ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦Сымаджэм и дунейпсо махуэщ

♦ЩIэныгъэм хэт бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр

♦Тутын емыфэным и урысейпсо махуэщ

♦Азербайджаным и налог къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ 

♦Япониер къэралыгъуэ щхьэхуэ щыхъуа махуэщ

1697 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм тутын щащэну хуит зыщI унафэм.

1809 гъэм бахъэкIэ лажьэ кхъухь япэу зэрищIам щыхьэт техъуэ тхылъи къратри, абыкIэ цIыхухэр къришэкIыну зэрыхуитым теухуаи хуатхащ америкэ инженер Фултон Роберт.

1826 гъэм Лондон къалэм университет къыщызэIухыным теухуа унафэ къащтащ.

1829 гъэм цIыху къызэрыгъэгубжьахэм Тегеран щаукIащ урыс усакIуэ, драматург, дипломат Грибоедов Александр.

1928 гъэм Санкт-Мориц (Швейцарие) къыщызэIуахащ II ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 19 пщIондэ екIуэкIащ.

1929 гъэм Ватикан къэрал щхьэхуэ хъуащ. Аращ дунейм щынэхъ цIыкIу дыдэ къэралыр.

1847 гъэм къалъхуащ США-м щыщ къэхутакIуэ цIэрыIуэ, фонографыр къэзыгупсыса, дуней псом къыщалъыта зэхъуэкIыныгъэхэр электротехникэм хэзылъхьа, Америкэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр – Конгрессым и Дыщэ медалыр – зыхуагъэфэща Эдисон Томас.

1875 гъэм къалъхуащ актёр, «СССР-м и цIыхубэ артист» цIэр япэу зыхуагъэфэщахэм ящыщ Качалов Василий.

1902 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Орловэ Любовь.

1946 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Унэж Кашиф.

1952 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Риммэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 3 - 4, жэщым щIыIэр градуси 3 - 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Пэжымрэ насыпымрэ зэгуэшэгъущ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ