Залымхъан и IэдакъэщIэкIхэр ягъэлъагъуэ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъа­гъуэ зи гъащIэ псор сурэт щIыным тезыухуа Индрис Залымхъан къыщIэна лэжьыгъэ купщIа­фIэхэр. 

Индрис Залымхъан и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къызэрагъэпэщыну яубзыхури, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар ягъэхьэзырыну хунэмыс щIыкIэ, мы щIымахуэм зэуэ­зэпсэу дунейм ехыжащ.
Музейм и пэшхэм Залымхъан Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм­кIэ ищIа и лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр иджы щагъэлъагъуэ. Псом хуэмыдэу щIэщыгъуэщ энкаустикэ Iэмалым (краскэмрэ шэхумрэ зэ­гъусэу) ижь зыщIихуахэр. Къы­жыIапхъэщ, Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, а лэ­жьэкIэр къэ­зыгъэ­Iэрыхуар ­Индрисым зэ­риза­къуэр. За­лым­хъан и сурэтхэр адрей­-    хэм къащхьэщызыгъэкIыр, нэ­гъуэщI­хэм щIахэмыгъуащэр Мысырым, Алыджым илъэс минищ и пэкIэ къы­щыунэхуа Iэмалыр къигъэсэбэпурэ, и сурэт­хэр зэрищIарщ. Нэхъы­щхьэращи, шэху (воск) пщтыркIэ ищIа сурэтхэм лIэ­щIыгъуэ мин зыбжанэкIэ зыри къащыщIынукъым, я плъы­фэ­хэми захъуэжынукъым. Дуней псом и сурэтыщI куэдым абы зыщIрамыпщытыр а Iэмалыр зэрыгугъурщ.
- Мы сурэтхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа IэпщIэлъапщIэр зэрытхэкIыжар псоми жагъуэ тщыхъуащ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат выставкэр къыщызэIуихым. - Залымхъан ящыщт зи творчествэм дыдихьэх художникхэм, дэтхэнэ и зы сурэтми тфIэщIэщыгъуэу дыпэплъэрт. А лэжьыгъэхэм щыболъагъу республикэм и щIыуэпсыр, абы щыпсэу цIыхухэр мастерым фIыуэ илъагъуу зэрыщытар. Иджы ахэр и фэеплъу къытхуэнащ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэм я гугъу пщIымэ, Залымхъан и Iэдакъэ къы­щIэкIащ и щхьэгъусэм, бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм я сурэтхэр. ЩIы­уэ­псым, гъэм и зэманхэм, бгы уардэхэм я дахагъэм теухуа­хэри и мащIэкъым. Къищы­нэмыщIауэ, лэжьыгъэ куэд ­хухихащ лъэпкъ хабзэр, фащэр, адыгэм и хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ щIэинхэмрэ хъу­мэным. Абы и лъэныкъуэкIэ гъэщIэгъуэнщ адыгэ хьэгъуэ­лIыгъуэр зэрекIуэкIым триу­хуахэр. Псыежэхым зэпрыкI, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ шууейхэри гукъинэжщ. Ар апхуэдизкIэ IупщIщи, сурэттехкIэ трахам хуэдэщ. Индрис Залымхъан и дэтхэнэ зы сурэтми, ар ирегъатхэ е иребжьыхьэ, гъэм и зэманым и фIыпIэр къыщигъэлъэгъуэжащ. 
Республикэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм Индрисым и Iэдакъэ къыщIэкIахэм увы­пIэфI щаубыд, жылагъуэ ухуэ­ныгъэхэр егъэдахэ, ахэр щIыналъэм и музейхэм я фонд­-   хэм щахъумэ. Къэбэрдей-Балъ­къэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я зы IыхьэфI ­хъуащ абы и лэжьыгъэхэр. А сурэтхэр зылъагъухэм дэрэжэгъуэ къарет. Апхуэдэу Урысейм и щIыпIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыпсэухэм ящыщ куэдым Залымхъан и лэжьыгъэхэр зэ­хуахьэс. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ къеджащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Црым Русланрэ УФ-м щIыхь зиIэ, КъБР-м и цIыхубэ су­рэ­тыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик КIыщ Мухьэдинрэ Индрис ­За­лымхъан хуэгъэзауэ къагъэхьа псалъэ гуапэхэм, творчествэм узэрыхуэлэжьэнум и щапхъэгъэлъагъуэу зэрыщы­там теухуахэм. 
УФ-м и цIыхубэ художник, ­ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик, профессор, Красноярск ксилографие школ къыщызэзыгъэпэща ­Пащты Герман зэхыхьэм хэтхэм яхуиIуэтащ Залымхъанрэ абы­рэ Ткаченкэ Андрей я гъэсэну зэрыщытам теухуа и гукъэ­кIыжхэр икIи фIыщIэ яхуи­щIащ выставкэр къызэгъэ­пэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэм, абы зыкърезы­гъэхьэ­лIахэм, сурэ­ты­щIым и унагъуэм. 
Музейм и выставкэ къудамэм и унафэщI Леонтьевэ Нинэ къытеувыIащ нэхъапэIуэкIэ ­Индрис Залымхъан и гъэлъэ­гъуэныгъэхэр зэрагъэхьэзы­рам, энкаустикэ жанрым ар зэрыхуэIэижьымрэ удэлэжьэну тыншу зэрыщытамрэ къыхигъэщу. 
Индрис Залымхъан и къуэ Тембот къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ и адэм Налшык ­къалэр зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ зэрилъэгъуар. И щхьэ­гъусэ Еленэ къыхигъэщащ иужьрей зэманым, и узыншагъэм къимыхьми, республикэм и гъуазджэм и зыужьыныгъэм абы зэпымыууэ хэлъхьэныгъэ хъарзынэхэр зэ­рыхуищIар, и IэщIагъэм гу къабзэрэ псэ хьэ­лэлкIэ зэры­пэ­рытар. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, выставкэм зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми фIыщIэ яхуищIа нэужь, абы жиIащ къахуэна лэжьыгъэхэр хъума зэрыхъунум зэригъэ­гузавэр, Залым­хъан ахэр ямы­щэу, яхъумэну уэсят зэрищIам къыхэкIыу.
Индрис Залымхъанрэ Еленэрэ я къуэ нэхъыжь Тембот адэм и лъагъуэм ирикIуэжащ, сурэтыщI Iэзэщ, Ткаченкэ Анд­рей и гъэсэнщ. И лэжьыгъэхэр гъэлъэгъуэныгъэ куэдым хагъэхьащ. Я къуэ нэхъыщIэ Мурат УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэщ. Япхъу Маринэ КъБКъУ-м филосо­фиемкIэ щрегъаджэ. 

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: