Ридадэ

Урыс тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, Тмутэрэкъан дзэпщыр, Мстислав, касогхэм я деж зэуакIуэ къэкIуэгъащ (урыс тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, 1022 гъэм). ДзитIыр зэпэува нэужь, щыхьэт тохъуэ урыс тхыдэр, касог дзэпщым, Ридадэ, Мстислав жриIащ: «ДзитIыр щхьэ зэрыдгъэукIрэ: уэрэ сэрэ дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, си лъапсэри, си бынри, си мылъкури ууейщ. СыптекIуэмэ, уи лъапсэри уи бынри сысейщ».

АбыкIэ зэгурыIуэри, Ридадэрэ Мстиславрэ зэрыубыдащ. Касог дзэпщым тмутэрэкъан дзэпщыр хигъащIэ щыхъум, Мстислав тхьэгуащэм елъэIуащ: «СыхагъащIэ, къыздэIэпыкъуи, сытегъакIуэ; сытебгъакIуэмэ, члисэ пхухэссэнщ». Тхьэгуащэр къыдэIэпыкъури, Мстислав Ридадэ текIуащ («хьэджэсэкIэ епыджри иукIащ» - жеIэ тхыдэм). Апхуэдэущ Ридадэрэ Мсиславрэ я хъыбарыр урыс тхыдэм зэриIуатэр.

Нэгумэ Шорэ итхыжащ абыхэм я хъыбар. «Идарыпщыр, - етх Нэгумэ Шорэ, - Хъымыщ Елджэрыкъуэрэ Ридадэрэ гъусэ ищIщ, дзэр иришажьэри, Тэмтэрэкъей ебгъэрыкIуащ. Тэмтэрэкъей дэс дзэр къапэуващ. ДзитIыр зэпэува нэужь, Ридадэ, а лъэхъэнэм зэрыхабзэти, тэмтэрэкъей дзэпщым жриIащ: «Сыт щхьэкIэ дгъэкIуэдрэ ныбжьэгъухэр, ди дзэхэм ялъ щхьэ иткIутрэ? Дызэгъэбэни, укъыстекIуэмэ, сытыр сиIэми ууейщ». Тэмтэрэкъей дзэпщыр арэзы хъуащ абыкIэ. Я Iэщэр ягъэтIылъри, зэрыубыдащ. Зыкъомрэ зэбэнауэ, Ридадэ джэлащ, щыджалэм, тэмтэрэкъей дзэпщыр хьэджэсэкIэ къепыджащ».

Зэрынэрылъагъущи, Нэгумэ Шорэ итхыжа хъыбарымрэ урыс тхыдэм къыхэна хъыбарымрэ зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым. Шорэ итхыжа хъыбарым Ридадэ къызэрыхэщыр дзэпщукъым, дзэр Тэмтэрэкъей зышэри аракъым – Идарщ. Ридадэ абы и шу гъусэщ, ауэ шу гъусэ къызэрыгуэкIкъым, гуащIэшхуэ зыхэлъ пелуанщ. Мыбдежым зыгуэр зэрызэхэзэрыхьар IупщIщ: Ридадэрэ Мстиславрэ щызэбэна гъэм Идар псэункIэ Iэмал иIакъым – ар дунейм къыщытехьар илъэсищэ дэкIа нэужьщ. Нэрылъагъущ Ридадэ и хъыбарымрэ Идар и хъыбарымрэ зэрызэхэпшэхъуар – апхуэдэ къыщохъу IуэрыIуатэм. Шэч зыхэмылъыжыр зыщ: Ридадэ касог (пасэрей адыгэ) дзэпщышхуэщ, абы и хъыбарыр яхъумащ урыс тхыдэми адыгэ IуэрыIуатэми.

Поделиться: