Челеби Эвлиярэ адыгэхэмрэ

Тхыдэ гъуэгуанэхэм илъэс куэдкIэ ирикIуэу, Кавказымрэ абы щыпсэу лъэпкъхэмрэ я къекIуэкIыкIам икъукIэ убгъуауэ тепсэлъыхьахэм ящыщщ зек1уэл1 Челеби Эвлия. Абы илъэс 40-кIэ къызэхикIухьащ Уэсмэн къэралыгъуэмрэ абы къыпэщылъ щIыналъэхэмрэ. Куэдрэ здэщыIа щIыналъэхэм ящыщщ Адыгэ Хэкур.

Псалъэм папщIэ, япэ дыдэу адыгэ псалъэхэр тхын, зэхуэхьэсын щIэзыдзауэ зи цIэр къраIуэри  зыхуагъэфащэри аращ. ЗэманкIэ ар зыхуэзэр 1662-1664 гъэхэращ. ЗекIуэлIым, тхыдэтхым хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ итхыгъащ адыгэ псалъэ 24-рэ, псалъэ зэпхахэу 19. Челеби зэхуихьэса псалъэхэр, Блейштайнер япэу гу зэрылъитащи, адыгеибзэм нэхъ и гъунэгъущ.

ЩIэныгъэрылажьэ Темыр Рае и тхыгъэм мыпхэудэу дыщрохьэлIэ: «Адыгэхэмрэ нэгъуейхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэр фIы дыдэу итхыжащ Тыркум и къэхутакIуэ-зыплъыхьакIуэ, ефэнды Челеби Эвлия. Ефэндым щIыгъуа и гупым адыгэ щIыналъэр хы ФIыцIэ Iуфэм къыщыщIэдзауэ Псыжь и къежьапIэмкIэ къыдэкIуейурэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм (адыгэ лIакъуэхэм) я псэукIэм, цIыхухэм я зэхущытыкIэм, хабзэу зэрахьэм зыщагъэгъуазэурэ, я гъунэгъу лъэпкъхэр зыхуэдэр, а лъэпкъхэр зэзышалIэ Iуэхугъуэхэр, зэпэIэщIэ зыщIхэр ятхыжу 1666 гъэм щыхьэщIащ.

Челеби къызэриIуатэмкIэ, Мухьэмэд-Джэрий адыгэ лIакъуэ «шегаке» фIэщыгъэцIэр зезыхьэм малъхъэ яхуэхъуауэ, пэрыуэгъу имыIэжу щыхуей щIыпIэм и пщы1эр щигъэву ягъэпсэут. Абы нэмыщIу Челеби наIуэ къытщещI Адагум псыр хы ФIыцIэм щыхэхуэжым адыгэ лъэпкъыжьым и щIыналъэ «Черкесстан»-р къызэрыщыщIидзэр. Абы нэмыщIу къэхутакIуэм IупщIу къретхэкI Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адыгэ лIакъуэхэр, ахэр здэщыс щIыпIэхэр. Челеби къритхэкIа адыгэ лIакъуэхэм я нэхъыбэм я фIэщыгъэцIэхэр къэнауэ ноби щыIэщ: бжьэдыгъу, хьэтыкъуей, адамей, махъуэш, нэгъуэщIхэри.

ЛIакъуэцIэхэм нэмыщIу, Челеби къретхэкI псыхэм я фIэщыгъэцIэри, уеблэмэ къыхегъэщ «Псенэф» фIэщыгъэцIэр зезыхьэм нэгъуейхэр «Карасу»-кIэ зэреджэр. АдэкIэ къребжэкI «Гиага», «Уль», «Лаба», «Сераль», «Уарп», «Кубань», «Тегень», «Энджик», «Биююк-Энджик», нэгъуэщI псыхэр.

1666 гъэм къэхутакIуэ Челеби Адыгэ Хэкум щыщыхьэщIам илъэгъуахэр къанэ щымыIэу, нэхъ тэмэму жытIэнщи, адыгэщIым и гъунапкъэхэр, щыпсэу лIакъуэхэр, псыхэм я фIэщыгъэцIэхэр къритхэкIащ…»

АтIэ, хэт Челеби Эвлия хъужыр? 1611 гъэм ар къыщыхъуащ Истамбыл щыпсэу дыщэкI Дервиш Мехмед Зилли и унагъуэм. И анэ-адэм зэфIэкI яIэти, щIэныгъэф1и  иратащ. Эвлия и анэр Мелик-Ахьмэд-пашэ визирым къыдалъхуауэ и шыпхъут, Абхъазым къыщыхъуат.

Эвлия япэу зэхэзекIуэ щежьауэ къаIуэтэжыр 1640 гъэращ. Илъэгъуауэ хъуам теухуа тхыгъэ зэхуэхьэсахэр томипщIу къыдэкIыжащ «Сейяхатнаме» (Книга путешествий) фIэщыгъэцIэр яIэу. Пэжщ, и тхыгъэхэм егъэлеиныгъэ куэди ущрихьэлIэ щыIэщ. Арами, щыпсэуа зэманымрэ, абы щыгъуэм щыIа къэралхэмрэ, псэуа лъэпкъхэмрэ ятеухуауэ Эвлия къызэринэкIам уасэ хуэщIыгъуейщ.

Уэсмэн къэралыгъуэр къызэхикIухьа иужь, ар щыIащ Кавказым, Кърымым, Австрием, Мэжэрым (Венгрием), Фракием, Македонием, Крит хытIыгум, Мэчэм, Мысырым. Апхуэдэуи адыгэхэр Польшэм, Литвам, Кърымым зэрыщыIам, зэрыщызэуам теухуауэ хуабжьу тхыдэ теплъэгъуэ гъуэзэджэ куэд къеIуэтэж.

ЗекIуэлIыр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Каир щыщIалъхьэжащ 1682 гъэм.

 

 

Бемырзэ Зураб.
Поделиться: