Нэмысымрэ лIыгъэмрэ ятеухуауэ

Хабзэ

Уи щхьэ ущытхъужыныр, умыщIа лIыгъэ пIуэтэныр, пкIэрымылъ щытхъу зыкIэрыплъхьэныр, къомыкIун Iуэхум зыкIэрыпщIэныр адыгэ хабзэмкIэ емыкIуу къалъытэрт.

Пасэрей адыгэхэм емыкIуу, лIыгъэншагъэу ябжырт къилэжьа Iуэху «сыхъуат», «сыщIат» жиIэу иIуэтэжыныр. Ар адыгэлIым и щхьэм хуигъэфащэртэкъым. «Сеуэри суIащ», «сеуэри сукIащ», - жиIэу хъыбар пхуиIуэтэнутэкъым. «Сеуащ», - жиIэну и щхьэ трилъхьэртэкъым. АтIэ, хъыбарыр щиIуэтэжкIэ: «Си Iэм IэщIэлъ къамэр ехуэхри, лIыр уIэгъэ хъуащ», «Си Iэм IэщIэлъ фочыр уэри лIыр джэлащ», - жиIэрт. Езым и Iуэху хэмылъу, ауэ къэхъуа хуэдэут зэриIуатэр.

ХьэщIэм хуэдэу нэхъыжьхэми нэмыс хуащIырт. Нэхъыжьым андез ищтэмэ, абы и пыIэр щхьэрихырти, иIыгъыу щхьэщытт нэхъыщIэр. Ауэ апхуэдэм нэхъыбэу щхьэщытыр цIыхубзт. И пыIэр иIыгъыу, и дамэм напэIэлъэщIыр еупцIэкIауэ щхьэщытт, андез щтэн иухыху. Андез щтэн зэриухыу, напэIэлъэщIымк1э зригъэлъэщIырти, и пыIэр щхьэритIэгъэжырт. Ауэ андез зыщтэм псыр тракIэурэ ирагъащтэ хабзэкъым, езым и IэкIэ зытрикIэжырт.

«Анэмэту узот», - жиIэрэ зыгуэр ирагъэхъумэну иритамэ, ар хуэмыгъэзащIэмэ, емыкIушхуэт. Апхуэдэ Iуэхур умыгъэзэщIэныр Iэмал имыIэу адыгэ хабзэм къигъэувырт. «Анэмэтым гъерэт ухуэмыхъу!» жыхуаIэ псалъэр абы къытекIащ. Абы къикIыр – «анэмэтым уемыпцIыжу хуэгъэзащIэ!» - жыхуиIэщ.

АдыгэлIым нэпцIу Iэщэ кърихыртэкъым, кърихами, хуэфащэ имыщIауэ ирилъхьэжыртэкъым. Ирилъхьэжами, лIыгъэншэт. «НэпцIу Iэщэ къыумых, къипхами, хуэфащэ ирумыщIэу иумылъхьэж!» - жаIэу псалъэжь щыIэщ.

Адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщщ: жэм къащэхуамэ, пщIантIэм къызэрыдыхьэу хугу Iэбжьыб къыщIахырти, абы тракIутэрт, «Ялыхь, мыпхуэдизкIэ тхуэгъабагъуэ», - жаIэрти.

ЦIыхухэр зэдэIэпыкъуу, хабзэ яку дэлъу щытащ. Зыгуэрым хьэгъуэлIыгъуэ иIэмэ, мэл зиIэхэм я деж кIуэрти елъэIурт: «Мыпхуэдэ Iуэху сиIэти, зы хьэщIэныш щхьэкIэ лъэIуакIуэ сыкъыпхуэкIуащ», - жиIэрти. А здэкIуам тIэкIунитIэ цIыхугъэ хэлъу щытмэ, ныш къримыту къигъэкIуэжтэкъым. Нышу нэхъыбэрэ ятыр щынэт.

Адыгэм ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэрт зыгуэрым и щыгъын, и хьэпшып нэгъуэщI къехъуэпсауэ: «Мыр сыту дахэ», - жиIамэ: «Уехъуэпсамэ, узот!», - жиIэрэ тыгъэ хуищIу. «Узот» жыIэныр хабзэщи, жиIэт, ауэ апхуэдэ тыгъэр псоми Iахыртэкъым. «УщехъуэпсакIэ» жиIэу лIыгъэкIэ езыти щыIэт. Ныбжьэгъу, гъунэгъу хуэдэхэрт апхуэдэ тыгъэр нэхъыбэу зыIэпызыхыр..

Адыгэм Iэщ, псом хуэмыдэу, шы фIыуэ ялъагъуу къекIуэкIащ. Шым епха Iуэхухэм щIалэгъуалэр дихьэхырт. Къызэдэжэну, шыбгъэрыуэ зэдэджэгуну, шы жэрыжэм тесу еIэбыхыурэ зэгуэрхэр къащтэнкIэ зэныкъуэкъуу щытащ.

ЦIыхубзхэм нэхъыбэу я лэжьыгъэр щIакIуэ щIынырт, упщIэ гъэпцIэнырт, цей зэIущэнырт.

Адыгэхэм я гуфIэгъуэ Iуэхухэр джэгуакIуэхэмрэ ажэгъафэхэмрэ ягъэдахэу щытащ. Абыхэм сыт хуэдэ Iуэхури нэгузыужьу къызэрагъэпэщырт, ахэр зыхэмыт зэхыхьэр мыхъуауэ къалъытэрт.

ЩОДЖЭН Хьэзешэ.
Поделиться: