Шы псори зэхуэдэкъым

Къэхъуа

Мэртазэ и къуэр зекIуэ къикIыжу Къуэгъулъкъуей къыдыхьащ. Уэрамым къыздрикIуэм сабий гуп джэгуу ирохьэлIэ икIи мурад ещI зы щIалэ цIыкIу къидыгъуу къану ипIыну. Сабийхэм къащыхыхьэм, абы и къамышыр зыIэпигъэхуащ, зы щIалэ цIыкIум ар къыщыхуишиижым, къипхъуатэри ирихьэжьащ. Сабийр Къуэгъулъкъуэхэ яйт.

Унэм къэсыжа иужь щIалэ цIыкIум Мэртазэ и къуэм зыхуигъэзащ:

- Дапщэщ сыбгъэкIуэжыну? - жиIэри.

- Унэ уиIэмэ, кIуэж, унэншэ хъун, бжесIэмэ, ущхьэхуитщ, - иритыжащ абы жэуап Мэртазэ и къуэм.

ЩIалэр Мэртазэхэ я бжэныхъуэт. Апхуэдэу бжэн здигъэхъум, зы шыщхьэ къупщхьэжь губгъуэм къыщигъуэтауэ щIэх-щIэхыурэ абы бгъэдыхьэурэ тхьэусыхэрт:

- Уэ алъпыжь урищхьэт, сэ лIы цIэрыIуэ срикъуэт. Дэнэ къуэладжэ дыдэкIуадэрэ? - жиIэурэ.

Мэртазэхэ я Iэхъуэхэм ящыщ зым абы гу лъетэри, зы махуэ гуэрым гъунэгъу зыхуещIри, щIалэм и тхьэусыхафэм йодаIуэ. Ар Мэртазэ и къуэм и деж куэдрэ нэсыжынт, фIэгъэщIэгъуэн хъуащ губгъуэм илъ шы къупщхьэжьыр алъпым зэрейр къызэрищIар. ЩIалэр къриджэри, шы Iуэхум зэрыхищIыкIыр зригъэщIащ.

Зэгуэрым, Мэртазэхэ я къуэм шы къищэхун мурад иIэу щыдэкIым, щIалэр гъусэ ищIащ. Махуэ псом къакIухьауэ, ягу ирихьын гуэри иримыхьэлIауэ губгъуэм фэджэладжэ дыдэу зы пщIэгъуалэ иту къалъэгъуащ.

- Мис мыр къэщэху, - жиIащ щIалэм.

- Зиунагъуэрэ, мыр зифэжагъыр къуажэм дауэ дэсшэну, псоми ауан дыкъащIынщ, - тегушхуэртэкъым Мэртазэ и къуэр.

Сытми, щIалэм щыхигъэзыхьым арэзы хъури, шыр къищэхуащ. Абы иужькIэ къарэ лъакъуэхурэ пцIэгъуэплъ фэкъурэ зыIэрагъэхьащ. ИлъэскIэ зыхуей хуигъазэу, елIалIэу игъэшхащ ахэр щIалэм. Щыми, уеплъмэ, шы дэгъуэ къахэкIат.

Иджы щIалэр зыхущIэкъур зыт: Мэртазэ и къуэр и пIэ къришу: «Унэ уиIэмэ кIуэж, унэншэ хъун!» зэрыжригъэIэнырт. Арати, Iэмал къилъыхъуэу щIидзащ. «Узэджэр къокIуэ» жыхуаIэрати, куэд мыщIэу зэрыхуейм хуэдэу Iуэхур къекIуэкIащ.

Мэртазэхэ я гъунэгъум я хьэгъуэлIыгъуэт. ЛIыр ираджэри, абы екIуэкIащ, Къуэгъулъкъуэхэ я къуэм пщIэгъуалэр къыщIишщ, уанэр трилъхьэщ, шым шэсри джэгумкIэ екIуэкIащ. ХьэгъуэлIыгъуэм и гуащIэгъуэу зрыригъэхьэлIэри, пщIэгъуалэ къызэщIигъэплъамкIэ пщIантIэм дэтым яхэлъадэри зэбгрихуащ. Мэртазэ и къуэм хъыбар щрагъащIэм, щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъри:

- Унэ уиIэмэ, кIуэж, унэншэ хъун, - жиIэри къыщIэгубжьащ.

- Мис а псалъэхэрт сэ куэд щIауэ сызыпэплъэр, - жиIэри щIалэр къежьэжащ.

Мэртазэ и къуэр жиIам хущIегъуэжауэ, сыт хуэдизрэ къемылъэIуами, къигъэзакъым. Абы пхъэр кIэлъежьащ, къарэ лъакъуэхумрэ пцIэгъуэплъымрэ тесу. Къуэгъулъкъуэхэ я къуэр зэм дыгъэм хуэкIуэу, зэм псыхъуэ мывэр и кIуапIэу Тэрчыпсри Урыхупсри къызэринэкIащ. Сытми, пхъэрхэми яIэщIэкIащ. Урыху бжьэпэм къытеувэжауэ, пхъэрхэр къэсри, псы уэрым къыхэмыхьэфу здэщытым къеупщIахэщ:

- Уи ужь псынщIэу диту дыкъежьащ. Шыхэм псоми зэхуэдэу уелIэлIащ. Сыт апхуэдизу дыкъыщIыпкIэрыхуар?

- Шы къарэр лъэгу щабэщ, псыхъуэ мывэм къыщикIухьыфыркъым, пцIэгъуэплъ фэкъум дыгъэр къытохьэлъэ. ПщIэгъуалэр шым я лейщ, - жиIэри КъуэгъулъкъуейкIэ иунэтIыжащ.

БЕСЧОКЪУЭ Далым.
Поделиться: