Усыгъэ щабэ

ПшыукI Латмир и усыгъэр гукъэкIыж лъахэщ, гухэлъ дунейщ, гупсысэ щIэншэщ. Къытезгъэзэжурэ сызэджэ усэхэм гупсысэ куэдым сыхуашэ. ЦIыхум и гъащIэр иухыху, езым зыкъилъыхъуэжу и хабзэкъэ! Латмири аращ - къелъыхъуэ и унэр, зыкъелъыхъуэж езым:

Ар нобэ сщIыгъукъым, ар жыжьэ щыIэщ,

Си унэр минищэм яхэтщ.

Гъатхэпэ мазэр къыщысхуэщIыIэм

Сыхэт сэ? СщIэркъым. Сыхэт?

Мыбы и IэдакъэщIэкIхэм укъеджа нэужь, жэуап пхуетынущ Латмир: «УусакIуэщ».

ПщыукIыр щыусэкIэ, «и гур телъыджэу ходзэкъыкI», и нэхэм «къащIэукIуриикIыр къурш псынэщ», абы «жэщыр дыджу и Iум йодиихь»...

Латмир и усэм хэт лIыхъужьым щытепсэлъыхькIэ, усэбзэкIэ ищIа сурэтым хыдолъэгъукI ар зыхуэдэр, абы и гум щыщIэр, зыгъэгуфIэр, зыгъэнэщхъейр, имыгъэгъур.

ЛIыхъужьыр мэгуфIэ, икIи нэщхъейщ:

ГуфIэу ныппежьэми -

Си гур иджыри сымаджэщ,

Гъуэгуу къыхихым

И зэхуэдитIыр къуэладжэщ.

Нэ езэшахэм

КъащIэукIуриикIыр къурш псынэщ,

ПщIантIэр спхъэнкIыжми,

Уэс щIыIэ жагъуэр къесынущ.

Си нэбжьыц псыIэхэр

Уэрэд нэщхъейхэм я кхъуакIэщ...

УсакIуэм       жиIэ       псори       нэхъри щыщIигъэбыдэжыр адэкIэщ. Псори гурыIуэгъуэ мэхъуж:

АдкIэ къэхъунури?

АдкIэ къэхъунур къэхъуакIэщ!

ЩIыуэпсыр, зэманыр, дуней   къэхъукъащIэхэр   Латмир   и   усэхэм хэухуэнащ:

Уэнжакъым ищтыхьырти Iугъуэр,

Зэманыр къэувыIэу си гугъэт.

(«Сонет кIасэ»)

Си жэщ жейхуэлIэм и макъыр жыжьэ ноIус,

Си жэщ жейхуэлIэм псынэ жэбзар егъэутхъуэ.

ЩIыр къэушакъым, вагъуэхэр ирекIэзыз,

Пщэдджыжь къэблагъэм трагъэлъалъэу я сытхъур.

(«ЖейхуэлIэ жэщ»)

КъысхуэщIэркъым уи псэм къеузыр,

Жэщыбгым къелъыхъуэ и гъусэр,

Жэщыбгыр - ар бзагуэщ, ар дэгущ.

(«Нэхущым къыщIыхьэ си нэгу»).

ГъащIэм   и плIанэпэ куэдым набдзэгубдзаплъэу зыщызыплъыхьа усакIуэм къигъэщI образхэр щIэщыгъуэщ. Мыбы и «жэщыр жейхуэлIэщ», «бзагуэщ, дэгущ», и «вагъуэхэр мэкIэзыз», «уэнжакъым Iугъуэр йощтыхь». Укъеджэ къудей мыхъуу, псори IупщIу болъагъ, зыхыбощIэ.

Латмир и лъагьуныгьэ макъамэр... Ар сыту жыжьэ къиIукIрэ, сытуи гъунэгъуIуэ къэхъурэ?! Деплъынти, «Узыхуей дыдэм сыхэбжэ» усэм:

Узыхуей дыдэм сыхэбжэ...

Вагъуэ мин бжыгъэр и пэбжщи,

Уафэр мэхущхьэ - мэщатэ.

Сэ сызыщыщыр уэ пщIатэмэ,

Сыкъэплъэгъунтэкъым жагъуэу,

Уафэр еубыдри пшагъуэм,-

Щэху къиутIыпщ тIэкIур мэгъуащэ.

«Узыхуей дыдэм сыхэбжэ» - жи. Сыт укъысхуигугъэнуми, ухуитщ жыхуиIэщ. Ауэ итIани зыгуэрым дригъэхьэхыу зыхуригъэплъэкIыну, гу зылъригъэтэну хэтщ: «Сэ сызыщыщыр уэ пщIатэмэ, сыкъэплъэгъунтэкъым жагъуэу». А псор зраIуэкIым, дауикI, а къепсэлъылIэр «зыщыщыр» къиулъэпхъэщу щIидзэнут... Ауэ... УсакIуэм и щIагьыбзэм ди щхьэр теткъутэнут, абы адэкIэ къыпищэ псалъэхэр мыхъуамэ:

Сэ сызыщыщыр уи гьащIэрщ,

У и псэр къызэрыщ гъуджэрщ!

КъысщыгуфIыкIыурэ IукIыр

Уэрауэ къызумыгъащIэ...

Апхуэдэ гупсысэ къыхощ «Нэхущым къыщIыхьэ си нэгу» усэм:

Уи нитIыр гъуэгуанэм тезашэм -

Нэхущым къыщIыхьи си нэгу -

Абы къыщылъыхъуэ уи жьэгу.

ГъащIэм псори тынш дыдэу къыщохъулIэтэмэ, ар гъащIэ хъужрэт?! ПщыукIым и лIыхъужьым и гурыщIэр, ар зыхуэгъэзам и деж нэсыным сыту зэман куэд ихьрэ. ГъащIэ псо токIуадэ.

ГъащIэр иухыу, щIымахуэ уайер къэсыху,

КъыбгурыIуакъым фIыуэ узэрыслъагъур.

Пэжу, лIыхъужьым гухэлъ зыхуищIам щызэхимыхкIэ, щызэхимыщIэкIэ, ар гугъу йохь:

IэфIу уозэгъэжри, уожей,

Сэ уэздыгъэ нэфыр дызошей...

Латмир и усэхэм укъыщеджэкIэ абыхэм ущопсэу, абы и лIыхъужьхэм я гъащIэм ухэтщ. Зэми укъагъэувыIэри, уэ езым уи гъащIэм урагьэгупсыс. Апхуэдизу IэкIуэлъакIуэу гупсысэхэмрэ псалъэхэмрэ зэхуешэри, пхузэкIэрычыжынукъым – гум йотIысхьэ. Латмир и усыгъэр щабэщ, узырашалIэрэ уагъэудэIуу.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: