ЩIэпщакIуэ

Хабзэ

ЩIэпщакIуэм кIуэ цIыхухэр хабзэ ткIийм темытми хъунут, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сымаджэм и узыр нэхъ щагъэгъупщэнырт абыхэм я къалэныр. Абы нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри кIуэрт, сымаджэр мызэшын щхьэкIэ джэгухэрт, къафэхэрт, хъыбарыжьхэр жаIэжырт. Пщащэр щIэпщакIуэм мыкIуамэ, адыгэ хабзэм зэрытемытыр губгъэн хуащIырт. Хъыджэбзхэр зэгурыIуэурэ, гъуэрыгъуэурэ щIэпщакIуэ шхын ягъэхьэзырырти, сымаджэми абы и деж къекIуэлIэнухэми ирагъэшхырт. Ар псапэу ябжырт.

ЗэрыжытIащи, щIэпщакIуэм екIуалIэхэр хабзэ ткIийм темытми емыкIу хэлътэкъым, ауэ щхьэж и хьэл-щэн дахэхэр зыIэщIигъэгъупщыкIи хъунутэкъым. Псалъэм папщIэ, хъыджэбз гуэр укIытэу, гузавэу гу лъатамэ, занщIэу ауан зэращIын псалъэ ирадзырт. Абыи пщащэм зытригъэгусэ хъунутэкъым, щIэпщакIуэм деж ар къыщекIурт. Езы цIыкIуми пидзыжынуIауэ хуитт, емыкIу хэлътэкъым.

ЩIэпщакIуэм деж щIалэхэри хъыджэбзхэри нэхъ хуиту щызэпсэлъэфынут. Абы щызэдауэу щытахэщ, зэдэгушыIэхэу икIи псалъэ дахэхэр ягу ирихь хъыджэбзхэм щIалэхэм жраIэ хъурт.

ЩIалэгъуалэ пшыхь зэхэсхэм щызекIуэу щытащ пщащэмрэ щIалэмрэ псалъэкIэ зэпеуэу. Абы кърикIуэрт усэ е уэрэд зэпрадзыж. Мис апхуэдэ щапхъэ:

Хъыджэбзым: Дыжьын лъэнкIэпсрэ уэсэпс хэмыхьэмэ - ар (щIалэм и цIэр)

ЩIалэм: Набдзапэ щIэплърэ лъэнкIапIэ гъуммэ - ар (пщащэм и цIэр)

Хъыджэбзым: Хьэсэм къыщымэхрэ хамэ Iыхьэ щIэхъуэпсмэ - ар (щIалэм и цIэр)

ЩIалэм: БостеикIэ лалэрэ щIалэ гъэделэмэ - ар (пщащэм и цIэр)

Хъыджэбзым: ЛIы цIыкIу къамэшхуэрэ фочышхуэ зэрихьэмэ - ар (щIалэм и цIэр)

Абы хуэдэурэ зэпеуэнут, я зым жиIэн къыхуэмыгъуэтыжыху. Япэ зэIынэу увыIар хэуакъуауэ арат, модрейр къытекIуауэ ябжырт.

ЩIэпщакIуэм и джэгу нэхъ гъэщIэгъуэнхэм щыщт псэлъыхъу джэгур. ЩIэсхэм ящыщ зым лIыжь зищIырти, къыхиха пщащэ гуэрым лъыхъу псалъэ дахэхэр жриIэрт, къыдихьэхыну пылът. Модрейм ар пригъэхын щхьэкIэ дзыуэ игъуэтыр къриутIыпщырт. Модрейуэ унэм щIэсхэми гупитIу загуэшырти, зыр лIыжьым и лъэныкъуэу, адрейр пщащэм и телъхьэу къэувхэрт. «И щхьэр тхъуа щхьэкIэ, щIалэгъуалэм нэхърэ нэхъ Iейкъым», - жаIэрт лIыжьым и лъэныкъуэр зыIыгъхэм. - «Фомрэ тхъумрэ ухэсынущ, жьы къыздепщэр умыщIэу», - жраIэрт абыхэм хъыджэбзым. Пщащэм и телъхьэхэми апхуэдэ щауэ къуэкIий къэс щыбгъуэт хъуну жаIэрти, мор шыбгъэм къралъхьэрт.

Мыбдежым цIыхухэр иридыхьэшхын щхьэкIэ сытри жыпIэ хъурт, сыт хуэдэ псалъэ икIэри къезэгъыу къалъытэрт. Нэхъыщхьэр пэжратэкъым, нэмыс дахэ гъэлъэгъуэнри аратэкъым, атIэ цIыхухэр сыткIэми зыгуэркIэ гъэдыхьэшхынырт, нэгухэр зэлъыIуегъэхынырт, тегъэунырт. Абы нэмыщIу, пасэрей цIыхухэм хьэкъыу я фIэщ хъууэ щытащ «бэзэрым къызэрытекIам хуэдэу» жыхуаIэ псалъэхэри хэту гушыIэным Iэзэгъуэ зэрыхэлъыр. КIэщIу жыпIэмэ, щхьэж игу къихьэ жиIэрт, псалъэкIэ зэхъурджауэхэрт пщащэм и телъхьэхэри лIыжьым и телъхьэхэри, апхуэдэурэ гушыIэкIэрэ бзаджагъэкIэрэ зэпеуэурэ псори зэрытегъэурт, сымаджэми и узыр щагъэгъупщэрт.

ГЪУТ Ланэ.
Поделиться: