Зэшхэм я лIыгъэр

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм дигу къыдогъэкIыж абы и щхьэхуитыныгъэм щхьэмыгъазэу щIэзэуахэр. Ди къэралым зы унагъуи ису къыщIэкIынкъым 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и гузэвэгъуэмрэ бэлыхьымрэ зымышэча, куэдми-мащIэми абы и ­мафIаем имылыпщIа. Сэ сыкъызыхэкIа Таухэ я унагъуэми къате­хуащ а зэман хьэлъэм и удын. ЛIыхъужьыгъэ хэлъу фашист зэрып­хъуакIуэхэм япэщIэтащ ди адэ Тау ХьэзрэIил. Абы и шынэхъыщIэ ­Бориси хахуэу зэуащ, къикIуэт имыщIэу, и псэри ди хуитыныгъэм ­папщIэ итащ.

Ди адэшхуэ-анэшхуэхэу Таухэ Хьэмщэтрэ Баблинэрэ ящыщащ ­гъащIэщIэр гурэ псэкIэ къэзыщта щхьэлыкъуэдэсхэм. ЛIэщIыгъуэ блэкIам  и  Жэпуэгъуэ революцэ иным иужькIэ къэралым щаухуэу ­хуежьа псэукIэщIэм и телъхьэу щытами, Хьэмщэт хунэсакъым абы и фIыгъуэ илъагъуну. Ар гуузу яукIауэ щытащ совет властым и бийхэм. Сабиитхур и закъуэу къызыхуэна си анэшхуэр Джэрмэншык къэIэп­хъуэжат, и дыщым пэгъунэгъуу. Я адэм и гъащIэр щапхъэу яхуигъэ­лъагъуэу ­абы ипIащ и бынхэр, захуагъэм, пэжыгъэм я телъхьэу.
Ди адэ ХьэзрэIил зэкъуэшитIым я нэхъыжьт. Илъэс 16 фIэкIа мыхъуауэ ар хыхьауэ щытащ комсомолым. Жылагъуэ IуэхухэмкIэ хуабжьу жы­джэру, урысыбзэми хуэшэрыуэу зэрыщытым гу лъамытэу къэ­накъым. 1939 гъэм ар ягъэуващ ди республикэм и Суд нэхъыщхьэм и комен­дан-ту икIи тэрмэшу. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ щIалэр юрист IэщIагъэм Орджоникидзе (иджы Владикавказ) щыхуеджащ, иужькIэ ар цIыхубэ судыщIэу щылэжьащ Прималкинскэ районым. Хабзэм, захуагъэм дапщэщи и телъхьэ ХьэзрэIил щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру хэтащ.
Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, ар зэуапIэм Iухьащ икIи лIыгъэрэ ха­хуагъэрэ къигъэлъагъуэу бийм пэщIэтащ. Ар хэтащ Сталинград нэ­мыцэхэм ящызыхъумахэм. Абы и Iэшэлъашэхэм щекIуэкIа зэзауэ гуа­щIэхэм ящыщ зым ди адэр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи сымаджэщым зэман кIыхькIэ щIэлъащ. Абы къыщIэкIыжа нэужь, ХьэзрэIил хущIэ­къуащ зэуапIэм Iухьэжыну, арщхьэкIэ и узыншагъэм иIэ хъуа сэкъатым тращIыхьри, ар и щIыпIэм къагъэкIуэжащ. ЗауэлI хъыжьэр икIи ком­мунист пэжыр занщIэу хыхьащ Лэскэн щIыпIэм къыщызэрагъэпэ­щауэ щыта партизан отрядым икIи ди щIыналъэр хуит къащIыжыхункIэ а гупым хэту зэуащ.
1943 гъэм и пэщIэдзэм ар хахащ Налшык къалэм и цIыхубэ судыщIэу, иужькIэ НКВД-м пыщIа IэнатIэхэм щылэжьащ. Апхуэдэу ХьэзрэIил пэрытащ парт, нэгъуэщI лэжьапIэ IэнатIэхэм. Сыт хуэдэ къалэн пщэрылъ къыхуащIами, ди адэм ар ирихьэкIащ жэуаплыныгъэ зыхищIэу, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ и гъуазэу. Абы къыхуагъэфэщащ къэрал дамы­гъэ зыбжанэ, щIыхь, щытхъу тхылъхэр. Ди адэр дунейм ехыжащ 1973 гъэм и гъатхэпэм.
ХьэзрэIил хуэдэу цIыху Iэдэбу, жыджэру, пэжыр и гъуазэу щытащ абы и къуэш нэхъыщIэ Бориси. Школ нэужьым абы къиухащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэр, адэкIэ Къэбэрдей-Балъкэр пединститутым и щIэныгъэм  щыхигъэхъуащ.  ЕджапIэм щызэфIих лэжьыгъэм къы­дэкIуэу, Борис усэным, тхэным дихьэхырт. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр щызэхуэхьэса «Догъагъэ» тхылъыр дунейм къытехьауэ щытащ 1939 гъэм. А илъэс дыдэм ар хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. Зауэм ипэ илъэсхэм Борис къалащ­хьэр щыIащ, НКВД-м и школым и кур­санту. Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь, ар зыхэт 35-нэ танк бригадэр къалащхьэр бийм щызыхъумахэм ящыщащ. ИужькIэ Калинин фронтым и 16-нэ дзэм хагъэхьэжащ. Тверь областым хиубыдэ Старицэ къалэм 1942 гъэм и ­гъэмахуэкIэм щекIуэкIа зэхэуэ ­гуащIэхэм ящыщ зым уIэгъэ хьэлъэ ­щыхъуащ ди адэ къуэшыр икIи и псэр итащ.
Ди анэм куэдрэ жиIэжу зэхэтхат ди анэшхуэ Баблинэ и къуэм ежьэурэ дунейм зэрехыжар. Ар гугъэрт и къуэ нэхъыщIэри, нэхъыжьым хуэ-дэу, псэууэ къыхуэкIуэжыну, хуэхъуапсэрт абы унагъуэ насыпкIэ, бын цIыкIухэмкIэ. Ди анэшхуэр сымаджэу куэдрэ хэлъащ. Нэхъ хьэлъэ ­щыхъуа зы пщыхьэщхьэ гуэрым ар Тхьэм елъэIуауэ жаIэ мыпхуэдэу: «Си Борис сымылъагъужынумэ, Алыхь дыщэ, ныжэбэ си псэр хэх…» Нэхущым ди анэшхуэр дунейм ехыжащ…
Тау Борис зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм папщIэ къэрал дамыгъэ зыбжанэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. Абы и цIэр дыщэпскIэ къыщыхаIущIыкIащ зи хуитыныгъэм папщIэ и псэр щита Старицэ къалэм Хэку ­зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ щагъэува фэеплъым. Тау Борис Хьэмщэт и къуэм и цIэр тетщ КъБКъУ-м и пщIантIэм дэт апхуэдэ фэеплъми, ­КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм деж фIэлъ фэеплъ пхъэбгъуми, Джэрмэншык къуажэм дэт курыт школым щаухуа фэеплъми.
Ди адэ къуэшым ещхьу сэри егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэсхащ. Абы теухуауэ зэхэсха хъыбархэмрэ унагъуэм къытхуэна сурэтхэмрэ я лъабжьэу Борис и шыфэлIыфэр си нэгум куэдрэ къыщIохьэ.
Ди къэралым и хуитыныгъэм папщIэ я псэр зытахэм я фэеплъхэр, ­зауэ IэнатIэм хахуэу Iутахэм я цIэхэр тщымыгъупщэу, яхуэфэщэн пщIэрэ щIыхьрэ ялъыдгъэсу дыпсэун хуейщ. Абыхэм зэрахьа лIыгъэр ди тхы­дэм къыхэнащ хэмыгъуэщэж лъэужьу.

 

 

 

 

 

 

 

 

ТАУ (ЧЫЛ) Иринэ. Аруан куей.
Поделиться: