ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

♦Тэтэрстан Республикэм и Гербым и махуэщ

♦Гренадэм и лъэпкъ махуэшхуэщ – щхьэхуит зэрыхъуар (1974 гъэм) егъэлъапIэ

1795 гъэм Хаджибей кхъухь тедзапIэм и цIэр Одессэу зэрахъуэкIащ.

1893 гъэм США-м щыщ инженер Крей Алан мафIэсыр зэрагъэункIыфI Iэмэпсымэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ дэфтэр иратащ.

1965 гъэм США-м щыщ боксёр цIэрыIуэ Клей Кассиус муслъымэн диныр къищтащ, иджыпсту дуней псом къызэрыщацIыху Мохаммед Али цIэри къыфIащауэ щытащ.

1981 гъэм Ленинград деж къыщехуэхащ Ту-104 кхъухьлъатэр. Абы исащ СССР-м и хы Хуэм флотым и унафэщI псори. ХэкIуэда цIыху 52-м ящыщу 16-р адмиралрэ генералрэт, япэ рангым и капитанхэр тIощIым нэблагъэрт. Къэралым и дежкIэ ар икъукIэ хэщIыныгъэшхуэт – тенджызым къулыкъу щызыщIэ апхуэдиз дзэ унафэщI ЕтIуанэ дунейпсо зауэм хэкIуэдатэкъым.

1998 гъэм Наганэ къалэм (Японие) къыщызэIуахащ ХVIII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Абы щыгъуэщ Олимп джэгухэм сноубордымкIэ зэпеуэхэри щыхагъэхьар. Олимпиадэр мазаем и 22 пщIондэ екIуэкIащ.

1999 гъэм Иорданием и пащтыхь хъуащ Абдалла ЕтIуанэр.

2014 гъэм Сочэ къалэм (Урысей Федерацэ) къыщызэIуахащ ХХII ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ди къэралым нэхъапэм ЩIымахуэ Олимпиадэр зэи щекIуэкIатэкъым. Джэгухэр мазаем и 23-м зэхуащIыжащ.

1855 гъэм Курилхэмрэ Сахалинрэ зэхуэгуэшыным теухуа урыс-япон зэгурыIуэныгъэм Iэ традзащ.

1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.

1906 гъэм къалъхуащ совет авиаконстуктор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, академик, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Антонов Олег.

1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.

1971 гъэм къалъхуащ урысей уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Цой Анитэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэнкъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ