Франджым и Гуащэ Елмэсхъан

 «Псоми зэгуэр зы щIыпIэ деж къыщыщIадзэ. Псым – къыщIэжыпIэм, бгым – и лъабжьэм». ЦIыхухэм, абыхэм я сэбэп зыпылъ Iуэхухэм и гъащIэ псор зэрытриухуам папщIэ Франджым и Бзылъхугъэ щэджащэ къызыфIаща ди лъэпкъэгъу Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан ущытепсэлъыхькIэ, псом япэу зэгъэцIыхун хуейщ и адэ-анэр. И анэ Бредовэ Елизаветэ Эмильевнэ лIакъуэлIэш лъэпкъыжь къыхэкIащ. И адэри и дэлъхухэри урыс генералу щытащ. И адэр – Хьэгъундокъуэ Константин (Исмэхьил) – Къэбэрдейм и лIыхъужьхэм я ЩIыхь тхылъым иратхэну зыхуэфащэу зылI щыIэмэ етIуанэщ. ФIэщ хъугъуейщ къэбэрдей адыгэхэм зауэ хуэIухуэщIэхэм щагъэхъа лIыгъэм фIыщIапщIэу апхуэдиз дамыгъэ лъапIэ къызыхуагъэфэща нэгъуэщI зыгуэр дунейм тетауэ.

Хьэгъундокъуэхэ Елизаветэрэ Константинрэ быний яIащ: пхъуитху

– Нинэ, Гали (аращ Елмэсхъан хъужыр), Артемие, Александрэ, Тамарэ; къуищ, – Константин (Едыдж), Жорж (Адэмей), Исмэхьил. Константин и къуэ Константин илъэс 89-рэ къигъэщIащ. Исмэхьилрэ Адэмейрэ псэущ, узыншэхэщ, дэтхэнэри илъэс 90-м ебэкъуащ.

Хьэгъундокъуэ генералым ипхъу Елмэсхъан православиемкIэ Гали, католическэкIэ – Ирен цIэ хуэхъуахэщ. Езым фIэфIт ЛейлакIэ къеджэну. Елмэсхъан I898 гъэм къалъхуащ. ГъащIэ кIыхь, гъащIэ гугъу къигъэщIащ абы. Абы и япэ щхьэгъусэр – Баженов Николай – пасэрей урыс бояр лъэпкъыжьым къыхэкIат. Пажскэ корпусыр къиухат. Къулыкъушхуэ иIащ. Елмэсхъан Николай фIыуэ илъэгъуащ. И насыпти, Николаи хьэщыкъ къыхуэхъуат. Абыхэм я нэчыхьыр щатхащ Бытырбыху. Куэд мыщIэу революцэр къэхъеящ. А лъэхъэнэ дыдэм щIалэ цIыкIу къахэхъуати, адэм и цIэр – Николай – фIащыжащ. Абы нэхъ лъапIи Гали гъащIэм щиIакъым. И лIыр сымаджэрилэт. Япэ дунейпсо зауэм щигъуэта уIэгъэр къешынэуэж зэпытт. ЩIэпхъуэжауэ Китайм щыIэу абы щылIащ. А зэманым цIыху куэдым Китайр егъэзыпIэ яхуэхъуат. Елмэсхъан а илъэс шынагъуэхэм гугъуехьу игъэвар зыхуэдизыр къебжэкIыгъуейщ. Апхуэдэт гъащIэр. Елмэсхъан и  унагъуэми, Урысейм щыщ куэд дыдэм хуэдэу, егъэзыпIэ хуэхъуащ Франджыр.

ЕтIуанэу нэчыхькIэ ар дэкIуэжащ граф дю Люар, маркиз дю Люар и къуэм. Абыхэм я лъапсэр щыIэт Пьемпонт и Iэгъуэблагъэм. Гали и щхьэгъусэр къэрал къулыкъущIэт, сенаторт. Граф дю Люаррэ и унагъуэмрэ Хьэгъундокъуэхэ къадэIэпыкъуащ я Iуэхухэр зэпэщыжыху.

Монтень цIыху Iущым зэгуэр жиIащ: «ЦIыху насып жыхуаIэжыр лIэкIафIэ ухъунркъым, атIэ фIыуэ упсэунырщ». Сыт-тIэ мы цIыхубзым, дунейм емыхыж щIыкIэ Франджы псом телъыджэ ящыхъуам, апхуэдизу яIэтыну илэжьар? Сыт хузэфIэкIар Елмэсхъан? Абы хузэфIэкIар зэбгъапщэ хъунур Терезэ анэм и закъуэщ. Ар ящыгъупщэркъым Франджым, хэт ищIэн, ящымыгъупщэнкIи хъунщ и хэкум, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысейм.

Франджы генерал Дибост Хьэгъундокъуэ Гали, графиня дю Люар, теухуауэ мыпхуэдэу жиIащ: «Дэ тщыщ хъуащ пхуэмыIуэтэн хуэдэу дахэ, цIыхубз гуащIафIэ Ладисла дю Люар. Абы и гъащIэр, зэрыщыту уIэгъэхэм еIэзэным триухуар, пэжагъкIэ гъэнщIа хъыбар телъыджэ хъуащ. Хьэгъундокъуэ Лейла Кавказым къыщалъхуащ, ар урыстэкъым, атIэ езым куэдрэ зэрыжиIащи, шэрджэст. Пащтыхь армэм и офицерым езыр щIалэу дэкIуами, большевик революцэм и лъэхъэнэм и лIыр щаукIым, ар Урысейм къикIащ Транссыбыр гъуэгумкIэ. А гъуэгуанэм здытетым абы щIалэ цIыкIу къызэрыхуэхъуа къудейр езыр роман псощ. Зауэр и кIэм нэблэгъауэ ар ди деж къыщыкIуам граф Ладисла дю Люар дэкIуащ. ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм, абы уней фондхэм, псом япэуи американхэм, я мылъкукIэ къызэригъэпэща кърашэкI хирургием цIыху щиплIым нэс хэтт, абыхэм я Iыхьэ плIанэр хирургт. А IуэхущIапIэм зэман кIэщIым фронтхэм я Iэгъуэблагъэм сымаджэ нэхъ хьэлъэхэм еIэзэн щыщIидзащ. Япэ щIыкIэ Тунисым, иужькIэ СЕГ-м и штаб Италием щыIэм щылэжьащ. ИкIэм франджы-герман зауэм щыгъуэ I-нэ Армэм хэтащ. КърашэкI хирургие сымаджэщ №I-м сыт щыгъуи зи къару емыблэж, шынэ жыхуаIэр зымыщIэу хахуэ, зыпэрыт Iуэхум ифI фIэкIа нэгъуэщI зыгуэр щыIэу къэзымылъытэ и унафэщIым иужь иту къикIухьырт. ЩIыхь легионым и командир цIэр зыфIаща графиня дю Люар псоми яфIэтелъыджэ, щапхъэ зытрах цIыху хъуащ».

Зауэ нэужьым графиня дю Люар Iуэху гуэри зэрихьакъым. И хъуэпсапIэр и къуэм щIыгъунырт, ауэ ар лIащ. И къуэр американ офицерт. Тыркум, Сингапурым щылэжьат. Ар Алжирым Iэпхъуэри, псэупIэ зимыIэж цIыхухэм папщIэ Унэ къызэIуихащ. Франджыхэр абы хьэщIэщым ещхьу щыпсэурт, щагъашхэрт. Сымаджэхэр загъэхъужын папщIэ сымаджэщхэм щIагъэгъуалъхьэрт. ЖыпIэнурамэ, мыр унагъуэм нэхъ ещхьт, кIэзонэ псэупIэм нэхърэ.

Куэдщ Елмэсхъан лэжьыгъэу ирихьэкIамрэ дамыгъэ лъапIэу къратамрэ: «Командир в Национальном ордене Легиона Чести», «Старший офицер в Национальном ордене Достоинства», «Крест войны 1939–1945 г.г.», «Три Похвалы в приказе корпуса Армии, «Алая медаль Чести Священной Военной службы», «Золотой крест Польской Армии» «Алая медаль города Парижа», нэгъуэщIхэри. Сыт зауэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэр къыщIратар ди лъахэгъу бгырыс цIыхубзым? ЗауэлI орденыр ар кIэстумыбгъэм халъхьэ дыщэ дамыгъэкъым, уеблэмэ налкъут бгъэхэIукъым. Ар лъыкIэ псыхьа лIыгъэм и нагъыщэщ. Елмэсхъан псэзэпылъхьэпIэу зыхэхуар, абы гуауэрэ гугъуехьу игъэвар цIыхубз минипщIми яхурикъунт.

Елмэсхъан 1985 гъэм дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 87-м иту. Ар щIалъхьащ Франджым и маршалым хуэдэу. Адыгэ цIыхубз Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан и цIэр Франджым и тхыдэм къинащ. Ар иригушхуэрт зэрыадыгэм. «Сэ сышэрджэсщ!» – жиIэ зэпытт.

Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: