Зыужьыныгъэр зи гъуэгу

Ди республикэм щагъэлъапIэ япэ телерадионэтынхэр къэтын щыщIа­дза махуэхэр. ЛIэщIыгъуэм нэсащ ди щIыналъэм радио япэу къызэ­рыщыпсалъэрэ, илъэс 65-рэ мэхъу телевизорхэм ди деж япэу лэжьэн зэрыщыщIадзэрэ. Ди щIыналъэм и тхыдэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а IуэхугъуэхэмкIэ КъБР-м и Iэтащ-           хьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ ехъуэ­хъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и лэжьакIуэхэм.

«ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ! Илъэс 95-рэ ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIуащ езым и радиовещанэ станцым къиIукI макъхэр, абы иужькIэ илъэс 30 дэкIри, цIыхухэр еплъыфащ ди телевиденэм къит япэ нэтынхэм. Апхуэ­­диз илъэс хъуауэ щIыналъэ радиомрэ телевиденэмрэ я IэщIагъэлIхэр жыджэру хэтщ республикэм щекIуэкI Iуэху­гъуэ­хэм, зэхъуэкIыныгъэхэм, - щетх КIуэ­кIуэм Инстаграмым щиIэ напэ­кIуэ-цIым.
«Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-р нобэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм щынэхъ пашэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ. Абы зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр я фIыщIэщ зи IэщIагъэмкIэ зэфIэкI лъагэхэр зыбгъэдэлъ, зи лэ­жьыгъэм гурэ псэкIэ, пэжу пэрыт, зи ­къалэнхэр зэфIэхыным творческэу бгъэдыхьэ лэжьакIуэ гумызагъэхэм. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым ком­панием и иджырей IэщIагъэлIхэм япэ ита журналист нэхъыжьхэм зэтраубла Iуэху зехьэкIэ мардэхэр зэрахъумэр, ахэр зэрырагъэфIакIуэр, апхуэдэуи лэжьыгъэм къыхыхьэ бгъэ­ды­хьэкIэщIхэр къы­зэращтэр, журналист нэсым и щэным зэрытетыр, сыт хуэдэ хъыбарри псын­щIэу икIи пэжыр и лъабжьэу цIыхухэм я деж зэрынахьэсыр.
Си фIэщ мэхъу вбгъэдэлъ Iэзагъым, фи къалэнхэм фазэ­рыхуэпэжым, зы­хэфщIэ жэуаплыныгъэм телерадиокомпанием къыпэщылъ Iуэхухэр ехъу­лIэныгъэкIэ зэрызэфIэвгъэкIыфыну Iэмалхэр къызэрыфхузэIуахыр.
Сынывохъуэхъу фи IэнатIэм епха махуэшхуэмкIэ. Узыншагъэ быдэ фиIэу, творческэ ехъулIэныгъэщIэхэр зыIэрывгъэхьэу фы­лэ­жьэну си гуапэщ».
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист Къэзанш Людмилэ зи пашэ республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ пэрытым, зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэмкIэ къулейм, техникэ и лъэны­къуэкIэ лъабжьэ быдэ зэзыгъэгъуэтам, махуэ къэси лэжьыгъэшхуэ щызэфIах. Къэбэрдей-Балъкъэрым щызекIуэ къэралыбзищым­кIи къызэгъэпэщауэ абы щагъэхьэзыр ди щIыналъэм и цIыху цIэрыIуэхэм, щIы­пIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм ятеухуа нэтын хьэлэмэтхэр. А программэхэм ущоплъыф, ущодэIуэф «Россия 1», «Россия 24», «Радио России» телерадио­каналхэм. Мэлажьэ Интернет напэкIуэцIри. Илъэси 10-м нэсащи, компаниер бжыгъэр зи лъабжьэ нэтыным техьащ.
Ди лэжьэгъу лъапIэхэм, ныбжьэгъуфI­хэм я махуэшхуэмкIэ йохъуэхъу «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэри. Зыпэрыт IэнатIэр ирагъэфIакIуэу, творческэ зыужьыныгъэрэ къэлъыхъуэныгъэрэ зэи щымыщIэу, узыншэу Тхьэм игъэ­лажьэ!.

Къардэн Маритэ
Поделиться: