Къэбэрдей-Балъкъэрыр бжьыпэр зыIыгъхэм яхэтщ

ЩIыуэпс хъыбархэр

«Урысейм и псыр» урысейпсо зэпеуэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хэплъэжащ 2021 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм икIи наIуэ къэхъуащ япэ увыпIи 10-м хэхуа щIыналъэхэр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди щIыналъэм иIыгъщ 9-нэ увыпIэр.

БлэкIа илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и псы Iуфэхэр гъэкъэбзэным хэтащ цIыху мин I3-м щIигъу. Абыхэм псы Iуфэ километр 430-рэ ягъэкъэбзащ, зэхуахьэсащ кIэрыхубжьэрыху тонн бжыгъэхэр. Iуэху щхьэпэр къыхэзылъхьари езыгъэкIуэкIари УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэрщ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, мыпхуэдэ лэжьыгъэм цIыхухэр кIэщI-кIэщIурэ къыхэшапхъэщ, щIыуэпсым етх леймрэ ар къызэрыдэфыкIыжымрэ гу лъатэн, дунейр хъумэн зэрыхуейм я бынхэр щIапIыкIын папщIэ.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: