Адэжь щIыналъэм и мывэри дыщэщ

ЗэIущIэ  гуапэхэр

«Гу къабзэхэр» щIалэгъуа­лэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди ­гъуазэу, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм ба­дзэуэгъуэм и 24-м дыщыIащ. А жылэмрэ абы къедза Грабовец къу­тырымрэ дэсщ Сирием къи­кIыжа адыгэ уна­гъуэу 20-м щIигъу.

Дызэрыщыгъуазэщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къиIэпхъукIыжауэ щытащ. Абыхэм ящыщу цIыху 500-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэрым къагъэзэжащ.
Ди лъахэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъагъун мурад диIэу гъуэгу дытехьати, дыщынэсым, Къардэн ­Баширэ, жьыщхьэ махуэ хъуа бзылъхугъэ нэхъыжьыфIым, и бынхэр щызэхуишэсыж и ­хабзэ пщIантIэм дыIухьащ. Ратмир телефоныр щигъаджэм, Баширэ ипхъу Хьидаетрэ и нысэ Розэрэ къыдэкIащ. Абыхэм дыщIашащ унагъуэр зей нэхъы­жьыфIыр зыщIэс пэшым.
- Сэ щIалиплIрэ хъыджэбзищрэ сиIэщ. КъуитIымрэ ­пхъуитIымрэ Хэкужьым къа­гъэзэжащ. Адрейхэм ящыщу зы щIалэр Сауд Хьэрыпым щопсэу, зы къуэмрэ зы пхъум­рэ Сирием къинащ. Псоми IэщIагъэ дэгъуэхэр яIэщ, - щы­гъуазэ дещI Къар­дэн Баширэ. - КъуитIым къэкIуэжын Iуэху куэд щIауэ зэрахуэрт, къызаIуэкIырт сыкъыздашэжыну зэрыхуейри. АрщхьэкIэ, сэ сытегушхуэртэкъым, Сирием къыщынэ си къуэмрэ си­пхъумрэ сигу зэрахуэныкъуэм къыхэкIыу. Ар къыщащIэм, Хэкужьым къэзыгъэзэжыну тезыухуахэ­ми икIуэтыж хуэдэу защIащ, «удимыгъусэнумэ, ­гъуэгу дытехьэнукъым» жаIэу. Ауэ, ахэр Сирием къинэмэ, дзэм ираджэнкIэ зэрыхъунур сщIэр­ти, сыкъэгузэващ. Арати, дыкъызэдежьащ.
Баширэ ­зэрыжиIэмкIэ, къэIэ­пхъуэжахэм ­ящыщу зыри хущIегъуэжакъым. Къыз­дихьэ­жар я хэгъэгущи, гукIи псэкIэ мэгуфIэхэр.
- Баширэ, Сирием ихьэжыну хуейхэм гъуэгур къыхузэ­Iуахыжу жаIэри, фи уна­гъуэм «згъэзэжарэт» жызыIэ къыфхэт?
- Сыт къыхуамыгъэлъэгъуа­ми, си бынхэр мыбы икIыжынукъым. Сыту жыпIэмэ, ахэр зауэ къэмыхъей ипэкIи къэкIуэжыну хуеящ, къэIэпхъуэжыным ехьэлIа гупсысэр апхуэдизу я лъым хэтти. Си шыпхъум и ­къуэр мыбыкIэ нэхъ пасэу щыIат, зауэм щIидзэным илъэсиплI хуэдиз иIэу. Абы телефонкIэ дыщеупщIым, «лэжьапIи щывгъуэтынущ, дунейри щымамырщ» къыджиIэрт. Дэри Сирием къина ди Iыхьлыхэм зыкъыщытхуагъазэкIэ, жэ­уапу еттыр апхуэдэщ.
Бзылъхугъэ нэхъыжьым къы­зэрыхигъэщамкIэ, къызэ­рагъэзэжрэ анэдэлъху­бзэри нэ­хъыбэрэ къагъэсэбэп ­хъуащ, урысыбзэри хуэм-хуэму­рэ ­къащтэ, псом хуэмыдэу щIэ­блэщIэм.  
- ДыщыцIыкIум унагъуэм хьэ­рыпыбзэкIэ дыщагъэпсалъэртэкъым ди адэ-анэм, «хамэбзэкIэ фызэдэмыуэршэр, фыфейр фщыгъупщэнущ» къыджаIэрти, - къыхегъэщ Баширэ.
ГъэщIэгъуэн тщыхъуу дызыгъэгуфIахэм ящыщщ, Баширэ и ныбжьым теухуауэ Урысей Федерацэм къыщы­хуа­гъэфэща и пенсэр куэд дэмыкIыу къратын зэрыщIа­дзэнури.
- ЦIыхум и Iуэху псори зэуэ зэтеувэркъым, - къыпещэ и псалъэм бзылъхугъэ лъагъугъуафIэм. - Хэку­жьым къэкIуэжа ди бынхэм хыхьэхэкI куэду яIэ хъуащ. Ди щIалэхэр фIыуэ къалъагъу. Къэбэрдейм щыIэ адыгэхэм ялъэкI къагъэнакъым, ноби къыддоIэпыкъу. Ди гъунэгъухэр, урысхэри, нэ­гъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэри, дэгъуэу къытхущытщ.

Баширэ ипхъу Уэтей Хьидает

Унагъуэ щхьэхуэу мэпсэу, и щхьэгъусэмрэ и къуитIымрэ, Хьэземрэ Хьэбибрэ, бгъэдэсщ. Мы махуэхэм и анэм деж щыIэщ.
- ДыкъыщыIэпхъуэжам, япэ­­­щIыкIэ санаторэм дыщIэсащ. Абы дыщыIэу щIалэ гуэр ны­тхуэкIуат, Сирием ­нэхъ пасэу къикIыжахэм ящыщу. «Дэрбзэр хъун къыфхэт?» жиIэу щыщIэупщIэм, сэрэ нэ­гъуэщI бзылъхугъэрэ арэзы дыхъуати, занщIэу лэжьапIэ къытхуа­гъуэтащ. IуэхущIапIэм щыIэхэм, «фэ фыхамэкъым» къыджаIэурэ, дигу­хэр фIы къытхуащIырт. Ар IэфIу сигу къинащ. Гугъуехь гуэрхэм дыщыIууэми, дыкъыздихьэжар ди хэкущ. Сирием зауэр къыщыхъеиным куэд иIэу, илъэс 15 ипэкIи къэкIуэжыныгу дыхъуауэ щытащ. Адэ-анэм къыдаухылIат, «дэ дымыкIуэжыфми, фэ вгъэзэжынущи, анэдэлъхубзэр зэвгъащIэ, фрипсалъэ» жаIэурэ. Адэжь щIыналъэм дыкъыщихьэжам, ди псэхэр тыншыжащ.
Хьидает зэрыжиIэмкIэ, мы илъэсым я хадэм зыри щыхасакъым. Езыр, и къуитIыр и ­гъусэу, и дэлъхум, и анэм деж щыIэщ, и щхьэгъусэр, документ Iуэхухэр зэрихуэу, Си­рием зэрыкIуам къыхэкIыу.
- Куэд щIоупщIэ: «Фыкъыз­дикIыжам ­фыкIуэжынкIэ хъу­ну, щэху хъуа хуэдэщи?» «Хьэуэ, - ядот жэуа­пыр. - ХьэщIэу дахыхьэжынкIэ ­хъунщ, къэдгъэна ди шыпхъу, ди дэлъхухэр тлъа­гъун, тIэкIуи дыщыIэу къэдгъэзэжын хуэдэу». Ди адэм къызэрытхуиIуэтэжу щытамкIэ, ди адэшхуэр ящыщт иужьрейуэ Хэкур зыбгынахэм. И ныбжьыр илъэси 7 фIэкIа мыхъуу ирашами, и цIыкIугъуэр щриха и лъахэр и псэм хэлъа къыщIэкIынт. И гур къыщызэфIэзэрыхьхэм деж, ар, етIысэхырти, сабий цIыкIум хуэдэу гъырт, «Хэкур сигу къэкIащ» жиIэурэ. Адэшхуэр дунейм ехыжыхукIэ апхуэдащ, и ныбжьыр илъэс ­85-м нэблэгъэху псэуа­ти. Аращи, Хэкур зыбгына ди нэхъыжьхэм гузэвэ­гъуэу я псэм телъар зыхыдагъэщIауэ хамэщIым аргуэру дауэ дгъэзэжын?! - жеIэ Хьидаети, гумащIэ къэхъуауэ погуфIыкI.
- Фи унагъуэшхуэм къыфхэт Урысейм и цIыхуу къалъыта?
- АтIэ. Мес ди анэм куэд дэмыкIыу къратынущ мы къэралым и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ тхылъыр, паспорткIэ зэджэр.
- Уи щхьэгъусэр, Амир, япэм дыкъыщыкIуам тлъэ­гъуащ. ЩIалэ хъарзынэщ. Сирием ар щIыщыIэм укъытхутепсэлъыхьыфыну?
- Хэкум къызэрыдгъэзэжрэ илъэси 5-м щIигъуащи, Сирие къэралым щыщ цIыхуу дыкъызэралъытэ паспортхэм я пIалъэр икIащ. Абы пригъэщэн мурадкIэ кIуэжауэ аращ. Тхьэм жиIэрэ къигъэзэжмэ, мыдэкIэ ди унагъуэ Iуэхухэр нэхъ зэфIэгъэкIыгъуафIэ хъужыну къыдолъытэ. Езыр IэпщIэ­лъапщIэщ, ухуэныгъэм ирахьэлIэ мрамор, гипс хуэдэхэм хуэIэзэщ. Илъэс зыбжанэ ­хъуауэ хадэ зыдохьэ, Iэщ гъэхъуным, мэл зехуэным хуэм-хуэмурэ зыдот.
Хьидает езым и гуапэу игу ­къигъэкIыжахэм ящыщщ адэ­кIэ дызыщIигъэдэIуахэри.
- Сирием дыщыщыпсэум, иджыри «хъыджэбз дэсщ» жыхуаIэм сыхуэдэу, къэфэкIэ зэзгъэщIэным хуабжьу сы­щIэ­хъуэпсу щытащ. Ди къуа­жэмрэ Дамаск къалэмрэ сы­хьэт гъуэгу я зэхуакут. Щы­хьэрым адыгэхэм зэгу­хьэ­ныгъэ щыдиIэт, ­«Къуэш Хасэ» хужытIэу. Абдежым къафэм зэрыщыхуагъа­сэм сыщы­гъуа­зэт. Нобэ хуэ­дэу сощIэж гъэсакIуэм, «жы­жьэ укъикIын ­хуей хъунущ» жиIэу, куэдрэ сызригъэлъэIуауэ зэрыщытари, ар къытезгъэхьэу ди анэми ­хуит сыкъыщищIым, ­«Къуэш Хасэм» кIуэн зэрыщIэздзари, къэфэкIэ зэрыщызэзгъэщIари…

Жэмыхъуэ Тамир

Илъэс 48-рэ и ныбжьщ, щхьэгъусэ, пхъуитI иIэщ.
- СыкъызэрыIэпхъуэжрэ  илъэситIрэ ныкъуэрэ хъуа­ми аращ. СыкъэкIуэжын ипэ мы­бы ­тIэунейрэ сыщыIащ. Зэзгъэ­лъэ­гъуащ си благъэхэр зэрыщыпсэур. Адэжь лъахэм ижь къысщIи­хуащ, мы къуа­жэри сигу ирихьащ, щIым тет уни къэсщэ­хуащ, хадэ зыдохьэ, теплицэ диIэщ, нащэ, шыбжий хуэдэхэр къыщыдогъэкIри, бэзэрым дошэ. СыщыцIы­кIуам анэдэлъхубзэкIэ сыпсэ­лъакъым, унагъуэм исхэр ­зэпымыууэ иризэдэуэршэра пэтми. Си адэм «убзэмыIущ!» къызжиIэрт. Ауэ, нэхъ сыкъыдэкIуэтейри, бзэ­ри зэзгъэщIэжащ. Си ­къуэш нэхъыжьри, ­къэкIуэжауэ, уна­гъуэу Налшык дэсщ, хъыджэбз­рэ щIалэрэ яIэщ, унэкIи зэгъэпэщащ.
Тамир, езым къызэри­Iуэ­тэжымкIэ, Сирием къыщы­хъуами, Сауд Хьэрыпым илъэси 10-кIэ щыпсэуащ, уэчыл лэжьыгъэм хуеджащ, Сауд Хьэрыпым и Мадинэ ­къалэм и администрацэм деж зауэ хуэIухуэщIэу къалъытэ кIапсэ зэмылIэужьыгъуэхэр ухуэныгъэхэм пхышынымкIэ IэщIагъэлI нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ.
- Хамэ щIыналъэм сыщы­унафэщIт, си псэуалъэр инт, машинэ лъапIэ сист. Мыбы сыщылэжьакIуэщ, къэсщэ­хужа машинэри пудщ. Ауэ, абы щхьэкIи си гур згъэкIуэдыркъым, «Хэкужь и мывэри дыщэщ» псэлъафэм сытетщи. А лъэныкъуэмкIэ тIэкIу езгъэзэкIыжынщи, гъэщIэ­гъуэныракъэ, мыбы къыщы­хъуахэм Сирием уэс щыдмылъэгъуауэ я гугъэщ. Адыгэр щетIысэхауэ щытар Джолан лъагапIэхэрати, а щIыпIэр адэжь Хэкум зэрещхьым, мэзхэри зэритым дыщыгуфIыкIырт. Къыхэзгъэщынщи, мы лъэныкъуэмкIэ щыIэ хуа­бэм хуэдэ Сирием игъащIэм щытлъэ­гъуакъым. Джоланым дыщисам дэ, Жэмыхъуэхэ, а щIыпIэм мэл 500-м нэблагъэ щызетхуэу щытащ. Сирием щыIэ адыгэхэр лэжьакIуэщ, дыгъуа­кIуэкъым, пцIыупс­къым. Апхуэдэу дызэры­щытыр псоми къыддащIэ. Ауэ, къытезгъэзэжынщи, ди гур щыпсэхур мыбдежыращ.
- Тамир, урысыбзэм дауэ фыпэлъэщрэ?
- Гугъущ, адыгэбзэм ­нэхъ десащи. Анэдэлъхубзэр дэнэкIи щызэхыдох. Ар­щхьэкIэ, урыс­хэми, азербайджанхэми, нэгъуэщIхэми Iуэху ядыдощIэ. Абы къыхэкIыуи, урысыбзэр зэгъэщIэным яужь дитщ.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ха­мэ щIыналъэ илъэс куэдкIэ щыпсэууэ къэзыгъэзэжа ди хэкуэгъухэр Урысейм щызекIуэ хабзэхэм есэныр, цIыхухэм зыдрагъэкIуныр Iуэху тыншкъым. Ауэ щыхъукIи, мылъку­кIэ зэрызащIэдгъакъуэм и мызакъуэу, абыхэм нэхъ гу щабэ-псэ ­къабзэу дазэрыхущы­тынми дыхущIэкъупхъэщ. Уе­блэмэ, ­етIуанэр нэхъыщхьэу къы­щIэкIынущ.

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: