ГъукIэ дадэм и дуней

И IуэхущIафэкIи и дуней тетыкIи жылагъуэм пщIэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм ящыщщ Хьэтуей къуажэм щыщ, илъэс 50-м щIигъукIэ гъукIэу лэжьа Бесчокъуэ Далым.

Далым и адэшхуэри абы и адэжри гъукIэу щытащ, зэрыжаIэу, нэхъыжьхэм я лъагъуэм я щIэблэр ирикIуащ.

- Сэ нэгъуэщI хэкIыпIи сиIэтэкъым, - жеIэ Далым. - Зэманыр хьэлъэти, щIакхъуэ Iыхьэ къызэрыдлэжьыным иужь дитт, къуажэ унафэщIхэми пщэрылъ къыпщащIыр умыгъэзащIэу хъунутэкъым.

Мис апхуэдэу къыщIидзэри, хьэмфIанэ, бел, шэмэдж, пхъэIэщэ, вабдзэ, нал, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр ищIурэ, Бесчокъуэм хуэм-хуэмурэ и Iэзагъэм хигъэхъуащ икIи зыгуэр Iуэхутхьэбзэ хуейуэ кIыщым Iухьамэ, Далым зыхуагъазэмэ нэхъ къащтэрт. ЯщIэрт абы Iуэхур тэмэму и кIэм зэрынигъэсынур. Зи цIэр фIыкIэ Iуа гъукIэм республикэм и мызакъуэу, Осетие Ищхъэрэми къикIыурэ цIыхухэр къыхуэкIуэрт. Пенсэм кIуэхукIэ колхозым хузэфIэкIыр яхуищIэу лэжьащ, иужьым и куэбжэпэм и деж кIыщ къыщызэIуихри, абыи куэдрэ щылъэщащ.

ГъукIэ IэщIагъэр лэжьыгъэ хьэлъэщ, узыншагъэмкIи зэранышхуэ пылъщ. Ар фIы дыдэу къыгурыIуэрт Далым и щхьэгъусэ Лени, къэуат зиIэ, узыншагъэмкIэ сэбэпынагъ зыпылъ шхыныгъуэхэр хуигъэхьэзырырт.

- Дауэ мыхъуми, а IэщIагъэрщ сызыгъэпсэуар, абы къыпэкIуаращ си бынхэр зэрыспIар, зэрезгъэджар, - жеIэ Далым.

Зэщхьэгъусэхэм быних япIати, псоми IэщIагъэ зырыз иратащ (адэм и лъагъуэм ирикIуэжа яхэмытми), дэтхэнэри унагъуэ щхьэхуэщ, я анэр нобэ ящхьэщымытыжми, абы и фэеплъ нэхур яхъумэу, адэр зыгуэркIэ зэрагъэгушхуэным хущIэкъуу мэпсэу.

Дадэ угъурлым и кIыщым дыщыщIишам, и нэхэр зэуэ къэлыдат, гу лъыптэрт и Iэхэм къару къызэрыхыхьэм, и нэгум иплъагъуэрт гукъэкIыжхэр щхьэм зэрыщызеуэр. Далым дэтхэнэ гъукIэ Iэмэпсымэри къызэрагъэсэбэпым гъэщIэгъуэну къытхутепсэлъыхьащ, абы щIэт хьэпшыпхэм я гугъу къытхуищIащ. Иджыпсту Бесчокъуэм дежкIэ и лъэщапIэр блэкIам ухэзхыгъэплъэж, гукъэкIыж зэхуэмыдэхэм я дуней плъыфабэщ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: