Къызэрыплъэгъуфыну щыIэри зы Iэмалщ

Астрономхэм иджыщ япэ дыдэу къыщалъэгъуар «мащэ кIыфIым» (чёрная дыра) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэм и зэпкърыхукIэр зыхуэдэр.

Къэрал зыбжанэм я щIэныгъэлIхэр, ди планетэм нэхъ лъэрызехьэ дыдэу къыщалъытэ телескопхэр къагъэсэбэпкIэрэ, зы зэманым къриубыдэу зэуэ щыхьэт техъуащ, зэрыщытыпхъэм теорие и лъэныкъуэкIэ щыгъуазэ зыхуащIа пэтми, абы ипэкIэ зэи ямылъэгъуа къэхъукъащIэ телъыджэр зэрекIуэкIым – мащэ кIыфIым (гъуэдыдж кIэуфIыцIым) гъунэгъу зыхуэзыщIа вагъуэр щызэщикъузэкIэ, иужьрейм, къигъэщIам кIэ зэриIэр «зыхищIа» фIэкIа умыщIэну, «гужьеигъуэ» иныр къылъысауэ бзий гуэрэнышхуэхэр нурыбэу къызэрызыхиутIыпщыкIым.

Астрофизикэ щIэныгъэм зэрыщыгъэбелджылащи, мащэ кIыфIым и гравитацэм зыкъызэрызэкъуих къару шынагъуэрщ гъунэгъу зыхуэзыщI псори зэзылъэфалIэр, абы къыхэкIыуи зэпкърызытхъыр. Мы зи гугъу тщIы вагъуэми къыщыщIар аращ.

Европей ипщэ обсерваторием и телескопхэу VLT (Very Large Telescope), NTT (New Technology Telescope) зи фIэщыгъэхэмкIэ мазэ бжыгъэм къриубыдэу мащэ кIыфIым зыщIиша вагъуэм и кIуэдыжыкIэм кIэлъыплъа щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гъащIэр абдежым къыщызыуха уафэщI зэщIэлыдэр и инагъкIи, и гуащIагъкIи ди Дыгъэм хуэдэнт.

Ауэ щыхъукIи, оптикэ, рентген, ультрафиолет, радио диапазонхэмкIэ и чэзууэ икIи зыубгъуауэ ирагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къарикIуэу, астрономхэр иджыщ япэ дыдэу щыхьэт щытехъуар, мащэ кIыфIым, и къару абрагъуэр къигъэсэбэпу, вагъуэ жьэражьэм къыкIэрифыщIыкIа пытхъахуэхэм къызэрымыкIуэу нур зэщIэлыдэ иныщэ, зэман кIыхьым къриубыдэу, къазэрыпхивым. ИкIи, вагъуэ жыжьэм и кIуэдыжыкIэр зылъэгъуахэм зэрыжаIэмкIэ, и хьэлъагъым нэхърэ мелуан бжыгъэкIэ нэхъыбэ къэзышэч мащэ кIыфIым ар щызыщIилъафэм, абы «нэрылъагъуу» фIэкIуэдащ езым и пкъым щыщу и Iыхьэ ныкъуэм нэблагъэр.

Уеблэмэ, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэр здэщыIэ щIыпIэм илъэс мелуан 215-кIэ пэжыжьэ (нэхум зэрызидзым тригъэкIуадэ зэманым тещIыхьауэ) Эридан вагъуэ зэрыбыным хыхьэ галактикэ «шыхьам», астрономхэм AT20I9qiz нагъыщэр зратам, далъэгъуа къэхъукъащIэм хуэдэхэращ куэду тпэжыжьэ галактикэхэм якухэм зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIхэр» здэщыIэмрэ абыхэм гъунэгъу захуэзыщI уафэщIхэм я зэпкърытхъыкIэр зыхуэдэмрэ зэрызэхэбгъэкIыфыну Iэмал закъуэу щыIэри.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: