ДжэгуакIуэ

«Сэ къэрабгъэр зы псалъэкIэ хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыф, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн; си пащхьэ къиувэфынукъым цIыху бзаджэр; сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ…»

Пасэрей адыгэ джэгуакIуэхэм ящыщ зым къызэринэкIа псалъэщ ар. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ адыгэ джэгуакIуэхэм я псалъэм апхуэдэ къару зэриIам. ДжэгуакIуэм апхуэдиз пщIэ иIэти, абы нэмыс  хуэзымыщ1ыр  ягъэпшынэу щытащ.

Дауи, апхуэдиз пщIэ хуащIын щхьэкIэ, джэгуакIуэм и IэщIагъэм мыхьэнэшхуэ иIэн хуейт. Нэгумэ Шорэ зэритхыжамкIэ, дзэр зауэм щыIухьэм деж джэгуакIуэхэр, шы пщIэгъуалэ шэсырти, дзэм и пащхьэ иувэрт: бийм пэува дзэр пасэрей лIыхъужьхэм я хъыбар щIагъэдэIурт, хэкум и щIыхьымрэ и хуитыныгъэмрэ хъумэным цIыхур къыхураджэрт. Зауэр увыIэху, джэгуакIуэхэр лъагапIэ тест, дзэм кIэлъыплъу: хэт лIыгъэ игъэлъагъуэрэ, хэт къэрабгъагъэ къыкъуэща? А псор джэгуакIуэхэм иужькIэ яус уэрэдым халъхьэрт: лIыгъэ зезыхьар ягъэлъапIэрт, къэрабгъагъэ зыдалъэгъуам и цIэри ябзыщIыртэкъым - абы и цIэри жылэм хэIуэрт. Уэрэдым дэуэгъу иIэтэкъым, абы псалъэ хадзыжынуи джэгуакIуэр хагъэзыхьынуи зыри хуиттэкъым.

ЛIыгъэ зезыхьа, хэкум, лъэпкъым папщIэ зи псэр зэуапIэм щызыта цIыхум, жылэм я унафэкIэ, джэгуакIуэхэм уэрэд хуаусырт. ЛIыхъужьыр щIалъхьа нэужь, абы и Iыхьлыхэм джэгуакIуэ цIэрыIуэхэр кърагъэблагъэрт, дунейм ехыжа лIыхъужьым уэрэд хурагъэусын щхьэкIэ. Уэрэдыр яусыху, джэгуакIуэхэм лъэныкъуэ зрагъэзырт. Уэрэдыр яуса нэужь, жылэм къыдыхьэжырти, цIыхур уэрэдым щIагъэдэIурт. Уэрэдыр цIыхум ягу ирихьамэ, абы дамэ къытекIа пэлъытэти, хэку псор зэлъищIысырт.

Къалэнышхуэ я пщэ дэлъащ адыгэ джэгуакIуэхэм, ахэращ тхыбз зимыIа лъэпкъым и тхыдэр зыхъумар, нарт хъыбархэр, пшыналъэхэр, нэгъуэщI IуэрыIуатэхэр ди деж къэзыхьэсар. ДжэгуакIуэм ищIэн хуейт лъэпкъым и тхыдэмрэ и IуэрыIуатэмрэ. А псор, дауи, зы джэгуакIуэм и гум ириубыдэфынутэкъым: зым нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ ихъумэрт, адрейм пасэрей уэрэдыжьхэр уахътыншэ ищIырт; бжьамийм епщэри, шыкIэпшынэм еуэри щхьэхуэт. ХьэщIэ къахуепсыхами, ар исыху, хьэщIэщым джэгуакIуэхэр кърашэрт, хьэщIэр уэрэдкIэ, къафэкIэ трагъэун, пасэрей хъыбархэм ирагъэдэIуэн щхьэкIэ…

Адыгэ джэгуакIуэхэм лIэщIыгъуэ кIыхьхэм къыпхахащ, гукIэ яхъумащ Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Насрэн ЖьакIэ, Сэтэней Гуащэ сымэ я хъыбархэмрэ я пшыналъэхэмрэ. АфIэкIа фIыщIэ ябгъэдэмылъатэми, адыгэ джэгуакIуэхэм я цIэр уахътыншэ хъунт.

Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться: