Пхъэлъантхъуэ

 Адыгэ пщIантIэхэм иджыри къэс ущрохьэлIэ къудамэ цIыкIу куэд зытет пхъэ джафэхэм. ПхъэлъантхъуэкIэ йоджэ абыхэм. Лы, унагъуэм къыщагъэсэбэп хьэпшып фIадзэу щытащ пхъэлъантхъуэм нэхъапэм. Нэхъ узэIэбэкIыжыIуэмэ, пхъэлъантхъуэм тхыдэ хьэлэмэт иIауэ къыщIокI...

Адыгэхэм иджыри къэс ягъэлъапIэ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэр, ар илъэсыщхьэу ялъытэ. Хъан-Джэрий зэритхыжамкIэ, унагъуэ къэс пхъэлъантхъуэ зырыз зэрахьэрт, Созрэщ и пхъэлъантхъуэкIэ еджэу. Созрэщ и пхъэлъантхъуэр хьэмкIутIейм е кхъужьейм къыхащIыкIырт, илъэс хъурейм гуэным щахъумэрт, гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм и пщыхьэщхьэм ар гуэным кърахырт. Пхъэлъантхъуэр гуэным къыщрахкIэ я пашэр нысащIэт. Гуэныбжэм бгъэдыхьэрти, нысащIэм жиIэрт: «Созрэщ, бжэр Iухи, дыныщIэгъэхьэ!» Бжэр «къызэIукIырти», нысащIэм пхъэлъантхъуэр къищтэрт, пхъэлъантхъуэм и къудамиблым тегъэпщIа шэху уэздыгъэхэр пагъанэрти, унэм щIахьэрт, жыхафэгум трагъэувэрти, езыхэр къетIысэкIыжырт, пхъэлъантхъуэм зыхуагъазэурэ тхьэ елъэIурт: «Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ, гъэфI къыдэт, ди гъавэр гъэбагъуэ, мафIэм дыщыхъумэ...»

А пщыхьэщхьэм Созрэщ къигъэзэжауэ ялъытэрт, илъэс хъурейм хы гущIыIум тетауэ; Созрэщ къыщигъэзэжа махуэм гъэрэ щIырэ зэхэкIауэ ялъытэрти, жылэм я гуфIэгъуэт, джэгушхуэ, тхьэлъэIу ящIырт. Созрэщ нэмыщI, пасэрей адыгэхэм тхьэуэ е тхьэпэлъытэу яIащ Мэзытхьэ (мэз псэущхьэхэм я тхьэ), ЗекIуэтхьэ (зекIуэлIхэм, гъуэгу тетхэм я тхьэ), Хыгуащэ (хым и тхьэ), Псыхъуэгуащэ (псым и тхьэ), нэгъуэщIхэри. Уафэм, дунейм и къэхъукъащIэхэм я тхьэр Уащхъуэт, уафэгъуагъуэм, уафэхъуэпскIым я тхьэр Щыблэт, цIыхум и гъащIэр, и псэр зи IэмыщIэ илъыр Псатхьэт. Мэкъумэш зыщIэхэм тхьэуэ ялъытэр Тхьэгъэлэджт, Iэщ зыгъэхъухэм – Амыщ, гъукIэхэм – Лъэпщ.

Къармокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: