Зи IэщIагъэм хуэIэижь

ЦIыхум и лъыр гъэкъэбзэным, узыншагъэр хьиджамэ IэмалымкIэ егъэфIэкIуэным хуэIэижьщ псэлъэгъу тхуэхъуа Бэрэгъун Сэлим. Хьиджамэм и мыхьэнэм, ар медицинэм зэрыхэувэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ абы зыхуэдгъэзащ.

- Сэлим, сыт щIауэ урилажьэрэ мы Iуэхум?

- Илъэс еханэм хыхьащ. IэщIагъэм сыхуеджэным щхьэусыгъуэ хуэхъуари зэгуэр сэ езымхьиджамэр къысхуэщхьэпауэ зэрыщытарщ. И сэбэп къызэкIа нэужь, щIэздзэри, лъыр зэрагъэкъабзэм и щэхухэр, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ иIэ мыхьэнэм зыщызгъэгъуэзащ, сыхуеджащ. ЦIыхухэм я узыншагъэм сэбэп зэрыхуэхъур, куэдым я хущхъуэгъуэ мыбы къызэрыхэкIыр долъагъу, щытхъушхуэ хужаIэ. Тхыдэм дриплъэжу щытмэ, лъэпкъ къэсыху езым и хьиджамэ щIыкIэ иIэжщ. «хьиджамэ» псалъэм «лъы гъэкъэбзэкIэ» къикIыу жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ. Гу зэрылъыттащи, мыр дэ ди бзэм щыщкъым, и къежьапIэр хьэрыпыбзэрщ.

- ДызэрыщыгъуазэмкIэ, Мухьэмэд бегъымбар лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам хьиджамэ иригъэщIу зэрыщытам теухуа хьэдисхэр щыIэщ. Абы ехьэлIауэ щыIэ суннэхэм я гугъу уэдгъэщIынут.

- Суннэу зэрыщытам ехьэлIауэ хьэдис 40-м нэблагъэ ди деж къэсащ. Абыхэм къазэрыщыхэщыжымкIэ, бегъымбар лъапIэм и щхьэр къыщеузым деж хьиджамэ иригъэщIу щытащ. КъищынэмыщIауи, хьэж кIуауи, шым къехуэхауи хьиджамэр иригъэщIауэ Мухьэмэд бегъымбар лъапIэм къыбгъэдэкIа хъыбари щыIэщ. МыдэкIэ, и Iумэтым итхэм щыщ къыбгъэдыхьэрэ я узыншагъэкIэ зыдагъуэм и гугъу къыхуащIамэ, хьиджамэ евгъэщI яжриIэу щытауэ апхуэдэ хъыбархэри ятхыжащ. Нэхъ хьэдисышхуэу, мы Iуэхум ехьэлIауэ пщIэ нэхъ зиIэу щыIэр Мухьэмэд бегъымбар лъапIэр ДжэбрэIил мелыIычым хьэршым щыдрихьеям, уафэ къат къэсыху мелыIычхэм уи Iумэтым итхэм хьиджамэ егъэщI къыщыжраIэу щытауэ ди деж къэсыжахэрщ.

- Иджырей медицинэр хьиджамэм дауэ хущыт?

- Хьиджамэр цIыхубэ медицинэкIэ дызэджэрщ нэхъ зыхиубыдэр. Ауэ, иджырей медицинэм щIэныгъэр и лъабжьэу зэрыщытым хуэдэу, хьиджамэ щIыкIэми щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэн хуейщ. КъызэрыппэщIэхуэм хуэдэу, узыхуейм деж лъы къыщибгъэкI хъунукъым. ЦIыхум и лажьэм, къеузым елъытауэ уздеIусапхъэри пщIэн хуейщ. Хьэрып къэралхэм дин щIэныгъэм мыбы теухуауэ хэтхэр, хьэдису щыIэхэр щызэпалъыт, цIыхухэм еIэзэным ипэкIэ.

- Уэ дэнэ ущыхуеджа мы Iуэхум?

- Абы ухуеджэну ди зэманым нэхъ тынш хъуащ. Хьиджамэ щIыным урилэжьэн папщIэ узэреджам абы узэрыхуэIэзэм щыхьэт техъуэ тхылъхэри къуатыж. Сэ къыщыщIэздзар Ингушырщ - Египетым къикIыжа еджагъэшхуэм и деж зыщызгъэсащ. ИужькIэ Дагъыстэнми си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуэжащ. СыщIохъуэпс хьэрыпыбзэр зэзгъащIэу, хьиджамэ щIыныр къыщежьа Хьэрыпым щыщ шейх цIэрыIуэхэу мыбы щыгъуазэхэм сепсэлъылIэну, щIэныгъэ абыхэми къабгъэдэсхыну.

- Хьиджамэ щIыкIэхэм зэщхьэщыкIыныгъэхэр яIэ?

- Хьиджамэ жыхуэтIэмрэ лъы къигъэкIын жыхуаIэмрэ зыкъомкIэ зэщхьэщыкIыу щытщ. Мыбдежым «лъыр гъэкъэбзэн» жыпIэмэ нэхъ къыщозэгъ. Псалъэм папщIэ, Китайм лъы къигъэкIыным нэхъ зыщиужьащ, ар я лъэпкъ медицинэм къыщагъэсэбэп. Хьиджамэр цIыхум нэхъ щысхьу апхуэдэщ, лъы лей зэрыфIимыгъэкIуэдыным нэхъ трегъащIэ. Китайм банкIхэр куэду трагъэувэ, лъыуэ къыщIашри нэхъыбэщ, ар къыщыхашыну уIэгъэу ящIри куэдщ икIи нэхъ кууи ирабзэ. Бегъымбар лъапIэм и суннэм къызэрыщыкIуэмкIэ, и щхьэр щыузым деж зы банкI, апхуэдэуи и лъакъуэ е ибг щыузым дежи зы банкI тригъэувэрт. Лъы нэхъыбэу щIэкIымэ, банкI нэхъыбэ трагъэувэмэ, нэхъ щIэх хъужыну, сэбэп нэхъ яхуэхъуну къызыщыхъухэри щыIэщ. Ар тэмэмкъым. ДинымкIэ убгъэдыхьэмэ, тебгъэувэбанкIхэри, лъы къигъэкIыпIэхэри нэхъ мащIэу щытын хуейщ.

- Сэри абы гу лъыстащ: уIэгъэу къанэри, лъыуэ къыщIэпшри фIыуэ нэхъ мащIэщ…

- Мы Iэмалым и мыхьэнэр лъы къыщIэпшыныр аракъым. Хьиджамэм щынэхъыщхьэр банкIыр лъым къызэрекъурщ, абы щыгъуэм Iэпкълъэпкъыр зэрыт щытыкIэрщ. Лъы къикIым и куэдагъ-мащIагъым IэзэкIэм и фIагъыр елъытауэ жиIэу зыщIыпIи къыщыкIуэркъым. Хъер зыхэлъыр лъыр къызэрыкI уIэгъапIэрщ жаIэ. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэри щIэныгъэр и лъабжьэу зыпкърыпх мэхъу. УIэгъэр зытебдза щIыпIэм деж щыIэ узыр езы Iэпкълъэпкъым игъэхъужын щIидзэу къыщIэкIащ. Ар и щыхьэтщ лъы къыщIэпшым зыри зэремылъытам.

- Хьиджамэр бзаджэнаджэ зэран зыхуэхъу цIыхухэм я дежкIи щхьэпэр пэж?

- Бзаджэнаджэм иубыда цIыхур къурIэн еджэурэ зыгъэхъужхэм хьиджамэр тIэу-щэ ящIын хуейуэ ягъэувауэ щытщ. Сыту жыпIэмэ, бзаджэнаджэм нэхъыбэм тIысыпIэ хуэхъур лъы фIейр щызэтрихьэ щIыпIэхэрщ. Апхуэдэ щIыпIэхэр бгъэкъэбзэныр бегъымбар лъапIэм и суннэм зэрыщыщым, Алыхьым къабыл ищIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ, бзаджэнаджэм ар фIэфIкъым. Абы теухуауи хьиджамэр хуабжьу сэбэп мэхъу.

- Уи лэжьыгъэм ехьэлIауэ, ди щIэджыкIакIуэхэм сыткIэ захуэбгъэзэнт?

- Хьэрып псалъэжьу щыIэщ «имыщIэм щошынэ» жиIэу. Ар Iуэху мыублэм блэ хэсщ жыхуиIэ адыгэ псалъэжьым хуокIуэ. Абы теухуауэ яжесIэну сыхуейт: лъы Iуэху зэрыхэтым къыхэкIыу цIыхухэр мэшынэ. Апхуэдэхэри къызгуроIуэ, сыту жыпIэмэ, уи Iэпкълъэпкъым ухуэсакъын хуейш. Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм яужь ущихьэм деж зызыхуэбгъэзапхъэр зи лэжьыгъэм куууэ хэзыщIыкI, абы зэрыхуеджам щыхьэт техъуэ тхылъхэр зиIэ, щытхъу зыхужаIэ цIыхущ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ, мыр тынш я гугъэу, тэмэму хэзымыщIыкIхэри ирилэжьэну яужь щихьэ зэрыщыIэр. Ар тэмэмкъым. Интернетым еплъурэ, унэм езыхэм щащIыну хэтхэри мащIэкъым. Абы зэраныгъэ куэд къыхокI. Апхуэдэ гуэрхэм я лъым инфекцэ ягъэкIуарэ, закъыхуемыгъэщIэжу, «дэIэпыкъуэгъу псынщIэр» къыхураджауэ, сэ срихьэлIащ. Ди диным къытхуидэркъым ар. Бегъымбар лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам и хьэдисым щыжеIэ дохутыр Iуэхугъуэм химыщIыкIыу хэт хэIэбэми, абы теухуауэ жэуап ихьыжыну. Аращи, абы теухуауэ фысакъ. Сэ схуэщIынущ жызыIэу, яужь ихьэ дэтхэнэми фи дзыхь евмыгъэз.

- ФIыщIэ пхудощI, Сэлим. Уи IэщIагъэм и хъер плъагъуу, цIыхухэм сэбэп уахуэхъуу, Алыхьым уигъэлажьэ.

Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
Поделиться: