И макъыр дахэщ, и гур къабзэщ

Дахагъэ къэзыгъэщIыфIым и гур нэхущ. Апхуэдэщ гъуазджэм и цIыху пажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист Батыр Мухьэдин. Мухьэдин хуэпэжщ и IэщIагъэм, нэхъыщхьэращи, лъэпкъым псэ къабзэкIэ бгъэдэтщ. ЕгъэлъапIэ абы и пщIэр зыIэт дэтхэнэ Iуэхугъуэри.

ЦIыхум и хьэлщ къызыхэтэджыкIа сабиигъуэм щIэх-щIэхыурэ игъэзэжын, абы къыщына IэфIыгъэхэр игу къигъэкIыжын. Батыр Мухьэдин и сабиигъуэр щигъэкIуащ Къулъкъужын. ФIыуэ елъагъу и сабиигъуэр щIэзупскIа дахагъэхэр - бгыр, псыр, губгъуэр. ЗэрыцIыкIурэ уэрэд жыIэным дихьэхырт: «Си адэ къуэш нэхъыжьым и къуэм уэрэд жиIэу щытащ. СфIэдахэт абы и макъыр, сыдихьэхт, - жеIэ. - Сэри уэрэд жыIэныр си жагъуэтэкъым. Школым пшыхь гуэрхэр щекIуэкIмэ, уэрэд жысIэрт. Еханэ классым сыщIэсу, ин ухъумэ, дэнэ ущеджэну ухуей? - жаIэу къыщызэупщIам, Ленинград сыщеджэнущ! - жысIауэ щытащ.

ИкIи щеджащ ар Ленинград. Школыр къиуха нэужь, Налшык дэт музыкэ училищэм щIэтIысхьащ. Ауэ ар къимыухыу, армэм дашащ. КъэкIуэжри, училищэм щезыгъэджа Къуэдзокъуэ Владимир и чэнджэщкIэ куэд дэмыкIыу щIэныгъэм и гъуэгу кIыхьым теуващ. Ленинград кIуащ ар, еханэ классым щIэсу жыхуиIауэ щыта и мурадыр зригъэхъулIэну. Консерваторэм щигъэкIуа илъэсхэр гуапэу игу къегъэкIыж: - ЦIыху цIэрыIуэ куэд щеджащ а консерваторэм. Абы нэхъри дигъэгушхуэрт. Сыт хуэдиз дахагъэ щытлъэгъуа! Гъуэгум укъызэпрыкIмэ, Марьинскэ театрыр щытти, абыи дыкIуэрейт.

Артистым и гугъу ещIыж а зэманыр нэхъри гукъинэж щызыщIхэм: - Консерваторэм экзамен щызиIэу, Глинкэ и «Забуду ль я» романсыр жысIэну утыкум сыкъихьат. Ар жысIэри, адэIэ къыкIэлъыкIуэ псалъэхэр сщыгъупщэжащ. Аргуэру къытызогъэзэжри ардыдэр жызоIэж. КъысхуэщIэжыркъым… Псори ину мэдыхьэшх. А махуэм экзамен сымыту сыкъэкIуэжауэ щытащ.

И Хэку, и унагъуэ пэIэщIэу щеджэм Батырыр, дауи, зыгуэри хуэныкъуащ. Абы щымэжэлIаи, пхъэнкIакIуэу щылэжьаи къыхуихуащ. Дыхьэшхыу зы хъыбар игу къегъэкIыж: - «Алыхьым къысхуигъэгъу жызоIэ, жи, ар сигу къыщыIыжкIэ. Гъуэгум срикIуэу, щIым сомитху щылъу гу лъыстащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, си закъуэтэкъым сомитхум нэ езыщар - фызыжь гуэри ахъшэм хуэкIуэрт. Зы дакъикъэкIэ фызыжьымрэ сэрэ ди нэхэр зэтехуэри, псалъэ лъэпкъ хэмыту, абы нэкIэ гурызгъэIуащ ахъшэм сэ нэхъапэ сызэрынэсынур. Хьэлъэу хэщэтыкIри, IукIыжат».

Санкт-Петербург щыщыIэм Мухьэдин и егъэджакIуэу щытащ Урысейм и цIыхубэ артист Сервальд Нинэ Александровнэ. Абы Мухьэдин къыжриIэрт: «ЦIыхум зэчий бгъэдэлъмэ, и щIакхъуэ Iыхьэр къыхуэлэжьыжынущ. Абы къыдэкIуэу гу къабзи кIуэцIылъмэ, ар нэхъыбэжщ - щIакхъуэм тхъуцIынэ тецIэлъауэ иIэщ. Уэ, Мухьэдин, макъри гу къабзэри уиIэщ».

Батыр Мухьэдин къэрал куэдым щыIащ, концерт куэд итащ, роль зэмылIэужьыгъуэхэр игъэзэщIащ. НэхъыфI дыдэу илъагъухэм ящыщщ «Дахэнагъуэм» хэт Джаримэс и ролымрэ, «Къамботрэ Лацэрэ» хэт Къамбот и ролымрэ. Ахэр езым япэу игъэзэщIащ. И гум зэрыдыхьэм хуэдэу образхэр зэфIигъэуващ. КъехъулIахэр щIэныгъэми ирепх: « КIыщокъуэ Алим и «Нал къута», Къармокъуэ Мухьэмэд и «Щихухэр иджыри мэкI» романхэм уемыджауэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и «Нанэ» усэр гукIэ умыщIэу, дауэ гъащIэм ифI, и Iей зэрызыхэпщIэнур?! Пушкинымрэ Лермонтовымрэ я усэхэр - щэ! … Си жагъуэ хъуращи, иджыпсту тхылъ еджэр мащIэщ. ЩIэныгъэншагъэращ иджыпсту щIалэгъуалэр щызыгъауэр».

ЦIыхум сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ иIэми, ар цIыхуу къэнэжын хуейщ. Армыхъуамэ, псори псыхэкIуадэщ. Апхуэдэущ Батырыр гъащIэм зэреплъыр: «Нэхъ лъагэу зыпIэтыху, нэхъ къызэрыгуэкIыу ущытын хуейщ».

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: