Хэкум и хъумакIуэм и махуэм теухуауэ КъБР-м и Iэтащхьэм и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу­хэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Сынывохъуэхъу Хэкум и хъума­кIуэм и махуэмкIэ!
Нобэрей махуэшхуэр лIыхъужьыгъэмрэ хэкур фIыуэ лъагъунымрэ къэралым и тхыдэм хахуагъэкIэ гъэнщIа и напэкIуэцIхэм, нэхъыжь­хэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэмрэ я зэпыщIэныгъэм я нэщэнэщ. ЛIэщIыгъуэхэр зэблэкI пэтми, цIыхухэр текIуэныгъэшхуэхэм нэхъри зэкъуигъэувэу, я Хэкум иригушхуэу, хэкуэгъухэм я лIыхъужьыгъэм ирипагэу къогъуэгурыкIуэ.
Нобэ дэ щIыхь яхудощI псэемыблэжу зи хэкур зыхъума, къыщалъхуа щIым и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа, къэралым и шына-гъуэншагъэр къы­зэзыгъэпэща дэтхэнэ зыми. ПщIэш­хуэ яхуэфащэщ гурэ псэкIэ Хэкум къулыкъу хуэщIэныр IэщIагъэу къыхэзыхахэу хэкум и мамыр гъащIэр зи нэIэ щIэтхэм, хэкупсагъэр зи лъым хэтхэм, къулыкъумрэ къалэнымрэ хуэпэжу зи IэнатIэр езыхьэкIхэм.
Псалъэм я нэхъ гуапэмрэ фIыщIэ мыухыжрэ яхудогъэфащэ Хэку зауэшхуэм хэтахэм.
Нобэрей махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Хэкумрэ нэхъри зедгъэужьыным хуэгъэпса ди мурадыфIхэр зэдгъэхъулIэным и тегъэщIапIэу щрет.
Узыншагъэ быдэ, ехъулIэныгъэ фиIэу зэIузэпэщу фыпсэуну сынывохъуэхъу.

Поделиться: