ГущIэгъумрэ цIыхугъэмрэ унэ яухуэфИджыблагъэ зи унэр мафIэм иса Гъуэгунокъуэхэ я унагъуэм ахъшэкIэ ядэIэпыкъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки. Абы жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр гузэвэгъуэ хэхуам зыщIагъакъуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIыр. Псыгуэнсу къуажэм дэс Гъуэгунокъуэхэ зыпэщIэхуа гугъуе-хьыр къызэранэкIын папщIэ къуажэдэсхэр зэрадэIэпыкъур, республикэм исхэри лъэныкъуэкIэ къызэрымынар жиIащ КIуэкIуэм. Хэгъэгу унафэщIым къихигъэщащ къуажэдэсхэр зэхыхьауэ яухуэ унэщIэм щхьэкIэ КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щыщ сом мин 500 зэрыратыр. Гъуэгунокъуэхэ я унэр цIыхубэм я нэIэ щIэту яухуэ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Псыгуэнсу къуажэм Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым махуэ къэс къралъхьэ ар здынагъэсамрэ цIыхухэм ахъшэу къратымрэ.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|