Къалэн лъапIэр - щIыхьщ

Мазаем и 23-м Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр. Ар 1922 гъэм СССР-м къыщыхалъхьауэ щытащ «Дзэ Плъыжьымрэ флотымрэ я махуэу». 1949 гъэм щегъэжьауэ 1993 гъэ хъуху «Совет Армэмрэ Дзэ-Тенджыз флотымрэ я махуэ» цIэр зэрихьащ. СССР-р лъэлъэжа нэужьи, СНГ-м и къэрал зыбжанэм щагъэлъапIэу къэнэжащ мы махуэр.

ЗэрыжытIащи, нэхъапэм ар Дзэ Плъыжьыр къы­щызэрагъэпэща махуэу къалъытэу екIуэкIащ. АбыкIэ къа­гъэлъэгъуэну хуейт 1918 гъэм а махуэм IэщэкIэ зэ­щIэузэда гуащIэрыпсэухэм нэмыцэдзэхэр Псковрэ Нарвэрэ я зэхуакум деж къы­зэрыщызэтрагъэувыIар. Тхы­дэм сыт и лъэныкъуэкIи хэт хуейми хэпсэлъыхь щыхъуа лъэхъэнэм абы теухуауэ жа­Iэр нэгъуэщIщ. Сыт хуэдэу щымытами, 1923 гъэм мазаем и 5-м Республикэм и Реввоенсоветым и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, мазаем и 23-р ягъэуващ IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я махуэу. Абы лъандэрэ лъапIэ дыдэу къалъытэу щытащ зи гугъу тщIы махуэр. Уеблэмэ ар нэгъуэщI къэралхэми щалъытэрт.
Зэман дэкIри, махуэшхуэм и цIэр зэрахъуэкIащ. Ауэ, зэ­рыгурыIуэгъуэщи, и купщIэр къэнащ. Ядернэ Iэщэ зыбгъэдэлъ, япэу цIыхур хьэршым зыгъэлъэта къэралым апхуэдэ махуэ игъэлъэпIэн зэрыхуейми шэч хэлъкъым.
Пэжщ, иужь илъэсхэм Iэ­щэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я зэфIэкIым нэрылъагъуу зеужь. Сыт апхуэдэ къарухэм Урысейр щIыхуейр? Ди къэ­ралым хузэфIэкI къигъанэркъым дунейм мамырыгъэр щызэтриIыгъэн папщIэ. Ар пхузэфIэкIын щхьэкIэ укъы­зы­къуэгушхукIын къаруи ббгъэдэлъын хуейщ.
Хэкум и хъумакIуэм и махуэр урысей армэм и текIуэ­ныгъэм, и щIыхьым, къарумрэ лъэщагъымрэ, Хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэм я зыкъуэкъым зи махуэр, атIэ лIыгъэм, хэкупсагъэм, хахуа­гъэм я махуэшхуэщ. Мазаем и 23-м дэ дигу къыдогъэкIыж къыдэкIуэтей щIэблэм мамырыгъэ къахуэзызэуа, лъахэр яхуэзыхъума, Хэку зауэшхуэм хэта ди адэшхуэхэр. Нобэ я махуэщ иджыпстуи шынагъуэншагъэр, хуиты­ныгъэр, зэпIэзэрытыныгъэр къыт­хузэзыгъэпэщхэмрэ къэ­ра­лым и лъэщагъыр гъэ­быдэным хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщI­хэмрэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: