ЦIыху зэчиифIэхэр дэзыхьэхырТургенев Иван щакIуэ кIуэным и закъуэтэкъым фIэфIыр, атIэ псы есынкIи Iэзэт. Толстой Лев спортым и лIэужьыгъуэ куэдым дихьэхырт, ауэ гимнастикэр зыпищI щыIэтэкъым. Ар илъэс 60 щрикъум махуи 6-м и кIуэцIкIэ километр 200 лъэсу икIуат (Москва икIри, Тулэ кIуащ). ЛыжэкIэ къэжыхьынми апхуэдизкIэ хуэIэзэт тхакIуэри, илъэс 70-м щынэблэгъами зи щIалэгъуэхэм япеуэфырт икIи ятекIуэрт. Куприн Александр фIэфIыр псы есынымрэ Iэпщэрыбанэмрэт. Горький Максим спортым пищI щыIэтэкъыми, абы и лIэужьыгъуэ куэдым зыхуигъэсат. Псы есынкIэ Iэзэт, лыжэкIэ къикIухьырт, лъэрыжэкIэ къижыхьырт. Гимнастикэр я Iэпэгъуу щытащ Чехов Антон, Гиляровский Владимир, Левитан Давид сымэ. Ахэращ Москва япэ дыдэ къыщызэрагъэпэща гимнастикэ зэгухьэныгъэм жэрдэмщIакIуэ хуэхъуари. Джэгурэ пэт… Франджы политик цIэрыIуэ Констан Бенжамен и сабиигъуэм еджэныр фIэфIу щытакъым, и ныбжьэгъу цIыкIухэм егугъуныгъэкIи къахэщыртэкъым. Зэгуэрым абы и егъэджакIуэм къыжреIэ а тIум фIэкIа зыми ямыщIэ бзэ щэху зэрагъэщIэну зэрыфIэигъуэр. Бенжамен гуфIэжу арэзы дэхъуащ и егъэджакIуэм икIи хьэрфхэр зэригъащIэу щIидзащ. ИтIанэ псалъэхэр, иужькIэ тхыбзэм и мардэхэр… Апхуэдэ щIыкIэкIэ, зэман мащIэм къриубыдэу Бенжамен бзэщIэр зэригъэщIащ, езым фIэкIа нэгъуэщIым игъэшэрыуэу и пщIыхьэпIи къыхэмыхуэу. …Абы телъыджэ щыхъуат егъэджакIуэм иригъэщIа бзэ щэхур алыджыбзэр арауэ къыщыщIэкIам. Крылов и жэуап Урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Крылов Иван зэгуэр еупщIат, басня телъыджэхэр зи IэдакъэщIэкI тхакIуэм нэхъыбэ щIимытхым и щхьэусыгъуэмкIэ. - Сэ къызэрыслъытэмкIэ, - къитащ жэуап Крыловым, - мащIэ щIэстхым и щхьэусыгъуэмкIэ къызэупщIмэ нэхъыфIщ, зыгуэр щIэстххыхэм и щхьэусыгъуэмкIэ сыхагъэзыхь нэхърэ. УсакIуэмрэ пащтыхьымрэ Франджы пащтыхь Людовик XIV гъащIэм, модэм зыкIи зыкъыкIэригъэхун фIэфIтэкъым. Апхуэдэу абы зэгуэрым усэ итхыу щIидзащ. И IэдакъэщIэкIхэм хэплъэжыну дзыхь зихуищIыр усакIуэ Буало и закъуэт. Пащтыхьым итхагъащIэ усэм къеджа нэужь, Буало жиIащ: «Зи щIыхьыр ин, уэ пхузэфIэмыкI гуэри щыIэу къыщIэкIынкъым. Псалъэм папщIэ, нобэ усэ мыхъумыщIэ птхыну уигу къихьати, телъыджэу къохъулIащ».
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
19.04.2024 - 12:55 →
Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр
19.04.2024 - 12:41 →
ТекIуэныгъэм и диктантым къэрал 50-м щIигъу хэтынущ
19.04.2024 - 11:18 →
МыкIуэдыжын фэеплъ
|