъэза Iуэхум занщIэу иужь ихьэрт.
Ноби фIыкIэ, дахэкIэ ягу къагъэкIыжу апхуэдэщ Борис. Къигъэна лъэужьыр щапхъэ зыхуэхъуахэри щыIэщ:
«Лъэпкъ цIыкIухэм къахэлыдыкI цIыхушхуэхэращ а лъэпкъым и лъагъуэр хэзышыр, гъуэгугъэлъагъуэ хъур. Сригушхуэу куэдрэ согупсыс ди хэкум, Къэрэшей-Шэрджэсым, щыпсэу цIыху мин 50-м нызэрыхьэс ди адыгэ лъэпкъым апхуэдэ цIыхушхуэхэр, зи вагъуэр лъагъуэ тхуэхъуахэр, къызэрытхэкIам! Япэ дыдэу Акъбащ Борис и цIэр щызэхэсхар дзэ къулыкъум сыкъикIыжа нэужьщ. Ар I970 гъэхэрат. Абы щыгъуэм областым зи цIэр ину щыIуа цIыхушхуэхэм ящыщт Акъбащыр. Иджыри и ныбжькIэ щIалэ дыдэми, къэрал IэнатIэшхуэ пэрытт. ЖыпIэнурамэ, Борис абы щыгъуэ Къэрэшей-Шэрджэс областым ис адыгэхэм къытхэлыдыкIа вагъуэт.
Иужьым, Борис и цIэр зэхэсхащ федеральнэ институтым и унафэщIу щыщылэжьами. Ауэ езымрэ сэрэ нэIуасэ дыщызэхуэхъуар нэхъ кIасэущ. Борис удэуэршэрынкIэ зыхуэбгъадэ мыхъунт, цIыху телъыджащэт, акъылышхуэ зыбгъэдэлът. И пси, и къаруи емыблэжу ар лъэпкъ Iуэхум зэрыпэрытар шэч къызытумыхьэжынщ. Борис зым и фIыщIи, зым и псалъи зэи хуэныкъуакъым. Гу къабзэкIэ лъэпкъ Iуэхум пэрытащ.
Ухуэныгъэм папщIэ мывэр, пшахъуэр, гъущIыр, нэгъуэщIхэри уиIэу, цемент уимыIэжмэ, мыдрейхэр сыт ищIысыж? Акъбащ Борис ди лъэпкъ IуэхумкIэ а «цементым» и къалэныр игъэзащIэрт. Нобэ адыгэр зэгупсысын хуейр абы щыгъуэм ди пашэу щытахэм яухуар тхъумэнырщ. Борис цементкIэ игъэбыдэжа лъабжьэр дэркIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэщ. Ар кIуэдынукъым, шэчи къытесхьэркъым абы къэкIуэн жыжьэ зэриIэм.
ПщIэ ин хузощI Акъбащ Борис, сыпcэухукIи а цIыхушхуэм и фэеплъыр сIэтынущ. Апхуэдэ цIыху щэджащэхэр лъэпкъым щыгъупщэ хъунукъым», - жеIэ Дер Вячеслав.
Акъбащыр нэхъыжьми нэхъыщIэми пщIэ зыхуащIу щыта цIыхущ, зи акъылымрэ зэфIэкIымрэ хэкумрэ лъэпкъымрэ къыхуэзыгъэсэбэпа адыгэлI нэсщ. А псоми фIыщIэрэ щытхъуу къыпэкIуар мащIэкъым икIи къэралым куэдрэ игъэлъэпIащ. Акъбащ Борис «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр тIэунейрэ къратащ, «Лэжьыгъэм къызэрыхэжаныкIам папщIэ», «ЩIыщIэхэр къызэриIэтам папщIэ», «ЩIыхь зыпылъ и лэжьыгъэфIым папщIэ» медалхэмрэ РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъхэмрэ къыхуагъэфэщащ.
Акъбащ Борис 2002 гъэм дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 71-м иту. Псэужамэ, мазаем и 14-м ар илъэс 90 ирикъунут.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: