Дигухэр мащэ кIыфIым къринащ

  Тхьэмахуэ  блэкIам  дунейпсо  цIыхубэр  игъэпIейтеящ  Мароккэ жыжьэм  къыщыхъуа  гузэвэгъуэм. И адэм  дэIэпыкъуу псыкъуийм щхьэщыта,  илъэситху  зи  ныбжь Орам Райан  абы ихуэри, махуиплIым и кIуэцIкIэ  елIэлIа  пэтми,  псэууэ  кърахыжыфакъым.

   ЩIалэ цIыкIур псыкъуийм щихуар  мазаем и 1-щ. Метр 32-рэ зи кууагъ  мащэр  зэрыкуум  ищIыIужкIэ, и щхьэр сантиметр  45-рэ фIэкIа мыхъуу, зэвт.  ЦIыху  500  фIэкIа  зыдэмыс  Игран  къуажэм  апхуэдэ псыкъуийхэр  унагъуэ  куэдым  яIэщ, псы  щIагъэлъэдэн папщIэ къагъэсэбэпу.  Ауэ нэхъыбэм  я  щхьэр тепIамэ, сабийр зэрыхуар апхуэдэтэкъым.  Псыкъуийм  зыгуэр ирагъэлэлэхыну  Iэмал зимыIэ къегъэлакIуэхэм хэкIыпIэу къалъытар Райан  зэрыхуа мащэм  хуэдэ дыдэ иратIыхыу, щIалэ цIыкIум деж нэс кIэнауэ щIатIыкIыжынырт.

КъегъэлакIуэхэр мысакъыу хъунутэкъым, сыту жыпIэмэ, щIыпIэр зэрыбгылъэм нэмыщI икIи пшахъуэщIт, арати, бэлэрыгъауэ къыгуэумэ, щIалэ цIыкIур щIипIытIэнут. ЩIым и щытыкIэм щыгъуазэ инженерхэр нэгъунэ зыдагъэIэпыкъуащ къегъэлакIуэхэм, ауэ итIани я мурадым лъэIэсакъым.

Райан зэрыхуа псыкъуийр езым и унэм пэжыжьэщ, Iуэхур къызэрыхъуар нобэми нэгъэсауэ ящIэркъым. Нэхъыбэм зэрыжаIэмкIэ, щIалэ цIыкIум и адэм псыкъуийр ищIыжырти, Райан абы дэIэпыкъу хуэдэурэ, абдеж дыдэм щыджэгуу арат, бэлэрыгъыу щихуам.

Сабийр кърахыжа нэужь, гурыIуэгъуэ хъуащ ар зэрехуэхыу, и щхьэми итхми удын зэрагъуэтар, и Iэпкълъэпкъри егъэлеяуэ псы хуэныкъуэу зэрыщытар. Хурагъэжэха «кислород щхьэнтэр» илъэситху фIэкIа мыхъу сабийм къыхуэгъэсэбэпа къыщIэкIынкъым. Епсэлъахэм пIалъэ гуэркIэ жэуап къаритауэ щытми, иужьрей махуэхэм зыри къахупыхакъым.

КъегъэлакIуэхэм я унафэщI Темрани Абделхади зэрыжиIэмкIэ, абыхэм къахуэнар метритI къудейт, сабийм деж нэсын папщIэ, ауэ я гъуэгум зыщыхуэза мывэшхуэм лэжьыгъэр нэхъ хуэм къищIащ. Пшахъуэр къыгуамыгъэун щхьэкIэ, IэкIэ щIатIыкIын щIадзат, уеблэмэ бетоным къыхэщIыкIа бжьамиишхуэхэр къыIуашат.

Щэбэт пщыхьэщхьэм къегъэлакIуэхэм сабийр къыщIахыжри, иджыри фIым щыгугъыу сымаджэщым нагъэсащ. Ауэ ари гугъэ нэпцIт. Блыщхьэм сабийр щыщIалъхьащ Шефшауэн дэт «Iэз-зауия» кхъэлъахэм. Мароккэ и пащтыхь Мухьэммэд Еханэр Райан и адэ-анэ Орам Хъаледрэ Хершиш Вассимэрэ яхуэгузэващ.

«Мароккэ цIыхубэм я гъусэу махуэ зыбжанэкIэ тхьэ селъэIуа иужькIэ, сигу хэщIу иджы Райан и унагъуэм сахуогузавэ», - иритхащ и Твиттерым Израилым и шынагъуэншагъэмкIэ министр Ганц Бени.

«Дигухэр узым зэщIиубыдащ, - Iэпихащ абы и щыгъуэ псалъэр Палестинэм и лIыкIуэ Мельхем Ибрэхьим. – Райан хэкIуадэри, псоми дигухэр а псыкъуий куум къринащ».                                                                                                                         

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: