Топкапы, Айя София, Султанахмет

Топкапы уардэунэр Истамбыл и зыплъыхьыпIэ нэхъ ехьэжьахэм ящыщщ. Илъэс 400-м нэблагъэкIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и пащтыхьхэр щыпсэуар аращ. Иджы цIыхухэм я зыплъыхьыпIэщи, Европэ музейхэм ящыщу нэхъыбэ дыдэ зэкIуалIэхэм хабжэ. Абы и пщIантIэм километри 5 и кIыхьагъщ, метр зэбгъузэнатIэ мин 700 еубыд. 1856 гъэм Долмабахче уардэунэр ухуэн яуха нэужь, пащтыхьхэр абы Iэпхъуэжри, дунейм ехыжа падишаххэм я щхьэгъусэхэр Топкапы щыпсэуну къыданащ.

1923 гъэм Тыркур республикэ хъуа нэужь, Ататюрк и унафэкIэ, Топкапы музей ящIыжащ. Абы хьэпшыпу мин 65-рэ хуэдиз щIэлъщ, ауэ цIыхухэм ирагъэлъэгъуфыр мащIэщ. Иджыпсту абы дэт ухуэныгъэхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ, зыгуэрхэр мафIэм исащ е лIэщIыгъуэхэм дэщэхэжащ. ИджыкIэ жыг хадэхэм, удзыпцIэ щхъуантIэхэм, гъэгъа зэрыт утхэм хуабжьу ягъэдахэ.

СулътIанхэр зыщIэса пэшхэр, ахэр къызэрищIыкIар, пащтыхьхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр, зэрышха хьэкъущыкъухэр - а псори уи нэкIэ плъагъуныр гъэщIэгъуэнщ.

Айя София ухуэныгъэ абрагъуэр къыщытщ Топкапы и гъунэгъуу.  Византием и «дыщэ лIэщIыгъуэм» и дамыгъэу ящIауэ щыта члисэм зэманым куэдрэ зыдихъуэжащ, куэдрэ зэрагъэпэщыжащ. СулътIан Мехмет ЕтIуанэм Константинополь зыIэщIилъхьа нэужь, абы и унафэкIэ, 1453 гъэм члисэр мэжджыт ящIауэ щытащ Айя-София фIащри. 1935 гъэм щыщIэдзауэ Софиер музейщ. И щIыбым иIэ теплъэкIи  и кIуэцIкIи гъэщIэгъуэнщ музейр, абы къыпхуеIуатэ Истамбыл и византие-чыристэн лъэхъэнэри, уэсмэн-муслъымэн зэманри.

ЗыплъыхьакIуэхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэхэмрэ дэзыхьэх ухуэныгъэхэм ящыщщ Султанахмет мэжджыт иныр. Къапщтэмэ, мы мэжджытращ Истамбыл зэзыгъэлъэгъуну хуейхэм я «зекIуэм» къыщыщIадзэр. Сыт щыгъуи цIыхур щыкуэдщ мы щIыпIэм. Султанахметыр тырку-ислъам архитектурэм и курыхыу жыпIэ хъунущ. Султан Ахмет Езанэм и ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуу, унафэ ищIри, 1609 гъэм щIадзэри, илъэсихкIэ яухуащ мэжджытыр. Абы и кIуэцIыр къызэрищIыкIа мывэ лъапIэ щIыхухэм ирагъапщэу, етIуанэ фIэщыгъэу зэрехьэ «Мэжджытыщхъуэ» цIэр.

Истамбыл дэт мэжджыт бжыгъэншэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэр аращ. Абы пщIэншэу ущIагъэхьэ, ауэ цIыхур апхуэдизкIэ Iувщи, чэзум узэрыхэтыным ухуэхьэзырын хуейщ.   

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: