Дыщэ кIанэ

Махуэ гуэрым бейгуэлхэр и гъусэу къуажэпщыр щакIуэ къикIыжырт. КъащэкIуа щIагъуи щымыIэу, ешаелIауэ къэкIуэж гупым дыхьэшх макъышхуэ зэхахащ. ЦIыкIури инри хуабжьу щыдыхьэшх унэм пщым и гупыр пэгъунэгъу щыхъум, ар Дизкъуажэ и унэрауэ къыщIэкIащ. Пщым фIэгъэщIэгъуэн хъури:

- Мы факъырэ унэр мыпхуэдизу щIэтхъэр сыту пIэрэ? КъэщIам хъунт ахэр апхуэдизу зыгъэдыхьэшхыр, - жиIащ. Бейгуэлхэм щыщ зы джэри Дизкъуажэ къыщIишащ.

- Мыпхуэдизу фызыгъэдыхьэшхыр сыт? ДыблэкIыжрэ пэт фи дыхьэшх макъым дыкъигъэувыIащ. Пщым ищIэну фIэфIщи, къыджеIэ!

- Уэлэхьи, къытхэхъуауэ дызыгъэдыхьэшхи щымыIэ, зы дыщэ кIанэ цIыкIу диIэщи, зэхуэддзурэ дридыхьэшхыу аращ, - жиIащ Дизкъуажэ.

Бейгуэлым Дизкъуажэ и псалъэр пщым щыIэригъэхьэжым, зыри жимыIэу ежьэжащ. Унэм зэрынэсыжу:

- Дизкъуажэ и бынхэр дыщэ кIанэ цIыкIукIэ апхуэдизу щигъэдыхьэшхыфакIэ, сэ си бынхэр нэхъыфIыжу кIанэшхуэкIэ згъэдыхьэшхынщ, - жиIэри зы дыщэ кIанэжь иIэти къищтащ.

И бынхэр хъурейуэ къригъэувэкIри, гъуэрыгъуэурэ дыщэ кIанэр яхуидзу иригъэжьащ. Хэти къыхуэмыубыду, Iэпыхурэ и лъапэм техуэу, хэти и бгъэгум хуищIэу къихуэу, игъэдыхьэшхын дэнэ къэна, дыщэ кIанэм быныр гъынанэу зэбгригъэкIыжащ. Ар щилъагъум:

- Мыр дауэ? ДыкъигъэпцIауэ ара? Сыт а бацэхэплъыр зыхуейр? Апхуэдэхэрат иджы сэ сыкъэзымыгъэпцIэжар. ФыкIуи къысхуэфшэ, - жиIэри Дизкъуажэ къригъэшащ пщым.

- А хьэуэрэ хьэм къилъхуа, сыкъыщIэбгъэпцIар сыт? ГъэпцIагъэрэ делагъэкIэ си бынхэр сыбгъэукIыжырти!

- Сыт къэхъуар, зиусхьэн, сыту Iейуэ укъэгубжьа? Сэ сыткIэ сыкъуаншэ?

- Укъуаншэщ арэфу. Си бынхэр дыщэ кIанэкIэ согъэдыхьэшх жызыIар уэракъэ?

- Сэращ.

- НтIэ, сэ си бынхэр сыту мыдыхьэшхарэ? Дыхьэшхыным и пIэкIэ хэт и лъакъуэр, хэт и шхужьыр уфIыцIащ.

- Уэ яхуэбдзар дыщэ дыдэт?

- Щымыщ хэмылъу дыщэ къабзэт. Куэдрэ зумылъэфыхьу мы Iуэхум хьилагъэ гуэр хэлъщи къызжеIэ.

- Уэлэхьи, зиусхьэн, хьилагъэ лъэпкъ пкIэлъызезмыхьэ, фыкъэзмыгъэпцIа, апхуэди симыхьэл. Дызыгъэдыхьэшхам фыкъыщIэупщIати, вжесIащ, ауэ сэ зи гугъу сщIар уэ къыбгурыIуакъым.

- Дауэ? Хэт уэ нэхърэ нэхъ делэу уи гугъэр? – пщыр нэхъри мэкIий.

- НтIэ, уи фIэщ щымыхъукIэ, накIуэ иджыпсту уэзгъэлъагъунщ.

- Къэпхьми слъагъунщ ар сэ, - жиIат пщыми, Дизкъуажэ кIуэжащ, агъэбыгъэ хъуа я сабий цIыкIур иIыгъыу кIэщIу къигъэзэжри:

- Мис, зиусхьэн, сэ дыщэ кIанэ жыхуэсIар! Мыращ дыщэ кIанэр, армыхъумэ уэ уи дыщэр, уэ дыщэ жыхуэпIэр сытым щыщ! – жиIэурэ пщым сабийр иригъэлъэгъуат жаIэж.

 

Жылау Нурбий.
Поделиться: