Испыхэмрэ абыхэм я унэхэмрэ

Испыхэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж.

Испыхэр шы папщIэу зытесыр тхьэкIумэкIыхьт, иныжьхэр лIыщIэу ягъэлажьэт. Я тхьэмадэ жьакIэхур я пашэу ахэр къуршым щыпсэурт, я быдапIэхэмрэ испы унэ цIыкIухэмрэ ису. IуэрыIуатэм къызэрыщыхьамкIэ, испыхэр лъэпкъкIэ НэщIгъущIыдзэм къытекIащ.

Испыхэм я псэукIэр нартхэм я псэукIэм ещхьщ. Абыхэм хуэдэу мэщакIуэ, щIыгур ялэжь, Iэщ ягъэхъу; языныкъуэ нартхэм хуэдэуи испыхэр тхьэпэувщ (тхьэпэщIэтщ). Испыхэмрэ нартхэмрэ яку зэзэмызэ зэныкъуэкъу къыдохъуэ.

Псалъэм папщIэ, испы пашэм Сэтэнейр ехь, нартхэм ар хуит къащIыжу испыхэм я быдапIэр зэтракъутэ, зыдыгъуар яукI. Ауэ чынтхэмрэ нартхэмрэ яку дэлъ зэбииныгъэм хуэдэ испыхэмрэ нартхэмрэ зэхуаIэкъым.

Абы къыщымынэу, испыхэр нартхэм сэбэп яхуохъу: гъубжэ зэращIыр ирагъащIэ, нэчыхькIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэ. Испыпщым и пхъур нарт Хъымыщ фызу къешэ. Абы ипэ къихуэу испы пщащэм Хъымыщ псалъэ Iех «мыгъуэ цIыкIу» жиIэу зэи къыжримыIэну. Шхын гъэхьэзырыным куэдрэ пэрыта и фызым «мыгъуэ цIыкIур» къыжьэдэхуу щыжриIэм, зи псалъэ зымыгъэпэжа Хъымыщ къигъанэри, сабийр ныбэрылъу испы-гуащэр икIыжащ.

ЩIалэ цIыкIур къыщыхъум (ар нарт лIыхъужь Батрэзт), и быдзышэ Iуимыгъахуэу нартхэ яритыжащ. Батрэз и анэ-быдзышэм щыщ зы Iэпхъуалъэ из Iухуауэ щытамэ, дунейр жыхьэнмэ ищIыфын хуэдизу къару иIэнут. Нартхэ я фыз Iущу Вакъуэ Нанэ, Батрэз къану зратар, испы-гуащэм и чэнджэщхэмкIэ сабийр ипIащ. IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, испыхэр я пагагъэм къыхэкIыу тхьэм игъэкIуэдащ. Испыхэр щыкIуэдыжым, тхьэкIумэкIыхьхэр

лъэхъауэ къагъэнати, аращ ахэр иджыри къыздэсым пкIэуэ-лъэуэ къыщIажыхьыр. Мис аращ IуэрыIуатэм жиIэр.

Кавказ лъэпкъхэм яхъумэ пасэрей щIэинхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэм хабжэ испы унэкIэ дызэджэр - дольменхэр. Ар мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа унэ цIыкIухэрщ. Ар я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэу илъэс мини 5 и пэкIэ псэуахэм. Аращ а лъэпкъхэр зэрыс щIыналъэхэм къыщIыщагъуэтари. Мыр Урысей Федерацэм и щэнхабзэм и беягъышхуэщ. Мывэ джей фэеплъхэр нобэ Абхъаз Республикэм, Краснодар крайм, Адыгей Республикэм ущрохьэлIэ.

Шэч къызытумыхьэнщ КIахэ Кавказым къыщагъуэта испы унэхэр пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм (абазэхэм, абхъазхэм, убыххэм, кIахэ адыгэхэм, шапсыгъэхэм) я IэдакъэщэкIыу зэрыщытыр. КъуэкIыпIэ - Ищхъэрэ Кавказым щыIэ испы унэхэр псори зэхэту мини 2-м нызэрохьэс, абы щыщу I00-м щIигъум Абхъазым ущрохьэлIэ, адрейхэр псори Адыгэ Респуликэмрэ Краснодар хэгъэгумрэ щыIэщ.

Мы унэхэр зыджа щIэныгъэлIхэм гу лъатащ дольменхэм я нэхъыбэм я гупэр дыгъафIэ лъэныкъуэмкIэ зэрыгъэзам. Испы унэхэр а щIыкIэм тету щIащIым, зэращI щIыкIэр иджыри нэсу къахутакъым. Абы теухуауэ щIэныгъэлIхэм Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ яIэщ. Псалъэм папщIэ щIэныгъэлI, къэхутакIуэ зы гупышхуэм зэдэарэзыуэ къызэдащтащ мыпхуэдэ еплъыкIэ: дольменхэр иныжьхэм яухуащ цIыху хэмыхъуэ цIыкIухэм я лIакъуэм абыхэм шынагъуэмрэ уэлбанэмрэ зыщыщахъумэн хуэдэу. А цIыху хэмыхъуэхэр гуащIэмащIэти, псэуалъэ яухуэну я къару хурикъуртэкъым, таурыхъхэм къызэрыхэщыжымкIи, ахэр апхуэдизкIэ цIыкIухэти, тхьэкIумэкIыхьхэм шэсырти, абыкIэ зэхэзекIуэрт.

Апхуэдэ цIыхухэм я унафэкIэ, зи блынхэри унащхьэри мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа, зи пэш фIэкIа мыхъу унэ ирагъэщIырт. А хабзэм къежьапIэ хуэхъуар нарт Бэдынокъуэ и адэр зэригъэпщкIуам теухуа хъыбарыжьым къыщылъыхъуэн хуейщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Бэдынокъуэ и адэр Жьыгъэибг щидзын хуейт, ар зекIуэ ежьэхэм ядэмышэсыфу, щакIуэ мыкIуэфу, икIэрауэ унагъуэм къыщымысэбэпыжыфу жьы зэрыхъуам щхьэкIэ. арат нартхэм я хабзэр. Ауэ Бэдынокъуэ апхуэдэу ищIакъым икIи и адэр игъэпщкIури, псэууэ къигъэнащ. Дэнэ ар абы щигъэпщкIуар? Кхъэлэгъунэм ещхьу, блын джабиплIрэ унащхьэрэ зиIэ мывэ унэрщ. Ар пэж дыдэу кхъэлэгъунэт икIи Псатхьэм щымышынэу зы цIыху абы еIусэфынутэкъым. Мис ар япэ дольмену щытмытауэ хэт жызыIэфынур?

ГъэщIэгъуэнщ, ауэ иджырей цIыхухэм а испы унэхэм уэгум къыхэкI къару ябгъэдэлъу зи фIэщ хъухэр яхэтщ. Шэч къызытумыхьэр зыщ, абы и щIыпIэм ущитым деж даущыншэ хъу дунейм уи гупсысэр куэдым зэрыхуишэрщ, къару нэрымылъагъу гуэр уиIэу къызэрыпщигъэхъурщ.

Къыхэгъэщыпхъэу фIэщхъуныгъэмрэ абы пыщIа хабзэу цIыхухэм зэрахьэмрэ иджыри къыздэсым и кIэм нэсу зэрамыджар езы испы унэхэми ещхьу. Иджырей археологхэр а Iуэхум епха хьэпшып зэмылIэужьгъуэхэм щыIууэкIэ, гъэщIэгъуэну тотхыхь, ауэ къагъуэтахэр зэпхам щхьэфэду фIэкIа лъэIэсыркъым. Апхуэдэу щытми, дольменхэм къапкърокI ахэр зыщIауэ щыта лъэпкъхэм я щэнхабзэ псэкупсэм теухуа хъугъуэфIыгъуэ куэд, къыдагъащIэ а цIыхухэр ухуэныгъэм хэзагъэу, гъущIми, къупщхьэми, мывэми, ятIагъуэми я щэхухэм щыгъуазэу зэрыщытар.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: