Епэр

Мэзым къэкIыгъэхэр щымащIэкъым. Удз гъэгъахэри щыкуэд дыдэщ. Ахэр нэхъыбэу хуейхэм щыплъагъунущ. А хуейхэм плъыфэхэм я махуэшхуэ щекIуэкIым ещхьщ, апхуэдизкIэ удз гъэгъа зэмыфэгъу плъыфэбэхэр щикъухьащи. 
Жыгей абрагъуэм пэмыжыжьэу епэр цIыкIухэр куэду къыщыкIырт. Данэм хуэдэхэр, бэлацэу щабэ дыдэ епэр цIыкIухэр Iуву зэкIэщIэтти, удзыфэр зэбэкI мэзыр таурыхъым хэт алэрыбгъу фIэкI зэрыпщIэн щыIэтэкъым. Епэрымэ гуакIуэри хьэуам мащIэу хэсыхьт, хьэуам и тхьэ эльф Эол щхьэщылъэтыкIам хуэдэу. Епэрхэм я дунейм зэгурыIуэныгъэмрэ тыншыгъуэмрэ щытепщэт. Ауэ зэгуэрым…
Зэгуэрым абыхэм егъэлеяуэ дахащэу зы удзыпэ цIыкIу къахэкIыкIащ. Ар адрейхэм зыкIи ещхьтэкъым. Абы епэрхэм ещхьу щIым зыхиубгъуэртэкъым, атIэ лъагэу зиIэтырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ: мыри сыту пIэрэ? Епэрхэр зэрыгъэгузэващ: дэ дауэ дыхъужыну? Зэчэнджэщыжхэри унафэ ящIащ: дыпсэумэ, къэхъур тлъагъунщ. ИкIи къалъэгъуащ.
Къыхэжа удзыпэм тхьэмпэхэр къытекIащ. Абы и фэри и щытыкIэри нэгъуэщIт. Пэжщ, удзыфэщ, ауэ нэгъуэщI удзыфэщ. ИтIанэ къэкIыгъэм щхьэ цIыкIу къищIащ. Епэрхэр пэплъэрт абы зыкъыщызэIуихыну махуэм. А махуэри къэсащ. Дэпсыпу плъыжьыбзэу лъэдий псыгъуэ цIыкIум удз гъэгъам и щхьэр фIэсысыхьу фIэтт. И кум ис нэ фIыцIэ цIыкIумкIэ уафэ къащхъуэм фIэгъэщIэгъуэну еплъырт. Епэрхэр къэуIэбжьащ: 
- Уэ ухэт?
 - СыIущхьэщ, - пагэу жэуап къитащ телъыджэлажьэм, ауи и щхьэ къудеи имыгъэщхъыу. 
Епэрхэр щызэIущащэм, нэхъ цIыкIу дыдэу яхэтыр къэгъащ:
- Си анэу Дыкъэзыухъуреихь дуней, - здэгъым Iущащэрт а цIыкIур. - СыкъэгъэкI сэри Iущхьэу. Сакъыхэгъаплъэ сэри къэкIыгъэхэм лъагэу, дыгъэм зыкъезгъэгъэлъагъу, псори си дахагъэм къызэрыщытхъур зыхэзгъащIэ, - нэхъри зэщыджэрт епэр цIыкIур.
- Умыгъ икIи уемыхъуапсэ, - къэIущэщащ анэр. - Мы гъащIэм псоми уасэ щиIэщ. Зы напIэзыпIэ гуфIэгъуэми уасэ щIэптын хуейщ.
- Хьэуэ, хьэуэ, си анэ! СыхущIомыгъэгъуэж. КхъыIэ, Iущхьэу сыкъэгъэкI…
Дыкъэзыухъуреихь дунейр щатэри арэзы хъуащ. И дамэхэр щIиупскIэщ, и набдзэхэр хишри … ди епэр цIыкIум и лъабжьэм зихъуэжащ. Иужь иту удзыпэ цIыкIу къыхэжащ, итIанэ тхьэмпэхэр, кIэлъыкIуэу и щхьэ цIыкIур. Аргуэру зы махуэ дэкIри хуейм зы Iущхьэ къыщыгъэгъащ. Япэрейм нэхърэ нэхъ дахэу, нэхъ бжьыфIэу. А япэрейм и дахагъэр фIэкIуэдакIэт. Iущхьэ дахэкIейм и купсэм бжьэ кусэ цIыкIу итIысхьащи и дамэ цIыкIухэмкIэ Iущхьэм и къапщIийхэр егъэкIыл. Сыту гухэхъуэ! Арат сэ сызыщIэхъуэпсар! Ауэ таурыхъ псоми кIэух зэраIэм ещхьу, ди Iущхьэ цIыкIуми и кIэух-чэзур къэблэгъащ.
Пщэдджыжьым къепщэн щIэзыдза жьыбгъэ зэраншум лъагэу зыкъиIэтащ. Пшэхэр ирихужьэри, мэзыщхьэм щызэхуихусащ. Дыгъэм зыкъуидзэжри, зыIэзыбжьэу уэшх пIащэ хьэлъэр кърикIутащ. Ар пэгункIэ къракIых фIэкI пщIэнтэкъым, абырэ жьыбгъэмрэ зэхьэзэхуэ хуэдэт. Жьыбгъэри етат: жыг щхьэкIэхэр еудыныщIэ, жыгыщIэ цIыкIухэр егъэгъуэлъ, къуацэхэм губжьауэ йофыщIауэ.
Зэман дэкIыу жьыбгъэми уэшхми зызэтрауIэфIэжа иужь Дыкъэзыухъуреихь дунейм и лъахэр къызэпиплъыхьащ. Дунейкъутэжыр епэр цIыкIухэр зэрыт хуейм ящхьэщыкIат: уэшхым иуфэнщIауэ, ауэ шына нэхъ лажьэ ямыIэу ахэр къызэтенат. Абыхэм гъунэгъуу къыщыкI удзхэми зыкъыщхьэщаубгъуащ, езыхэми зыр зым кIэщIэпщхьэурэ захъумэжат. Ауэ дэнэ щыIэ ди хъуэпсэрилэ цIыкIур? А-а, мис ари… Жьыбгъэ къыщIэпщам абы и лъэдий махэ цIыкIур зэфIищIыкIри, и къапщIийхэр зэбгрипхъат. ЗэхэупIышкIуауэ, тхьэмыщкIафэ дыдэу ахэр тхьэмпэхэмрэ удзхэмрэ хэзэрыхьыжат.
- Е, тхьэмыщкIэ цIыкIу, - яфIэгуэныхь хъуащ ар епэрхэм. 
Къарууншэ дыдэ хъуа удз гъэгъам зэхихащ а псалъэхэр. Хуэму зыкъиIэтри абы къиIущэщащ:
- Хьэуэ, си щхьэр фымыгъей. Сэ Iущхьэу сыщытащ. Сэ схузэфIэкIащ щIылъэм лъагэу сыщыкIыу уафэр зэрыиныр къэслъагъуну. Сэ сынасыпыфIэщ… 
Пэжу дыдэуи насыпыфIэу къыщIэкIынщ: ар мэзым къыщыкI псоми я гум къинащ.
 Епэр хъуэпсэрилэ цIыкIум теухуа мы таурыхъыр нанэ къызжиIэжат. Ар щIэх-щIэхыурэ кIуэрейт а хуейм. Ауэ Iущхьэ абы къыщыкIауэ афIэкIа зэи илъэгъужакъым.

 

Гуровэ Людмилэ.
Поделиться: