Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я къызэгъэпэщыкIэм,
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Урысей Федерацэм и субъектхэм я къэрал властым и хабзэгъэув (лIыкIуэ) гъэзэщIакIуэ органхэр къызэгъэпэщынымкIэ псоми я зэхуэдэ хабзэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 17-нэ ­статьям и пункт 4-м, Къэбэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым япкъ иткIэ унафэ сощI:
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм зэреджэр хъуэжын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министерствэкIэ.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я къызэгъэпэщыкIэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указ №92-УГ-мкIэ къищтам, и пункт 2-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм зэреджэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министерствэкIэ хъуэжауэ.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Ресубликэм и Правительствэм хуэгъэувын:
зэхъуэкIыныгъэ Iуэхухэр мы Указым къызэригъэувым хуэдэу иригъэкIуэкIыну;
езым и актхэр мы Указым иригъэзэгъыжыну.
4. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ                                                                                КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ

2022 гъэм мазаем и 9-м
№10-УГ

Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм мардэ пыухыкIахэр (карантиныр) щхьэщыхыжыным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

«Ветеринарием и IуэхукIэ» 1993 гъэм накъыгъэм и 14-м къащта Урысей Федерацэм и Закон №4979-1-м и 3.1-нэ статьям, Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м №705-м щIэту къищта унафэмкIэ щIигъэбыдэжа ХьэщхьэрыIуэ узыр щымыгъэIэнымрэ гъэкIуэдыжынымкIэ ­карантин зэрагъэув икIи зэрыIуахыж профилактикэ, диагностикэ, нэгъуэщI къыпэзыубыд ветеринар хабзэхэм япкъ иткIэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ВетеринариемкIэ и управленэм и унафэщIым 2022 гъэм мазаем и 8-м къыхилъхьа №38-03-06-145 Iуэхугъуэр и лъабжьэу:
1. «Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм мардэ пыухыкIахэр (карантиныр) щыгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къыдигъэкIа Унафэ №179-РГ-мкIэ ягъэувауэ щыта мардэ пыухыкIахэр (карантиныр) щхьэщыхыжын.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн «Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Аргудан къуажэм и щIыпIэ щхьэхуэхэм мардэ пыухыкIахэр (карантиныр) щыгъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къыдигъэкIа Унафэ №179-РГ-м.
3. Мы Унафэм къару егъуэт Iэ щытездза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Iэтащхьэ                                                                               КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм мазаем и 9-м
№12-РГ

Поделиться: