Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ

ХъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ

Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.

Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ 1999 гъэм ЮНЕСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м - 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щыщызэтраукIам техуэу. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.

2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.

Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр, курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм щаублащ мазэ лэжьыгъэхэр. Ахэр яхуэгъэпсащ ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным, зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэным.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

 

Лъэпкъыр зыхъумэ Iэмэпсымэ нэхъыщхьэ

Дэтхэнэ бзэри зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ хъугъуэфIыгъуэ инщ, къэхъугъэ лъапIэщ. Дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ бзэ щIэныгъэлI Краусс иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, Аляскэм щыпсэу лъэпкъ 20-м я анэдэлъхубзэхэм ящыщу 2 къудейщ абыхэм я школхэм щаджыр, Урысей Федерацэм и ищхъэрэ щIыналъэхэм щызекIуэ анэдэлъхубзэ 30-м щIигъум ящыщу щIэблэм яджыр 14-щ. США-мрэ Канадэмрэ щыпсэухэм яIурылъ анэдэлъхубзи 187-м щыщу 149-р мэкIуэдыж, Австрием и бзэхэм я процент 90-р къэкIуэну зэманым «лIэжынущ». ЩытыкIэ шынагъуэм итщ ди къэралым и бзэхэм я процент 60-ри.

Апхуэдэ гузэвэгъуэ адыгэбзэм къылъэмыIэсын папщIэ, абы хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ хуэтщIын хуейщ. Анэдэлъхубзэр кIуэдыжыныр щхьэусыгъуэ куэдым къыхокI, ауэ псом нэхърэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ар унагъуэхэм зэрыщыземыкIуэр. Адыгэ адэ-анэхэм ящыщ куэд я бынхэм анэдэлъхубзэкIэ епсалъэркъым, ар школым щрамыгъэджынуи хущIокъу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, апхуэдэ щапхъэхэр нобэ дэнэкIи щыгъунэжщ. Нэхъыжьхэм адыгэбзэр Iумпэм ящIу зылъагъу щIэблэм зэи пщIэ хуищIынукъым и бзэм, ар анэдэлъхуу, лъэпкъым и щыIэныгъэр зэлъыта Iэмэпсымэу щыт пэтми.

Дауи, бзэхэр нэхъ лъэрымыхь зэрыхъум иIэщ нэгъуэщI социальнэ, экономикэ, политикэ щхьэусыгъуэхэри, арщхьэкIэ ди къэралым дэ зыри зэран къыщытхуэхъуркъым ди бзэмкIэ дыпсэлъэжыну, ар ди унагъуэхэм щызедгъэкIуэну. Къэралым, жылагъуэм щекIуэкI социально-политикэ зэхъуэкIыныгъэм емылъытауэ, дэтхэнэ лъэпкъми и къалэнщ езым и анэдэлъхубзэр ихъумэжыну, абы зригъэужьыну, ар къэкIуэну щIэблэхэм я деж нихьэсыну. Къапщтэмэ, бзэр хъумэныр къэралым иригъэкIуэкI политикэ унэтIыныгъэхэм я нэхъыщхьэщ. Абы иIэ мыхьэнэр пасэ дыдэу къагурыIуащ хамэ къэрал зыбжанэм. Псалъэм папщIэ, Франджым щолажьэ Франджыбзэм зегъэужьынымкIэ совет, абы и пашэри къэралым и президентырщ. Инджылызым щыIэ апхуэдэ советым и унафэщIыр а къэралым и пащтыхь гуащэрщ. Апхуэдэу Iуэхур щыгъэуващ Германиеми. Ахэр я бзэр хъумэным, абы зегъэужьыным щелэжьыр я щIыналъэхэм я закъуэкъым, атIэ а бзэхэр щадж адрей хамэ щIыпIэхэми гулъытэ хэха щыхуащI. Къэбгъэлъагъуэмэ, Британ Советым хамэ къэрал 80-м щIигъум илъэс къэс егъакIуэ бзэ щIэныгъэлI мини 2,5-м щIигъу, а щIыналъэхэм инджылызыбзэм нэхъри зыщегъэужьын мурадкIэ. Гёте и цIэр зэрихьэу Германием щыIэ институтым къэрал 70-м щегъэлажьэ и къудамэу 140-м щIигъу. Апхуэдэу абыхэм я анэдэлъхубзэхэм я лъабжьэхэр лъэныкъуэ псомкIи щIагъэбыдэ.

Бзэхэр республикэхэм щыхъумэным епха Iуэхухэр зи пщэрылъхэр а щIыпIэхэм я правительствэхэрщ, арщхьэкIэ, наIуэ зэрыхъущи, ахэр зэфIэхыныр гугъуущ зэрекIуэкIыр. Нэхъыбэ дыдэу жылагъуэм къыщагъэсэбэпри Iуэхухэр зэрызэрахьэри урысыбзэрщ. Абы къыхэкIыу къэралыбзэу къалъытэ анэдэлъхубзэхэм къалъысыр етIуанэ увыпIэрщ.

Дауи, урысыбзэр УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр, щэнхабзэр, щIэныгъэр хэзыгъахъуэ Iэмалщ икIи ар зыкIи зэран хуэхъуркъым лъэпкъыбзэхэм я зыужьыныгъэм. Инджылызыбзэм, испаныбзэм, нэмыцэбзэм, франджыбзэм, нэгъуэщI хамэбзэхэми къахэкIыурэ урысыбзэм къищта псалъэ куэд иужьрей зэманым ди бзэм къыхохьэ. А щытыкIэр къэзышахэм ящыщщ компьютер технологиехэм, Интернетым зыужьыныгъэ зэрагъуэтар.

Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэ ди адыгэбзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным, и къарумрэ зэфIэкIымрэ адэкIи хэгъэхъуэным адыгэу зызылъытэж дэтхэнэри хущIэкъупхъэщ. ИтIанэщ бзэр гъащIэ кIыхь, ди лъэпкъри лъэщ щыхъунур.

ТАУ Хьэзешэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор. 2017 гъэ.

 

Лъэпкъым и гъуджэ

Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.

Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ.

Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.

Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.

Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.

Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIынукъым, ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.

ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ.

* * *

Уи Хэкур фIыуэ пхуэлъагъунукъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъуу.

Паустовский Константин.

Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ.

Елбэрд Хьэсэн.

Бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ.

Бзэр зыужьыныгъэм ухуэзышэ гъуэгущ.

Куприн Александр.

Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ