Франджы литературэм и классик Шарлоттэ ХьэIишэт - Аиссе

Франджым щыщ дипломат граф де Ферриоль Шарль пхъу ищIауэ щыта адыгэ цIыхубз ХьэIишэт (Аиссе) а къэралым и литературэм и классик хъуауэ щытащ. Илъэс щитIрэ хыщIым щIигъуауэ тхакIуэу, критикыу, литературоведу абы и гуащIэм тетхыхьыр мащIэкъым. Адыгэ цIыхубз телъыджэм хуагъэпсащ романхэр, повестхэр, пьесэхэр, хъыбархэр. 
Хэт хъуну-тIэ ХьэIишэт (Аиссе)? Дауэ ар Франджым къызэрыщыхутар?
ХьэIишэт I698 гъэм ливр 1500-кIэ Истамбыл бэзэрым къыщащэхуат. Хъыджэбз цIыкIум илъэсиплI и ныбжьт. Ар къызэрыхъукIар унагъуэ хуэщIат. Езыр егъэлеяуэ дахэт, екIут, псэм дыхьэм хуэдэщ жыхуаIэт. Къехъуапсэхэри, гъунэгъу зыкъыхуэзыщIыну, зыкъыпызыщIэну хуейхэри куэдт. Ауэ ар зыми яхутечыртэкъым. Франджым и тет езы герцог Орлеанскэр мызэ-мытIэу иужь ихьат Аиссе къыдихьэхыну, пащтыхь цIыхубзхэм я пашэу щигъэтыну. Ауэ ари къыпригъэхат.
Абы теухуауэ критик цIэрыIуэ Сент-Бёв Шарль Огюстен (1804 - 1869) итхыжат: «Азие бэзэрым къраша а адыгэ пщащэр Франджым къыщIашар цIыхубз щIыхьымрэ абы и къабзагъэмрэ зэфIэгъэувэжын хуейуэ арагъэнт».
Ауэ Аиссе и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтащ щIалэ хахуэ Блез-Мари д' Эди щыхуэзам. Ар фIыщэу илъэгъуат адыгэ пщащэм. ИкIи зыхьэхуа щIалэм ар щхьэгъусэ хуохъу.
МащIэщ къигъэщIар Аиссе - илъэс 39-рэ къудейщ. Ар дунейм ехыжащ 1733 гъэм гъатхэпэм и 13-м. Аиссе щыщIалъхьащ Париж дэт Щихъ Рок члисэм. А члисэм и тхылъым итщ абы и цIэр - Шарлоттэ-Элизабет Аиссе. (Абы чыристан диныр 1698 гъэм кърагъэщтат).
Блез-Мари д' Эди хуабжьу игу щIыхьат и щхьэгъусэр зэрыIэщIэкIар. Зы хъыджэбз цIыкIу яIэти, Аиссе и фэеплъу къыхуэнауэ, фIыуэ илъагъурт, и анэм ар ещхь зэрыхъужыным хущIэкъуу ипIырт. А цIыкIур виконтесси хъуат.
Апхуэдэ щыIэкъым жыхуаIэ литераторт Аиссе. Абы «дэтхэнэ зы псалъэми и мэр къыщIихьэрт», пшынэм хуэдэу ар игъэбзэрабзэрт, шэрыуэу, гурыхьу, гупсысэ дахэ хэлъу.
Япэ дыдэу адыгэ цIыхубзым и литературэ зэфIэкIым тепсэлъыхьар «Манон Леско» зытха Прево д' Эксильщ (1697 - 1763). «Алыдж пщащэм и тхыдэ» романым абы Аиссе и образыр къыщигъэлъэгъуат. Апхуэдэ дыдэу ищIащ Мариво Пьери (I688 - I763). Абы «Марианнэ и гъащIэ» ро¬маным (I735) и лIыхъужь нэхъыщхьэу къыщигъэлъэгъуар Аиссещ.
Франджым и тхакIуэ, критик нэхъ цIэрыIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым адыгэ цIыхубзым темытхыхьа. Абыхэм ящыщщ Ж. Руа. «Аиссе, е Адыгэ бзылъхугъэ ныбжьыщIэ» - арат абы и повестым фIищар. «Одеон» театрым и джэгуакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ Бернар Сарэ (1844 - 1923) «Мадемуазель Аиссе» спектаклым адыгэ цIыхубзым и ролыр щигъэзэщIат. Ар щагъэувар I872 гъэрщ.
Адыгэ цIыхубз телъыджэм и зэфIэкIымрэ Iэзагъэмрэ тетхыхьыжхэр франджыхэм я закъуэтэкъым. Къапщтэмэ, инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Кемпбелл Прейд романышхуэ итхат абы теухуауэ.
Апхуэдэу адыгэ цIыхубзым тетхыхьахэр куэд мэхъу. Абыхэм ящыщщ Суре Жюль, Анрио Эмиль, Моруа Андре. Ахэр псори франджыхэщ, инджылыз тхакIуэ Эдмон Пилони и тхыгъэхэр Аиссе хуигъэпсащ.
Критик Сент-Бёв гупсэхуу иджауэ щытащ адыгэ цIыхубзым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ. Сент-Бёвщ 1846 гъэм Аиссе и «Тхыгъэхэр» етIуанэу къыдэзыгъэкIыжар.
Аиссе и Iуэхухэр щызэрихьар нэгъуэщI къэралми, щыпсэуа зэманыр жыжьэми, ноби дрогушхуэ апхуэдэ цIыхубз телъыджэ къызэрытхэхъукIам, и цIэр фIыкIэ дуней псом зэрыщигъэIуам. Ари дыдейщ, лъэпкъ набдзэщ, Франджым къыщыхъуами щыпсэуами, къэзылъхуар адыгэ анэщ. 
 

 

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ