Нобэ

Урысей щIэныгъэм и махуэщ. 1724 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Петербург ЩIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Иджыпсту ар РАН-рщ.

Урысейм и дзэ топографым и махуэщ

Словением щагъэлъапIэ я щэнхабзэм и махуэр

Иракым и революцэм и махуэщ

1725 гъэм дунейм ехыжащ Урысейм и япэ император Пётр Езанэр.

1819 гъэм Санкт-Петербург университет къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэр къащтащ.

1837 гъэм Петербург и Iэгъуэблагъэм деж Пушкин Александррэ Дантес (Геккерн) Жоржрэ щIакIуэкIапэ щызэдытеуващ. Абы щигъуэта уIэгъэм Пушкиныр илIыкIауэ щытащ мазаем и 10-м.

1838 гъэм Морзе Сэмюэл малъхъэдисыр къигъэсэбэпу зэпкърилъхьа телеграфым и лэжьэкIэм цIыхухэр щыгъуазэ ищIауэ щытащ.

1905 гъэм Урысейм щыяпэу къызэIуахащ журналистхэр щрагъаджэ курсхэр. Ахэр къызэригъэпэщат профессор Владимиров Леонид.

1919 гъэм Урысейм къыщыдэкIащ зэманыр дунейпсо пщалъэм тету къэбжыным теухуа унафэр.

1943 гъэм Воронеж фронтым и дзэхэм Курск къалэр хуит къащIыжащ.

1984 гъэм Сараевэ къалэм (Югославие) къыщызэIуахащ ХIV ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 19 пщIондэ екIуэкIащ.

1992 гъэм Альбервиль (Франджы) къыщызэIуахащ XVI ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 23-м зэхуащIыжащ.

2002 гъэм Солт-Лейк-Сити къалэм (США) къыщызэIуахащ XIX ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр, мазаем и 24 пщIондэ екIуэкIахэр.

1994 гъэм «Газета Юга» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.

1834 гъэм къалъхуащ урыс еджагъэшхуэ, химик цIэрыIуэ Менделеев Дмитрий.

1900 гъэм къалъхуащ урыс тхакIуэ, бзэр зыджа щIэныгъэлI Успенский Лев.

1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Болэ Мурат.

1928 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Тихонов Вячеслав.

1I949 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Муравьевэ Иринэ.

1955 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Iэбубэчыр.

1977 гъэм къалъхуащ урысей фигурист, олимп чемпион, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Костомаров Роман.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

МэжэщIалIэм ерыскъы паубыдыркъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ