Опоссум

Псэущхьэ хьэлэмэт куэд щопсэу ди щIы хъурейм. Абыхэм ящыщхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ цIыхум зрегъэцIыху, и псэупIэм кърешалIэ. 
Зи гугъу фхуэсщIыну псэущхьэ цIыкIур дзыгъуэ лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. Абы зэреджэр опоссумщ, адыгэбзэкIэ зэбдзэкIмэ, «хьэ хужь» къикIыу аращ. ПцIы хэмылъу, хьэм ещхь гуэрхэри хэлъщ абы и теплъэми, и хьэл-щэнми. А псэущхьэм и цыр хужьщ, и тхыцIэмкIэ щхъуафэ-яжьафэщ. 
Опоссум цIыкIум и хэкуу ябжыр Австралиеращ, иджырей зэманым нэхъыбэу ущрихьэлIэри аращ. Ахэр гуп-гупурэ мыхъуу, я закъуэ мэпсэу. Жыгыку гъуанэхэр псэупIэ ещI. И лъакъуэ цIыкIухэр кIэщIми, и кIапэр къигъэсэбэпурэ IэкIуэлъакIуэу жыгхэм допщей. Пхъафэм зыщызыгъэпщкIуа хьэпIацIэхэр и лъэбжьанэ кIыхьхэмкIэ къыдехри, ешх. МахуэкIэ и псэупIэм щожей, жэщкIэщ дунейм къыщытехьэр. 
Хьэпщхупщхэм нэмыщI мы псэущхьэ цIыкIум и Iусщ эвкалипт жыгым и къудамэхэмрэ и тхьэмпэхэмрэ, удз зэмылIэужьыгъуэхэр, фо къигъуэтми ишхынущ. 
Хамэ къэралхэм куэд щIауэ унэм щаIыгъщ опоссумыр. Псом хуэмыдэу Америкэмрэ Канадэмрэ фIыуэ щалъагъу. Иужьрей зэманым ди дежи къыщацIыхуауэ, унагъуэхэм яIэ адрей псэущхьэхэм нэхърэ нэхъ яфIэгъэщIэгъуэну унэм щызыIыгъи щыIэщ. 
Опоссум цIыкIур цIыхум псынщIэу йосэ. Адрей унэ псэущхьэхэм хуэдэу гъущI хъарым щыпIыгъ хъунущ. НэхъыфIыжщ бзу абгъуэм ещхь унэ цIыкIу хуэпщIмэ. Шэч хэмылъу, ар нэхъ игу ирихьынущ, махуэкIэ абы щIэпщхьэурэ щыжеинущ. Мы псэущхьэ цIыкIур зэрыс гъущI хъарым жыг къудамэхэр, удзхэр хурагъэувэ, щIыуэпсым щыхэсым игъуэту щытахэм щамыгъэщIэн щхьэкIэ. 
Унэм щаIыгъ опоссумхэми ирагъэшхыр хьэпIацIэхэрщ. Пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр цIыкIу-цIыкIуу зэхэупщIэтауэ ират. Псым дэщIыгъуу пхъэщхьэмыщхьэпс IэфIхэри зэзэмызэ епт хъунущ. Зэфэ псыр махуэ къэс хъуэжын хуейщ, абы уз къызыхэкI бактериехэр химыщIэн папщIэ. Апхуэдэ дыдэуи гъущI хъарыр къабзэу зехьэн хуейщ. 
Мы псэущхьэ цIыкIум хьэл хьэлэмэтыщэ хэлъщ: шынагъуэ гуэр щыIэу къыщыхъуамэ, лIа нэпцI зещIри, дакъикъэ зыбжанэкIэ зимыгъэхъейуэ щылъщ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, а зэманым абы и щхьэ куцIыр мэлажьэ, сытри зыхещIэ. 
Опоссумыр унэм щиIыгъыну мурад зыщIам ищIэн хуей куэд щыIэщ. Абы укIэлъыплъыныр бгъэшхэн къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ уепсэлъэн, удэджэгун хуейщ. Арыншамэ, а цIыкIур зэшынущ, и хьэлым зихъуэжынурэ дзакъэ-пIастхъэу щIидзэнущ. Зэрыджэгун хьэпшып цIыкIухэр игъуэтмэ, уэри утригъэунущ, мыувыIэу абыхэм ириджэгуурэ. ГъущI хъарым къибгъэкIамэ, укIэлъыплъын хуейщ, зигъэпщкIун фIэфIщи. Абыхэм я хьэлщ щыгъынхэм я жыпхэм ипщхьэурэ я щхьэ цIыкIухэм фIэкIа къимыщу исыну. 
Аращи, зыщывмыгъэгъупщэ – мы псэущхьэр фIыуэ флъагъумэ, езыри ныбжьэгъу пэж къыфхуэхъунущ.
 

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться: