Мывэ лъапIэм и хъыбар

 

Зы хьэрычэтыщIэ гуэрым Африкэ Ипщэм налмэс (алмаз) къыщищэхуащ, джэдыкIэ кугъуэ хуэдиз хъууэ. Ар унэм нэсыжу зэпиплъыхьа нэужь, и кур къызэрычам гу лъитэри хуабжьу и жагъуэ хъуащ. ДыщэкIым деж ихьащ мывэм ещIэн хуеймкIэ ечэнджэщыну е хуелэжьыжыну    елъэIуну. IэщIагъэлIыр мывэм еплъри, и щхьэр игъэкIэрэхъуащ:

- Мы мывэр IыхьитIу зэгуэбуду,  налмэс тыкъырыфI къыхэпщIыкI хъунущ, ауэ зэ еIусэгъуэм мывэр игъэщащэу, уасэ зимыIэ Iыхьэ цIыкIу-цIыкIуу зэбгрыщэщынри хэлъщ. Сэ абы сытегушхуэфынукъыми, уи мывэ чар къэщтэжи нэхъыфIщ.

ХьэрычэтыщIэр Iуэху иIэу здэлъатэ къэрал куэдым дыщэкI Iэзэ къыщилъыхъуащ, и налмэс  къэчар налкъутналмэс тыкъыритI иригъэщIыну и мураду.

Зыгуэрым абы къыжриIащ Амстердам дыщэкI лIыжь Iэзэ дыдэ щыпсэууэ.   ХьэрычэтыщIэр Амстердам кIуащ, лIыжьри къигъуэтащ. ДыщэкIыр мывэ лъапIэм еплъын зэрыщIидзэу, къыщыщIынкIэ хъуну адрейхэм къыжраIар къригъэжьащ. ЩIалэм лIыжьым и псалъэхэр зэпиудри, а хъыбарым зэрыщыгъуазэр, куэдым къызэрыжраIар, езым и деж къызэраунэтIар жриIащ.

Абы щыгъуэм лIыжьым лэжьыгъэм техуэну пщIэр къыжриIащ. ЩIалэр арэзы щыхъум, лIыжьыр, аддэ къуэгъэнапIэм къуэс, махуэ зыбжанэ фIэкIа мылэжьа щIалэщIэр къриджэри, мывэр тIууэ зэгуиудыну елъэIуащ. ЩIалэщIэм мывэр и Iэгум ирилъхьэщ, уадэ цIыкIукIэ еуэри тIуууэ зэгуигъэхуащ. ХьэрычэтыщIэм ищIэнури жиIэнури хузэхэмыхыжу здэщытым щIэупщIащ:

- Куэд щIа мыр уи деж зэрыщылажьэрэ?

- Махуищ, - итащ жэуапыр лIыжьым.

- Къэрал куэдым щылажьэ дыщэкIым яхузэфIэмыкIар щIалэщIэм дауэ зэрищIар?

- Абы ищIэртэкъым мы мывэм и лъапIагъри, и Iэр мыкIэзызу еуэри, икъутащ.

 

ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться: