Адыгэ мэкъумэшыщIэм и илъэс махуэгъэпсыр

Ижь-ижьыж лъандэрэ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ зыщ адыгэхэр. Абыхэм я тхыдэмрэ  хабзэмрэ я лъабжьэр къызэрежьэрэ илъэс мин куэд мэхъу, зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэцIэхэм я къэхъукIэм, къэгъэщIыкIэм и гъэщIэгъуэнагъыр. Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэр зэрызэригъакIуэри, къэзыухъуреихь дунейм сакърэ щысхьрэ хэлъу бгъэдыхьэу зэрыщытари.

Дунейм и пIалъэ зыщIэу псэууэ щыта пасэрейхэм къащIэнащ нэщэнэ куэд. Ахэр игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъукIэрэ цIыхум и зэфIэкIым зиузэщIырт, гъащIэм хуэIэижь хъурт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дунейм и къэхъукъащIэхэрт. Мэкъумэшым зи гъащIэр теухуар абы пыщIахэм елIалIэрт, Iэщым хэтым абы и пIалъэр нэхъ къыфIэIуэхут. Апхуэдэхэр IупщIу щынэрылъагъущ Iуэхугъуэ куэдым, абы адыгэ мазэцIэхэри хэту.

МазэцIэхэр адыгэхэм я дежкIэ фIэщыгъэцIэ къудейкъым, абыхэм япыщIащ лъэпкъ тхьэлъэIухэри, зэрихьа динхэри, и хабзэхэри. Ахэр, уеблэмэ ди тхыдэщ, пасэрей адыгэхэм я псэукIар, зыгъэгуфIэу, зыгъэпIейтейуэ щыта Iуэхугъуэхэм я лъэужь хэплъэгъуэжу. Адыгэ мазэцIэхэр - ди щэнхабзэщ, ди пасэрейм я гъащIэщ, я дуней еплъыкIэм, я гупсысэм къигъэщIащ.

Адыгэхэм илъэсыр япэ щIыкIэ IыхьитIу фIэкIа ягуэшу щытауэ къыщIэкIынукъым - гъэрэ щIырэ, гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэу. Абы и щыхьэт хуэдэщ «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ» - жыхуиIэри. Тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, иужькIэ илъэсыр IыхьиплIу иращIыкI хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ тIощIрэ пщIырэ, илъэсым махуэ 360-рэ къищтэу арат. Илъэс къэсыхункIэ махуитху-хы къыдидзэрт, икIи ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу яIащ.

Пасэрей адыгэхэм я зэманыр апхуэдизу зэпэлъытауэ щытакъым. Ауэ дыгъэм и къыщIэкIыгъуэ-къухьэжыгъуэмкIэ цIыху набдзэгубдзаплъэхэм зыхуейр къащIэфырт, зэманыр здынэсар къахутэрт. Адыгэхэм нэхъ гу зылъатэр дыгъэр, мазэр, вагъуэхэр арат. Псалъэм щхьэкIэ, къуажэхэм хэхауэ бгыщхьэ, жыг гуэрхэр яIэт, дыгъэр абыхэм я щхьэщыгум къызэриувэмкIи, зэманыр къащIэрт. КъинэмыщIауэ, лIыжь зэрыс унагъуэхэм сыхьэт башкIэ еджэу пщIантIэм нэхъ дыгъафIэм деж бжэгъу щыхатIэрт, дыгъэ бзиймкIэ къащ1эрт махуэр здынэсар.

Жэщым деж Вагъуэ бынхэр я гъуазэт, псом хуэмыдэу абыкIэ зекIуэлIхэр Iэзэт. Илъэсыр IыхьитIу зэрагуэшыр адыгэхэм Вагъуэбэ «Созвездие Тельца» жыхуаIэ вагъуэ быным ирапхырт. Вагъуэбэр щIэныгъэм Дыгъэр здыкIуэцIырыкIыу жыхуиIэ Вагъуэ бын пщыкIутIым щыщу Телец жыхуаIэм нэхъ тохуэр. Абы ехьэлIауэ, ди бзэм иджыри къыхэнэжауэ хэтщ мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр: «Вагъуэр щIым къыхэкIащ», «Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъащ», «Вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьащ», «Вагъуэбэр щIым хыхьэжащ».

Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIынур зыпыщIар Вагъуэбэрт. Ар щIым къыщыхэкIым и деж (иджырей гъатхэпэм и 21- 22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, адыгэ илъэсыщIэр къихьэрт. Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр - махуэ 30, накъыгъэр - махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм щыщу махуэ 22-рэ. МэкъумэшыщIэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж лъандэрэ жаIэ: «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ».

Адыгэхэм, щхьэж зыщыпсэу щIыналъэм езэгъыу, дэтхэнэ зи чэзу Iуэхур щегъэкIуэкIын хуейм теухуа махуэгъэпси яIэу щытащ. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ мэкъумэш къэкIыгъэри щытесэн хуейм, вакIуэ дэкIыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлIауэ. Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (мэкъуауэгъуэм и 21 - 22), гъэмахуэм щIидзэрт. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ мэкъуауэгъуэ мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ мазэм щыщу махуэ 31-рэ, шыщхьэIу мазэм щыщу махуэ 31-рэ, фокIадэм и махуэ 22-рэ. Гъэмахуэр мэкъумэш лэжьыгъэхэм щигуащIэгъуэ лъэхъэнэщ. Хьэсэхэр, пщIанэхэр къабзэу зехьэн хуейщ. Абы и закъуэкъым, атIэ къэкIыгъэхэм я бий псоми - хьэпIацIэхэм, узхэм ебэнын хуейщ. Адыгэ мэкъумэшыщIэ махуэгъэпсымкIэ, гъэмахуэ махуэ 92-р мы къэкIуэнум хуэдэу гуэшащ: бадзэуэгъуэм и 17-м гъэмахуэ шылэр къохьэ - ар махуэ 40 мэхъу, шыщхьэуIум и 22-м еух. Абы иужькIэ иджыри фокIадэм и 22 пщIондэ гъэмахуэщ. КъыкIэлъыкIуэу, вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (жэпуэгъуэм и 21-22), бжьыхьэр къэсауэ ялъытэрт. Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщIэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ. Гъэ псом къагъэкIар, къагъэхъуар къыщрахьэлIэж мазэхэщ. Ари махуэ 91-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокIадэм щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, щэкIуэгъуэр - махуэ 30, дыгъэгъазэм щыщу махуэ 22-рэ. АдэкIэ Вагъуэбэр щIым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ дыгъэгъазэм и 21-22 махуэм, абы щыгъуэ щIымахуэр къихьэу ялъытэ.

ЩIымахуэр махуэ 90 мэхъу. Абы хохьэ дыгъэгъазэм щыщу махуи 9, щIышылэ мазэр зэрыщыту, махуэ 31-рэ, мазаер - махуэ 28, 29-рэ хъууэ, гъатхэпэ мазэм щыщу махуэ 22-рэ. ЩIымахуэ шылэр къохьэ щIышылэм и 17-м. Ар махуэ 40 мэхъу. Шылэр еух мазаем и 23-м. Абы иужькIэ аргуэру махуэ 25-кIэ щIымахуэу щытщ.

Мы къызэрыдгъэлъэгъуам хуэдэу зэхэлъщ адыгэ мэкъумэшыщIэм и илъэс махуэгъэпсыр. Гъэр къызэрыкIуэм, дунейм и щытыкIэм елъытауэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэрти, я Iуэхур тэмэму дэкIт. КъайхъулIэрт, сыт хуэдэ гъэми и шыфэлIыфэм, и къэкIуэкIэм елъытауэ мэкъумэшыр ящIэрти, Iэщыр зэрахьэрти. Абыхэм я гъащIэ псор «щIэщIауэ» яхьырт, зыгуэру темыплъэкъукIын папщIэ. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIа махуэгъэпсыр ноби гъавэ зыщIэхэм, Iэщ зыгъэхъухэм икъукIэ щхьэпэ яхуэхъунущ.

Зыгъэхьэзырар ДОХЪУШОКЪУЭ Синэщ.
Поделиться: