ГупсэОзай Гупсэ пщащэ дахэр адыгэ къуэпс зиIэ тырку актрисэхэм ящыщщ. Ар 1984 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м Измир къыщалъхуащ. Унагъуэм я хэхъуэм щыщ Iыхьэшхуэ иратри, Гупсэ курыт еджапIэ нэхъыфIым ягъэкIуащ. Гушхуэу къэхъуа пщащэм куэдым зрипщытырт, гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэм и зэфIэкI щеплъыжырт. Школым щагъэув спектаклхэм щыджэгурт, уэрэд жиIэрт, зыгуэрхэм запищIыжырт, апхуэдэуи гушыIэ усэхэр гъэщIэгъуэну утыку кърихьэрт. Япэ щIыкIэ абы и адэ-анэм яфIэфIакъым я пхъум зызрипщыт Iуэхухэр. Ауэ Гупсэ IэщIагъэ хуэхъунур илъэс 13 - 14-хэм иту иубзыхуакIэт. Курыт еджапIэ нэужьым ар университетым щIэтIысхьэри, илъэс зыбжанэкIэ радиовещанэмрэ киномрэ я къудамэм щеджащ. Абы фIы дыдэу илъагъурт художественнэ тхэкIэм ущыхуагъасэмрэ режиссурэ дерсхэмрэ. Апхуэдэуи абы дигъэхуртэкъым къафэ, актёр IэзагъэмкIэ хухаха сыхьэтхэр. 2010 гъэм и пэщIэдзэхэм, документальнэ проект зыбжанэ курсовой, диплом лэжьыгъэу зыгъэхьэзыра хъыджэбзыр, лъэпкъ телевиденэм и канал зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэхэм щыпхыкIащ. Гупсэ сценэ иным япэу къыщихьар 2012 гъэращ. «Дуней нэпцI» гушыIэ сериалым абы щигъэзэщIащ Нурхьэят и ролыр. ИлъэситIым нэблагъэкIэ ар екIуэкIати, кIуэ пэтми еплъыр нэхъыбэ хъурт. 2014 гъэм актрисэр «Делихьэ» сериалым щыджэгуащ. МафIитIым яку къыдэна хъыджэбзым и гур мыкIуэду хэкIыпIэ пэжхэр къызэригъуэтым папщIэ а образыр куэдым ягу дыхьат. Алишик Сандри и цIэкIэ щыIэ лъэпкъ саугъэтыр кърата иужькIэ, Гупсэ аргуэру гушыIэ роль «Пщыпхъу» сериалым къыщыхуагъэфащэ. 2018 гъэм и пэщIэдзэхэм адыгэ хъыджэбзым, телевиденэм артисту икIи сценаристу игъэзэжри, «Делихьэ-2» сериалыр трихащ. ЦIыхухэр куэд щIауэ зэжьэ а Iуэхугъуэм хуабжьу щыгуфIыкIащ. 2019 гъэм абы триха «Эльфхэм я зауэ» фильмым и лIыхъужь нэхъыщхьэри, сценариер зейри езырат. ГушыIэ дахэр зи щIасэ хъыджэбзым и лэжьыгъэхэм щIэупщIэшхуэ яIэу цIыхухэр йожьэ.
Поделиться:
Читать также:
19.03.2024 - 11:18 →
ЦIыху лъэужьыфIэ
19.03.2024 - 09:00 →
Абрэджхэр
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
|