Гуужьымрэ выжьитIымрэ къезыгъэла лIыжь губзыгъэ

Мазих нэблагъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыфыщIа нэмыцэдзэр Зеикъуэ къуажэм щыдахужым, абыхэм якIэлъежьащ ягъэдела, ядэлэжьа цIыху гуэрхэр. Полицайхэм я унафэщIу лэжьа Шидэ абыхэм я фIэщ ищIат бийр махуэ бжыгъэкIэ икIуэтыжу къигъэзэжыну.
Къуажэр нэмыцэдзэм яубыда иужь колхозыр якъутэжри, бригадэхэм я пIэкIэ унагъуэхэр пщIырыпщIу зэгуагъэхьэурэ мылъкур трагуэшат. Ди унагъуэр зыхэт гупым и тхьэмадэр, къытлъыса зы выгу зэщIэщIар зэгъэбыдылIар Хьэжы Батырбэчт. Абы и пщэм иралъхьат къуажэм къахуэна гуужь закъуэри ихъумэну.
Шидэ Батырбэч деж лIыкIуэ къищIащ выгу зэщIэщIам гуужьыр кIэрищIэу, ежьэнухэм къаритыну. Батырбэч лIыкIуэм жриIащ: «Сэ сыныдэкIынущ а выгу зэщIэщIам сису, лы хуей дыхъумэ, дукIыжыну гуужьри ныздыдэсшынущ». «ИгъащIэми лIыжь губзыгъэт ар», - жиIэри Шидэ къыщытхъуащ абы, хуахьа хъыбарым щыгуфIыкIауэ.
Зи щхьэм дзыхь хуэзымыщIыж Шидэ и автоматыр и уанэ къуапэм фIэлъу, и кIэрахъуэшхуэр гуэлэлу кIэрыщIауэ Батырбэчхэ я пщIантIэм шууэ къыдэлъэдащ. Гур унэ бжэIупэ дыдэм деж Iутт. Абы шыуан, кIэструл, хьэжыгъэ къэп ныкъуэ, упщIэ, щIакIуэ, нэгъуэщI зыхуеину гуэрхэр илът. И гум къэкIа шэчыр кIуэдыжауэ Шидэ гуфIэу Батырбэч зыхуигъэзащ: «Тхьэр арэзы къыпхухъу, Хьэжы, дызэрыпщыгугъауэ укъыщIэкIащ, улIыжь губзыгъэщ. Къуажэм жэщу ныдэкI, Бахъсэн унэсмэ, гъуэгум сэмэгурабгъумкIэ дэдзыхи, Псыхуабэ лъэныкъуэмкIэ гъэш. Абдеж губгъуэшхуэм псори дыщызэхуэсынущи, закъыкIэрумыгъэху».
Игу зэгъауэ Хьэжыхэ я пщIантIэм Шидэ къыщыдэжыжым лIыжьыр абы къыкIэлъыплъырт и нэ лъэныкъуэр щIиукъуэнцIауэ, и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу икIи игукIэ къыхужиIэрт: «А незбгъэшэжьэну узыщыгугъ гуу пэхужьым и акъылым хуэдизщ уэри уиIэр, былым».
А щIыкIэм тету, Хьэжым жылэр зэзыпхъуэну зи гугъа Шидэ дэкум хуэдэу къигъапцIэри, выгу зэщIэщIари, къуажэм я гуу цIэрыIуэри зейм къахуигъэнэжащ.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: