Нобэрей ди гъащIэм ухэзыгъаплъэ

ТхылъыщIэ

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэщ хъэтI щхьэхуэ яIэжу нобэрей адыгэ литературэм лъэ быдэкIэ хэува тхакIуэхэр редакцэм зэрыщылажьэм. Абыхэм ящыщщ Чэрим Марианнэ. Шэч хэмылъу, газетеджэхэм ящIэж абы и «ЛIы иримыкъу» романыр - ар, Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпыудауэ, «Адыгэ псалъэм» къытеддзауэ щытащ. Мы махуэхэм хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ - тхылъ щхьэхуэу дунейм къытехьащ Чэримым и IэдакъэщIэкIыр. Iыхьищу зэхэлъ романыр къыщыдэкIащ Бекъул Iэниуар и «Принт Центр» тедзапIэм.

Марианнэ и журналист тхыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар жылагъуэр зыгъэпIейтей, дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэрщ. Романми лъабжьэ хуэхъуар апхуэдэ зы темэщ - нобэрей ди зэхэтыкIэрщ къыщыгъэлъэгъуар, уеблэмэ, дэтхэнэми ди хъуреягъым щекIуэкI гъащIэм къыхэтлъагъукIынущ абы и лIыхъужьхэм я прототипхэр.

Тхыгъэр зытеухуам кIэщIу и гугъу пщIымэ, ар абы фIэщыгъэ хуэхъуа, «лIы иримыкъу» псалъэ зэрыIыгъым гурыIуэгъуэ пщащI: жэуаплыныгъэ зыхэмылъ, зи еплъыкIэ зимыIэж цIыхухъум и гъащIэрщ зи гугъу щыщIар. Тыншу псэумэ, нэгъуэщI гукъеуэ имыIэу къызыщызыгъэхъужыну хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм - Щыхьым - романым и кIэм нэсыху зэрызихъуэжыр, жыжьэ нэмысуи езым и «дуней цIыкIум» къыщыхъу Iуэхугъуэхэм нэхъапэкIэ хэмылъа гушхуэныгъэр кърату абы и псэукIэм зэуэ нэгъуэщIу зэрызыкъридзэкIыр гъэщIэгъуэн пщыхъуу укъоджэ. Сыт ар «лIы ирмыкъуу» къытщызыгъэхъур? Щыхьым и унагъуэм щызекIуэр цIыхубз унафэщ - и щхьэгъусэр и пIэм зэрыригъэувэжын къару къыкъуэкIыркъым, уеблэмэ ар апхуэдэу щытын хуейуэ къелъытэ, абы къыхэкIыуи я къуэ закъуэр сэхъуауэ къохъу. Зи щхьэхуэфIыныгъэр япэ изыгъэщу абыхэм япэщIэмыува Щыхьым зэуэ къыщIэуа псым гъащIэм и архъуанэм ирихьэри, абы и лъащIэм фIыуэ щигъэджэрэза нэужьщ къыщыгурыIуар уи дунейр зэрыщытынур уэ езым зэрыбухуэжым куэдкIэ зэрелъытар. ГъащIэм и лъапIэныгъэр нэгъэсауэ зыхэзыщIэр абы и гугъуехьыр зыгъэуэнэхуарщ. Щыхьым и псэм телъа бэлыхьымрэ губампIэмрэ къаIэщIэкIын папщIэ гупсысэ куэдым хэтащ, зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэм къикIынымкIэ тхакIуэм абы Iэпэгъу хуищIащ диныр икIи адэкIэ лIы и хьэл дэплъагъуу зиужьащ.

Тхылъым и фIагъыр, псом япэрауэ, къызэралъытэ пщалъэхэм ящыщщ абы и жинтыр. А Iуэхуми егупсысауэ бгъэдыхьащ Марианнэ. Тхыгъэм и лIыхъужь нэхъыщхьэр уи нэгу къыщIигъэхьэу абы тетщ иран сурэтыщI Катузиан Мортезэ и IэдакъэщIэкIыр.

Чэрим Марианнэ фIыщIэ яхуещI тхылъыр къыдэгъэкIыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми. Апхуэдэ жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ икIи абы и мылъкукIэ ар дунейм къытехьащ. «Си IэдакъэщIэкIыр псом япэу зылъэгъуар къыздэлажьэ гупырщ, абыхэм я псалъэ гуапэхэми Iуэхум сытрагъэгушхуащ. ЛэжьыгъэшхуэкIэ къыскъуэуващ тхылъым редактор хуэхъуахэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ ЖьэкIэмыхъу Маринэрэ. Хэт ищIэрэ, абыхэм къыздамыIыгъамэ, романыр дунейм къытемыхьэнкIи хъунт. Романыр къыщежьар «Адыгэ псалъэ» газетыращи, ар тхылъ щхьэхуэу къызэрыдэкIар ХьэфIыцIэ Мухьэмэд редакцэм къыхуищIа пщIэуэ къызолъытэ».

«ЛIы иримыкъу» романыр Чэримым и япэ художественнэ тхыгъэщ. Псыпэр иришэжьащи, адэкIэ нэхъыбэжкIи дыщогугъ. Тхылъ къыдэзыгъэкIам щехъуэхъукIэ жаIэ хабзэращи, «Щэм я лъабжьэ ирехъу, Марианнэ!»

Тхылъыр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм ар къыщагъуэтынущ Тхьэкъуахъуэ Iэуес и инстаграм тхылъ тыкуэным (Numizmat07), «Центр Книга», «Разумник» тхылъ щапIэхэм.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: