1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэм я псэ емыблэжу щызэуахэм, ди къэралым и къыщхьэщыжакIуэ, хъумакIуэ нэс хъуахэм ящыщщ Кыщпэкрэ Венэрэ я зэхуаку дэлъ гъуэгуанэшхуэр щIыхь пылъу зыкIуа Ныбэжь Хьэжмырзэ.
1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-р совет цIыхубэм гуауэшхуэ къахуэзыхьа махуэт. Хэкупсэу, цIыху пэжу къэралым ис дэтхэнэри пабгъэрт фронтым кIуэуэ бийм пэщIэувэну. Зауэм щыщIидза дыдэм кыщпэкдэсхэм ящыщ куэд Iухьащ абы. А илъэсым дамышами, Ныбэжь Хьэжмырзи хущIэкъурт хэкур хуит къэщIыжыным и къару ирихьэлIэну. Зауэр къыщыхъеям щыгъуэ, ар унагъуэ хъуакIэт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэун щIэзыдза Хьэжмырзэрэ и щхьэгъусэ Хьэмилэтрэ зэкIэлъхьэужьу къащIэхъуат хъыджэбзищ: ХьэIишэт, Татьянэ, Рае сымэ. Абыхэм ящыгуфIыкI пэтми, зэщхьэгъусэхэр щIэхъуэпсырт я лъэпкъ къуэпсым адэкIэ къыпызыщэн щIалэ яIэным. Тхьэм и фIыщIэкIэ, а гуращэр нахуапIэ яхуэхъуащ Ныбэжьхэ. 1942 гъэм абы-хэм я унагъуэм къихъуащ куэдрэ зыпэплъа щIалэ цIыкIур. Хьэсанэ зыфIаща сабийм гу щихуэну хунэмысу, Хьэжмырзэ мыгувэу фронтым ираджащ икIи зауэр иухыхукIэ бийм пэщIэтащ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу.
И щхьэгъусэр зауэм щыдэкIауэ щыта махуэр иужькIэ куэдрэ игу къигъэкIыжу щытащ Хьэмилэт. Абы жиIэжу зэрыщы-тамкIэ, бынунагъуэм сэлам щарихыжым, Хьэжмырзэ IэплIэ яхуищIыжащ и хъыджэбзищым. ЩхьэнтэкIэ къэгъэтIылъыхьауэ пIэкум ис Хьэсанэ цIыкIу мазиплI хъуа къудейуэ арат абы щыгъуэ. «Е си хъарып цIыкIу мыгъуэ, тIэкIу унэхъ ину щытами сыт хъунт, хъыджэбзищым языхэзым ураныбжьу укъэзгъэнами аратэкъэ?.. Ди лъапсэр зыхъумэжыфын, ди лъэпкъым къыпызыщэн ухъуну Тхьэшхуэм солъэIу…» - арат абы щыгъуэ адэм сабийм жриIар, и нэпсыр къыфIекIуарэ и Iэ пхъашэр абы и щхьэфэм дилъэурэ.
Хьэжмырзэ щыдэкI дыдэм Ныбэжьхэ я пщIантIэм къыдыхьат жылэм я ефэнды Къумыкъу Исуф. Зауэ IэнатIэ хьэлъэм, псэ- зэпылъхьэпIэм пщэдей Iуувэну щIалэм къритащ езыр зытебжа ахъшэ жьгъей цIыкIу, абы къихъумэну Тхьэ зэрыхуелъэIуар къыжриIэри.
Фронтым Iут дэтхэнэ зауэлIми хуэдэу, гугъуехь куэд ишэчащ, гухэщI мымащIи игъэващ Хьэжмырзэ. Ар яхэтащ ди къэралыр хуит къэзыщIыжахэми, хамэ щIыналъэхэр фашизмэм и «бэджыхъым» къыIэщIэзыхыжахэми. Шынагъуэ куэдым къелащ Ныбэжьыр. ИтIани, сыт хуэдэ гузэвэгъуэ пэщIэмыхуами, щтэуэ имыщIапхъэ илэжьакъым, атIэ зэрыхуа щытыкIэ гугъум лIыгъэрэ губзыгъагъэрэ хэлъу къикIыфащ. Абыхэм ящыщ зыт ар Венэ къалэр хуит къыщащIыжым зэрыхуа щытыкIэр. УIэгъэщым къызэрыщIэкIыжрэ куэд дыдэ дэмыкIауэ, ар зауэ гуащIэм щыхэхуат Австрием. ЕбгъэрыкIуэныгъэм хэт зауэлI гупым я командирыр яукIати, пашэ зыщхьэщымытыж гупыр зы напIэзыпIэкIэ щтэIэщтаблэ хъуат. Абы зэуэ гу лъызыта Ныбэжь Хьэжмырзэ унафэр къищтэри, гупыр зэщIигъэуIуащ. «Вперёд, за Родину! Алыхьыр къыддэIыпыкъунщ!» - апхуэдэу урысыбзэри адыгэбзэри зэхэту и гъусэхэр къыхуриджэри, ебгъэрыкIуэныгъэм пащауэ щытащ абы щыгъуэ, нэхъыщхьэрати, ар ехъулIэныгъэкIэ зэфIахат. АдыгэлIым къыкъуэкIа апхуэдэ лIыгъэм къыпэкIуат «Вагъуэ Плъыжь» орденымрэ Сталиным и Iэр зыщIэлъ ФIыщIэ тхылъымрэ.
Апхуэдэу лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу Хэкур бий бзаджэм щызыхъумахэм яхэтащ Хьэжмырзэ. Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ иуха нэужь, абы къигъэзэжащ щалъхуа и щIыналъэм. Я къуажэ къыщысыжар зауэр иухыу зы илъэси дэкIыжа нэужьщ. «Вагъуэ Плъыжь» орденым нэмыщI, абы и бгъэгум щылыдырт медаль куэди. Зауэм къыщытехуа удынхэм, уIэгъэхэм я лъэужьхэр къытенат абы и щIыфэм. Нэрылъагъу дыдэт и жьэпкъым хуэкIуэу телъ дыркъуэ кIыхьыр. Ауэ а псоми асыхьэтым мыхьэнэ яIэжтэкъым. Нэхъыщхьэрати, ар псэууэ и быным къахыхьэжат. ЖиIэжу зэрыщытамкIи, ефэндым кърита жьгъей цIыкIум и фIыгъэ куэди абы хилъагъуэрт.
- Ди адэм къыздихьыжауэ щытащ къэзыхъумауэ жыхуиIэ а ахъшэр. Ар сэбэп къыхуэхъуами, Тхьэм ещIэ, ауэ, насыпыншэу къыщIэкIынтэкъыми, зауэм зыщрихьэлIа гугъуехь куэдым къелри, псэууэ ди унагъуэм къихьэжащ, - и адэм и хъыбар къытхуеIуатэ Хьэсанэ. - Ди адэр къэкIуэжу гъуэгу здытетым, ди жылэм а лъэхъэнэм щызэхэта колхозым и тхьэмадэ Гуэщокъуэ Хьэкъубат губгъуэм ит хьэмым деж щыхуэзауэ щытащ. Абы къигъэкIуауэ жиIэри, ди деж а махуэм къыдэлъэдат зы щIалэшхуэ. Ар пощтзехьэу къуажэм диIэт. «Хьэмилэт! ГуфIапщIэ къызэт! Хьэжмырзэ хьэмым деж къэсыжауэ къокIуэж!» - кIийуэрэ къажэрт ар.
Илъэс лъандэрэ зи хъыбар имыщIэ и щхьэгъусэр къахуэкIуэжу зэхэзыха Хьэмилэт гуфIапщIэу итынут иIэм я нэхъыфIыр. Хьэжмырзэ зэригъэпэщауэ щытауэ бжэн хъушэ яIэт Ныбэжьхэ, зы ажэжь бла-нэ я пашэу. Ар гуфIапщIэу щIалэм иритат Хьэмилэт. ЦIыкIуу щытами, а къэхъукъащIэр Хьэсанэ и нэгум ноби щIэтщ: ажэжьым и бжьакъуэ къэгъэшахэр зи Iэблэм фIэлъ щIалэшхуэм зи фIалъэ лъакъуэхэр Iэта ажэжьыр диш хуэдэщ иджыпсту, абы зэрыжиIэмкIэ.
Тхьэм иухати, зауэми уIэгъэхэми къелри, апхуэдэу быным къахыхьэжат Хьэжмырзэ. Махуэл димыгъэкIыу ар яхыхьащ бийм зэтрикъута цIыхубэ хозяйствэр зэфIэзыгъэувэжхэм. Еш имыщIэу ар щылэжьащ колхозым, сыт хуэдэ IэнатIэ къыхуагъэлъэгъуами, ар зэрыригъэфIэкIуэным хущIэкъуу, пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ къалэнри дагъуэншэу зэфIихыу. Къэхъуащ Хьэжмырзэ и хъыджэбзхэри, нэхъыбэу зытегузэвыхьа и щIалэ закъуэри. Ахэр псори унагъуэ хъужахэщ, щIэблэ дахи къатехъукIыжащ.
Зауэм къыщытехуа уIэгъэхэр къэятэжри, 1958 гъэм дунейм ехыжащ Хьэжмырзэ. Хъыджэбзхэр унагъуэ хъуами, Хьэсанэ 8-нэ классым щIэсу арат абы щыгъуэ. ЩIалэ закъуэр къэхъуащ, и адэм и щапхъэр гъащIэ гъуазэ хуэхъуу. Абы ехъулIэныгъэкIэ къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и мэкъумэш факультетыр икIи я къуажэм илъэс куэдкIэ щылэжьащ инженеру. Унагъуэ дахи иIэщ Хьэсанэ: щхьэгъусэфI, щIэныгъэфIрэ IэщIагъэ екIурэ зиIэхэу зыпхъурэ къуитIрэ.
Хьэжмырзэ илъэс 35-кIэ кIэлъыпсэужа Хьэмилэт, Тхьэм и фIыщIэкIэ, илъэгъуащ хъыджэбзхэми щIалэ закъуэми я насып куэд, къуэрылъху-пхъурылъху IэфIхэр. Жьыщхьэ махуэ хъуауэ, и щIалэгъуэм имыIа тыншыгъуэр и къуэмрэ и нысэмрэ ирагъэгъуэтыжауэ, 1993 гъэм дунейм ехыжащ ар.
Хэку зауэшхуэм лIыгъэ иIэу хэта, ТекIуэныгъэ иныр къэралым къыхуэзыхьахэм ящыща Ныбэжь Хьэжмырзэ, быныр, джэд къуртым хуэдэу, тегужьеикIауэ зэщIэзыпIа Хьэмилэт сымэ я фэеплъ нэхухэр сакъыу яхъумэ абыхэм къащIэхъуа щIэблэм, иригушхуэу, гъэсэныгъэ щапхъэ яхуэхъуу. Апхуэдэ адыгэ унагъуэхэращ лъэпкъым и къэкIуэнур зыгъэдахэр.